Псы къыщIэшыпIэ нэхъыщхьэр къагъэкъэбзэж

Дызэрыщыгъуазэщи, мэкъуауэгъуэм и 6 - 7-хэм щыIа уалбанэшхуэхэм я зэранкIэ Налшык, ПсыкIэху псыхэм зыкъаIэтауэ щытащ. Мы зэманым ахэр етIысэхыжащ икIи ухуакIуэхэм ­Iэмал ягъуэтащ республикэм и къалащхьэм и псы къыщIэшыпIэ нэхъыщхьэу псы къиуам ­зэхикъутауэ щытар зэрагъэпэщыжыну. 

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек щыIащ уэлбанэм Iисраф зэтрищIа щIыпIэхэм икIи, илъэгъуа псори и лъабжьэу, унафэ ищIащ псымрэ уэшхым­-рэ зэран зыхуэхъуа IэнатIэ псори зэман кIэщIым къриубыдэу зэгъэпэщыжын хуейуэ. Апхуэдэ щIы­пIэхэм ящыщт налшыкдэсхэр псыкIэ къызэзыгъэпэщ къигъэхъуапIэ нэхъыщхьэр. 
Зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэм мы махуэхэм жыджэру хэтщ цIыху 25-рэ. Iуэхум елэжьхэм тех­никэу къагъэсэбэпыр 10 хъурти, мэрем пщэдджыжьым абыхэм иджыри къахэ­хъуащ апхуэдиз дыдэ. Лэжьыгъэхэр къызы­хуэ­тыншэу икIи яубзыхуа зэманым къриубыдэу зэфIагъэкIынущ.

Поделиться: