Илъэситху пIалъэр кIыхьлIыхьу къалъытэ

КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий иригъэкIуэкIащ Iуэхугъуэ щхьэхуэхэр къыщаIэта зэIущIэ. 

«Дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэнымрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэр къэгъэсэбэпынымкIэ» республикэм и къэрал программэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъ­хьэным и проектыр игъэхьэзыращ КъБР-м и Правительствэм. КъБР-м щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и минист­рым и къуэдзэ Табыхъу Аслъэнджэрий тепсэлъыхьащ ахэр зы­хуэдэм. 
- ЗэхъуэкIыныгъэхэр тещIыхьащ уэлбанэ кIыхьым и зэранкIэ гъуэгу­хэм къытелъэда ятIэпсыр гъэкъэбзэным. ЯтIэпсыр зэрыж ухуэныгъэ щагъэувынущ Герхожан Су псым и IущIапIэм щегъэжьауэ Бахъсэныпсым нэс. Iуэхур гъэзэщIа хъунущ «Псы хъугъуэфIыгъуэр къэгъэсэбэпын» программэм тету, - жиIащ абы. 
IэмэпсымэщIэхэр къэзыщэху промышленнэ IуэхущIапIэхэм абы трагъэкIуадэ ахъшэм щыщ хуапшыну КъБР-м и республикэ бюджетым къыхэкI субсидиер зэрыратыну щIыкIэр игъэбелджылащ КъБР-м промышленностымкIэ, энергетикэмрэ сатумкIэ и министрым и къуэдзэ КIарэ Елдар. Ар ягъэбелджылащ 2014 гъэ лъандэрэ щыIэ «Промышленностым зегъэужьынымрэ хьэрхуэрэгъухэм ефIэкIыным елэжьынымкIэ» щыIэ программэмрэ «КъБР-м промышленностымрэ сату Iуэхумрэ зыщегъэужьынымкIэ» подпрограммэмрэ тету. 
- IуэхущIапIэхэр зыхэтыну зэпеуэм щытекIуэхэм субсидиер иратынущ япшыныжын хуэмейуэ. Ауэ къащэхуну Iэмэпсымэхэм те­кIуэдэну мылъкум и процент 50 нэхърэ нэхъыбэ ятынукъым, ахъ­шэкIэ къэплъытэми, ар сом мелуан 20-м фIэкIынукъым, - жиIащ къэпсэлъам. 
КIарэ Елдар къытеувыIащ унагъуэхэм къыщIах кIэрыхубжьэ­рыхум иращIэнумкIэ щыIэ «Урысей экологие оператор» IуэхущIапIэм, Ставрополь крайм и Правительствэм, КъБР-м и Прави­тельст­вэм Ставрополь крайм экопромышленнэ паркым зыщегъэужьыным и лъэныкъуэкIэ я зэгурыIуэныгъэм. 
«Къат куэду зэтет унэхэм щыпсэухэм зэдай мылъкур зехьэным теухуауэ» КъБР-м и законым зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным и проектыр игъэбелджылащ КъБР-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-ком­муналь­нэ хозяйствэмкIэ и министр Бэрбэч Алим. 
Программэм хеубыдэ республикэм щыIэ къат куэду зэтет унэ псори. Абыхэм щыпсэухэм ар зехьэным папщIэ ят ахъшэр ­халъхьэ программэр ягъэбелджыла нэужь илъэситхум къриубыдэу. 2020 гъэм республикэм и программэм хабжащ къат куэду зэтет уни 171-рэ. Ар метр зэбгъузэнатIэ мин 428,8-рэ мэхъу. ­Къапщтэмэ, унэхэр зехьэным текIуэдэнущ сом меларди 2,9-рэ. Уасэхэр къабжащ 2023 гъэм къекIуэкIым тещIыхьауэ. Унэхэр зехьэным хухах ахъшэр зэрат илъэситху пIалъэр кIыхьлIыхьу къалъытэ. Ар ягъэмэщIэну я мурадщ мази 8-м нэсыху. 
Сабий садхэмрэ егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэмрэ щIэныгъэ зэ­рыщрагъэгъуэтым, абыхэм я лэжьакIуэхэм улахуэ зэрырат щIыкIэм теухуауэ 2023 гъэмрэ къыкIэлъыкIуэ 2024, 2025 илъэс­хэмрэ тещIыхьауэ къалэхэмрэ къуажэхэмрэ хухах бюджетым халъхьэну мылъкум и IуэхукIэ къэпсэлъащ КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Мокаев Ачемиз.  Ар къытеувыIащ сабий зеиншэхэмрэ адэ-анэ зыщ­хьэ­щы­мы­тыжхэмрэ папщIэ щыIэ IуэхущIапIэхэр 2024 гъэм фIэ­мы­кIыу  мардэ щхьэхуэм тегъэувэнымкIэ Правительствэм и проектым. Школ-интернат фIэщыгъэр зэхъуэкIын хуейуэ къалъытэ «Са­бий зеиншэхэмрэ адэ-анэ зыщхьэщымытыжхэмрэ гъащIэм хэзыгъэ­гъуазэ центр» жиIэу. Центрым щыIэнущ сабий зеиншэ къалъ­хуа­гъащIэхэм щегъэжьауэ илъэс 23 ныбжьым нэс. 
КъБР-м лэжьыгъэмрэ цIыхухэм псэуныгъэм теухуауэ къащхьэщыжынымкIэ и министр Асанов Алим тепсэлъыхьащ республикэм и унагъуэ хуэмыщIахэм, гугъуехь пэщIэхуахэм зэра­дэIэпыкъуну щIыкIэр зыгъэбелджылы Iуэхугъуищым. 

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: