Мылъкур къагъэсэбэпУФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат видеоконференц мардэм тету иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ Урысей Федерацэм и Правительствэм щIыналъэ зыужьыныгъэмкIэ и комиссэм и Президиумым и зэIущIэ. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. ЗэIущIэм вице-премьерыр щытепсэлъыхьащ УФ-м и Правительствэм ухуэныгъэм халъхьэ мылъкум и гъэлэжьэкIэ пIалъэр нэхъ кIэщI зэрищIыну Iэмалхэм зэрегупсысым. Ар яхузэфIэкIмэ, цIыхухэр нэхъ псынщIэу унэхэм щIэтIысхьэжынущ, ухуакIуэхэми лэжьыгъэм трагъэкIуэдэнур нэхъ мащIэщ. Ику иту къапщтэмэ, къэралым иужьрей зэманым унэхэр плIыкIэ нэхъ псынщIэу зэтралъхьэн щыщIадзащ, а Iуэхур адэкIи ирагъэфIэкIуэнущ.
Поделиться:
Читать также:
27.04.2024 - 15:09 →
«Репатриант»-кIэ узэджэ хъунур хэт?
27.04.2024 - 09:58 →
Урысейм и парламентаризмэм и махуэм теухуа КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и хъуэхъу
25.04.2024 - 12:00 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
15.04.2024 - 14:48 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
30.03.2024 - 14:16 →
Къыхэзэгъэну пIэрэ?
|