Дэтхэнэми зыхещIэ Хэкум зэрыщыщыр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Урысей ­Федерацэм и Президент Путин Владимир Псыхуабэ щригъэкIуэкIа Лъэпкъ зэхущытыкIыныгъэхэмкIэ Советым и зэIущIэм икIи абы кърикIуахэм щытепсэлъыхьыжащ ­социальнэ сетхэм щиIэ и официальнэ каналым: 
«Псалъэмакъ щхьэпэ екIуэкIащ, щIэныгъэлIхэм, урысей щIыналъэщIэхэм, дзэ Iуэху хэхам и лIыхъужьхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэм я Iуэху еплъыкIэхэр къыща­Iуатэу.
Владимир Владимирович иубзыхуащ лъэпкъ зэхущы­тыкIыныгъэхэмкIэ япэ игъэщыпхъэхэр. Тепсэ­лъыхьащ къэрал лъэпкъ политикэмкIэ нобрей урысей бгъэдыхьэкIэм и фIыгъэхэм, щIыналъэщIэхэр къэралым и социокультурнэ гъащIэм хэгъэзэгъэным, хамэ къэралхэм къабгъэдэкI ­шынагъуэхэм япкъ иткIэ Къэрал лъэпкъ политикэм и страте­гием зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным.
Къэпсэлъэныгъэ псоми и купщIэ нэхъыщхьэу щытащ тхыдэм зэфIигъэува лъэпкъ куэду зэхэт Урысейм хыхьэ лъэпкъхэр иджыпсту - дзэ Iуэху хэхар щекIуэкI лъэхъэнэмрэ кхъухьэпIэ зэкъуэтыр къыттеуэнымкIэ шынагъуэ къы­щыкIуэкIым - быдэу дызэрыубыдын зэрыхуейр. Лъэпкъ куэду дызэрызэхэтыр - «ар ди къарущ, Урысейм псори зэрыхигъащIэ къарущ». Дзэ зэкъуэшыныгъэр зэхэтщ ди къэралым щыпсэу лъэпкъ куэдым къахэкIахэмкIэ. Дэ псори дрогушхуэ ди лIыхъужьхэм икIи абыхэм защIыдогъакъуэ. ИкIи дэтхэнэми зыхещIэ Хэкум зэрыщыщыр, Урысеймрэ абы и къэкIуэнумкIэ жэуап зэрихьыр.
Урысей Федерацэм и Конституцэм щыщIэгъэбыдащ къэралыр бзэ, этнокультурэ куэду зэрызэхэтыр икIи ди лъапIагъ псоми я лъабжьэщ. Ар ехьэлIащ цIыхухэр зэ­къуэту, зэныбжьэгъуу, зэгурыIуэу, я щэнхабзэр, анэ­дэлъхубзэр, унагъуэ, лъэпкъ хабзэхэр яхъумэу, ди Хэкур зэщIэгъэгъэн, псори зэIузэпэщу, щIэблэ узыншэ яIэным хуэпабгъэу щыпсэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэми». 

Поделиться: