Агъышэ и щыгум

(повестым щыщ пычыгъуэ)

Пщы Маршэни БэтIалбей и жьакIэ гъуэплъым къыхэш нэкIу хъурейри, и Iупэпщ плъыжьхэри, бзум ещхьрэ, щыхуей дакъикъэм щIиукъуанцIэ и нэ хъуреитIри зэпымыууэ гуфIэрт. ГуфIэу къыпщыхъурт дыжьынкIэ гъэщIэрэщIа адыгэ фащэ морафэм хуэфIыпсу игъэтIысхьа и Iэпкълъэпкъ пIащэм IэпапIэу хэлъыр. Дыжьын къамэ Iэпщэр, бгъэгущталъэм къиплъ шэпхъхэр,  штабс-капитаным и дамэтелъ мащIэу екIуэтэкIауэ тегъэубыдахэр - псори дыгъэм пэлыдырт. Зэрыгузавэм гу лъозыгъатэр Iэлъын дэгъуэхэр къызыIэрыщ и Iэпэ кIэщIхэрт. Бжэндэхъу зызыгъэубэлэцам ещхьу, тэрмэш Даут-ду БэтIалбей иужьым итт, кIэлъеIэ пэтми, лъэщIэмыхьэу.
- Пщыр щIоупщIэ, щхьэ апхуэдэу фымащIэ? Фи нэхъыжьыр Сыхъум хуэмеймэ, Марамбе къыщынэ хъунущ. Жызум, пэжу, щыIэкъым, ауэ щынэ щыкуэдщ, шагъырыр тафэмкIэ къыхурашынщ.
Серебряковыр мащIэу пыгуфIыкIри, бгы лъагъуэ Iузэм зэкIэлъхьэужьу щиувыкIа и гъусэхэм яхуеплъэкIащ… Чыжаушрэ Агъышэрэ я уэс щыгу дыкъуакъуэхэр нэхъри нэхъ дахэжу къытещырт, нэр щызысыкI уэгу щхъуантIэм, тIэкIу уекIуэтэхмэ, къурш жьанэхэр нуру щызэпэлыд мэз щхъуэшым хуэкIуэжу.
… - Пщым еупщIыт, пащтыхь Хужьым узэрыхуэпэжыр къызэрыбгъэлъэгъуэнур Цебельдэ хуэкIуэ гъуэгур дэркIэ шынагъуэншэу щытыныр армырауэ пIэрэ? Ар абы и IущагъкIэ къилэжьа щIыпIэщ…
Уэ-э-ху! - и гур къызэрыгъуэтыжу, хуиту бэуэжа БэтIалбей и къарум къызэрихькIэ цей къуащIэр ирихулэкIащ, жьыр щIэхурзыкIыу. Лъахъстэн лъейр хуэфIу зэшэкIа и лъакъуитIри темыпыIэжу щIэджэгукIырт.
- Ар зи лажьэр пащтыхь Хужьым хуэпэж мы ди пщыр аракъым, - и щхьэр ибгъукIэ щыфIигъэхури, псынщIэрыпсалъэу кърипхъащ тэрмэшым, - а псор зи лажьэр абрэджу ежьэжа мыбы и къуэш ныкъуэделэрщ…
- Абы жиIэращ, и къуэшищ яукIам я лъыр сэри урысхэми ттелъу. Нэхъыжьым ещIэ, пащтыхь Хужьым сызэрыхуэпэжыр сэ нэгъуэщIу я фIэщ схуэщIынутэкъым! И къуэшищ къыстрилъхьэри пцIыщ, тIущ сэ сукIар, ари силъ сщIэжу, ещанэр - Хьэмел-бей- урысхэм Сыхъум щаукIащ!..
- Сыт хужыпIэн, цIыху нэсщ, - жиIащ шы сабыр хэщIыхьам тес Рябовым. Топографхэм я корпусым и капитан щIалэ нащхъуэ пэтIинэм и нэгу дыгъэрыжьэм пIейтеиныгъэ жыхуаIэр къищыртэкъым икIи гурыIуэгъуэтэкъым ар зытрижыIыхьар БэтIал-бейрэ зилъ зыщIэжыну хуей къуэш абрэджырарэ. Капитаным зыкIи къыфIэIуэхуу фэ теттэкъым, пщыхэм яку къыдэхъуа хьэргъэшыргъэри зэрыукIри.
Бгы инженерхэм я корпусым и поручик Абрюцкэм нэхъ лIыфэ зытригъэуэн щхьэкIэ (илъэс 24-рэт зэрыхъур) игъэкIа пащIэ-жьакIэм телъэщIыхьырт, Серебряковым и адъютант Стеценкэ тутыныр Iурылъу ихъуреягъыр къызэхиплъыхьырт, абдеж щекIуэкI псом нэхърэ Кавказ къуршхэм зыщиплъыхьыным и нэ нэхъ къызэрыхуикIыр плъагъуу.
Полковник Карлгоф гупым тIэкIу къакIэрыхуауэ, къэзакъхэм ябгъурыту кIуэрт, и натIэм къекIуэ пщIэнтIэпсыр бэлътокушхуэкIэ ирикъуэкIыурэ. Серебряковым къыIущIахэм фIыщIэ яхуищIри, и шы къуэлэн лъахъшэм кIэщIэрыIэжащ. А шыбгым ису Кавказым и хы Iуфэхэм гъуэгуанэ мащIи щызэпичатэкъым абы.
Къэзакъхэм уэрэдыжьыр къыхадзауэ кIуэрт. Серебряковыр егупсысащ гупым и зэхуэдитIым яригъэгъэзэжын хуей зэрыхъунум: зи фIалъэ лъакъуэхэм фIэкIа нал зыщIэмылъ къэзакъышхэр бгы задэхэм пэлъэщынутэкъым, уеблэмэ псоми яригъэгъэзэжынри хэлът. 
- Псхыу хъупIэхэм фыщысакъ, - IузыгъэзыкIыжа пщыр урысхэм къакIэлъыджэри Iэ къахуищIащ, игъуэтыжа гупсэхугъуэм къыхихами къащыдыхьэшхми гурыIуэгъуейуэ.
 Лъагъуэр щыхупIэ задэм кIэрыт щхьэкIэ, жыг лъабжьэшхуэ зэхэлъэрыхъыхьахэм дэкIуеипIэм хуэдэу удэбэкъуейрт. Уеплъыхмэ, кIуэ пэтми япэIэщIэ хъурт, къитхъурымбыкIрэ, мывэжьхэм жьэхэуэу ежэх Кодор. Узыхуэплъэ жыг щхьэкIэхэм къакъуэщ къурш щыгухэр уафэ лъащIэм хащIыхьам хуэдэт. Чэщей гуэрэнхэм я жьауэ кIыфIыр къызэранэкIащ. Псом нэхърэ нэхъ шынагъуэр жыг дэжейм къыхэщIыкIа лъэмыж кIэрыщIа зэщIэсысэм ущызэпхыплъырт; къикъуэлъыкIыу ех псым нэр зэрытеплъызэу, лъэмыжым щIыгъуу уздрихьэхырт.
- Еплъыт, Рябов, мы щIы хъурейм и климат зэхуэмыдэхэм я къэкIыгъэхэр мы зы щIыпIэ закъуэм деж щызэхуэхьэсауэ къыщокI. Ар телъыджэщ. Плъэт, Кодор аузым и адрыщI лъэныкъуэм зэбгъурыту итщ инжыр жыгыр, дэшхуейр, жызумейр… Пихтэхэм яхэтщ зи къудамэхэр баринэшхуэ шэжыпсыфэхэр. Ахэр щиух мывалъэ щыхупIэ дыгъэпсым, пхъафэу Iув я тхьэмпэ бгъуфIэхэр ирагъэури щызэхэтщ рододендронхэр…
 Плъэмэ, абдежым пэгъунэгъуу ныджэм ухуэныгъэ ныкъуэкъутэ итщ, жыглыц хужьым зэщIищтэжарэ, и лъабжьэр зэрызэтралъхьауэ щыта мывэхэр ерагъыу къыхэщыж къудейуэ.
Хьисэ бегъымбарыр къалъхун ипэ III лIэщIыгъуэщ, - къэуIэбжьауэ абы еплъащ археологием фIыуэ хэзыщIыкI щхьэц фIыцIэ нэ пIащэ Йохель,- алыдж тхьэлъэIупIэу щытащ, зи щIыхьыр ин. Плъагъурэ, мазэ ныкъуэу къекIуэкIыу мывэхэр зэрызэтелъхьар?.. Дауэ къыпщыхъурэ, мыр зи лъагагъым къыдэкIа алыдж гъэпщылIакIуэхэр…
Серебряковым зэригугъа дыдэм хуэдэу къэзакъхэм яригъэгъэзэжащ. Адрей къэнахэм ныджэм нэху къыщекIыну траухуащ. Палаткэхэр зыIыгъыну пхъэхэр хаукIэу здэщытым, бгыхэм я джэрпэджэжым нэхъри зригъэIэту, зэкIэлъыпIащIэу къэIуащ фоч уэ макъ зыбжанэ - къэзакъхэм япIэкIэ экспедицэм хэт гупым къыщIагъуа щIыналъэ милицэрт. ТэмакъыщIэм куууэ къиIукI я бзэмкIэ ахэр зэпэджэжа нэужь, гъунэгъу дыдэу зы фоч уэ макъ закъуэ къэIужащ.
- Зи щIыхьыр ин, Лазар Маркович! - къэIуащ лейтенант Стеценкэ и макъыр. Серебряковыр хьэзыр хъуа и палаткэм къыщIэувыкIащ.
Пщэдджыжь дыгъэпсым къыхэщ ныджэм плъыфэу зэхуихьэсар сурэту ящIам хуэдэт. Абы ищхьэжкIэ щыпсэухэми ямылъэгъуа бгылъэ хъупIэу щIыпIэм зиукъуэдийрт. Нэхъ лъагэжу удэплъеиху, хъуаскIэ шакъафэхэр къызыпих къурш щыгур, нэр темыпыIэу, зэщIэпщIыпщIэрт.
Дунейр якъутэу ныджэм къизэрыхьащ абхъаз фочауэхэр, я пащIэ-жьакIэр гъэкIарэ, бащлъыкъхэмкIэ я щхьэхэр щIэуфауэ. Абыхэм къаувыхьауэ утыкум итт шы пцIагъуэ Iэпсыгъуэ-лъэпсыгъуэ натIэху дахащэ. Серебряковым зэуэ гу лъитакъым, Iэ пыту умыщIэу, аркъэнкIэ зэпхауэ шыбгым зыгуэр зэрисым. Палаткэ бжэIупэм къыщрагъэукIуриехащ гъэрыр. Ар щIалэ цIыкIут, уеблэмэ сабийт. Зи пащIэ-жьакIэр зэщIэкIэну хунэмыса нэгу фагъуэ зэпылъэщIыхьамрэ и напIэ зэтелъымрэ IупщIу къытещырт и нэбжьыц кIыхьхэр. 
- И Iэр фтIатэ, - захуигъэзащ милицэхэм. Зэплъыжа мыхъумэ, модрейхэм загъэхъеякъым. Серебряковым и етIуанэжыIэм игъэшынэжахэ, лъащхьэм щехуэха аркъэным щIалэ цIыкIур къибэкъукIри, Серебряковым къеплъурэ, и Iэ ижьыр и бгъэгум, и Iупэм, и натIэм хуихьащ. Гъэрым лIыгъэ хэлъу зиIыгът, шынэ жыхуаIэ и нэгум имыту.
- Хэт мыр? - еупщIащ къыбгъэдэлъэда тэрмэшым.
 Зэхэтхэм зэуэ я нэм къыщIиха губжьыр жэуап пэлъытэт. Абдеж зым и къамэр кърипхъуэтри, шым и куэ лыпцIэр ирибзащ. Шы гужьеяр хэпырхъыкIри, илъащ, и фIалъэ лъакъуитIыр Iэтауэ. 
- Арслъани мыр! - игъэщIэгъуарэ, и Iэ-и лъэр зэтригъауэу къэуващ Давид-ду.
- Мыр, зи щIыхьыр ин, урысхэм Сыхъум щаукIа Маршани Хьэмил-бей пщым и къуэщ. Мыбы и адэ къуэш БэтIал-бей имыщIэн щыIэкъым, мыр и IэмыщIэм ихуэн щхьэкIэ. Мы щытхэм зэрыжаIэмкIэ, зи щIыхьыр ин, Тхьэм и фIыщIэкIэ, щхьэщэхужыпщIэ хъарзынэ къыпэкIуэнущ. Абы хэту щIалэ цIыкIум а щытхэм зыгуэр яжриIащ, губжьауэ и макъым зригъэIэту. 
- Зыгуэр къыдищIэну арат?
- Хьэуэ, зи щIыхьыр ин, и шым емыуэну йолъэIу. ЦIыхум я нэхъыкIэрщ зи бзэр мыпсалъэ псэущхьэм ар езыщIэфынур,- аращ жиIэр.
- Мыбдежым щхьэ къыщыхутэн хуей хъуа?
ЗэрыжиIэмкIэ, и адэ къуэш пщы Маршани Ещтэу - абрэджу ежьэжам- къигъэкIуащ, цIыху пэжу зи хъыбар ягъэIу унафэщIым бгым къыщилъыхъуэнкIэ хъунур къищIэну хуейуэ.
- Дэ езыхэм ди щхьэр иритхъумэну, къалъыхъуэм хуэдэщ а жыхуэпIэр, - къызыпхыжиIыкIащ Серебряковым и щIыбагъым къыдэт полковник Карлгофи, - апхуэдэ гъэрыр тщIыгъуу дэнэкIи дыпхыкIыфынущ. Ди Iуэхур зэрызэфIэкIыу, БэтIал-бей зыщымыгугъа тыгъэ хуэтщIыжынщ!
- Iэщэ иIыгъа мыбы? - щIэупщIащ Серебряковыр.
Зи жьакIэ гъуэплъым фIыуэ тхъугъэ хидза, уIэгъэжь кIыжам и пIэри зи нэкIубгъум къытещ зы лIы хэщIыхьа гупым къахэкIуэтри, вице-адмиралым и пащхьэм ирилъхьащ дыжьын зытегъэжыхьа сэшхуэмрэ къамэмрэ.
- Зейм ефтыж псори…
- Зи щIыхьыр ин, апхуэдэу умыщIэ, - къыдэIущэщыкIащ аргуэру и щIыбагъым къыдэт, штабым и унафэщIыр.

 

ЗэзыдзэкIар ЛЪОСТЭН Музэщ.
Поделиться: