ЕгъэджакIуэ унагъуэ

Урысей Федерацэм ЕгъэджакIуэмрэ унэтIакIуэмрэ я илъэсу игъэнэхуа 2023 гъэм я цIэр къипIуэну, я пщIэр пIэтыну яхуэфащэщ ТыIэщхэ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы я унагъуэм щIэс псори егъэджакIуэщ, гъэсакIуэщ, унэтIакIуэщ. Езыхэр апхуэдизкIэ насыпыфIэу, зэгурыIуэрэ-зэдэIуэжу, зым Iэпыхур адрейм къищтэжу зэдопсэу, зэдолажьэри, дуней псом щапхъэу щыбгъэлъагъуэ хъунущ.

Хьэсэн илъэситIкIэ Къулъкъужын Ипщэ щылажьэри, езыр къыщалъхуа къуажэм къигъэзэжащ, 1975 гъэм школым и унафэщIым и къуэдзэу ягъэуващ. 1976 гъэм щегъэжьауэ 1987 гъэ пщIондэ Лашынкъей курыт еджапIэм и унафэщIу лэжьащ щIалэр. ИужькIэ районым ягъакIуэри, Шэджэм щIыналъэ администрацэм ЦIыхубэ егъэджэныгъэмкIэ и къудамэм и Iэтащхьэу щытащ. А илъэсхэм къриубыдэу ТыIэщым и жэрдэмкIэ, сабий 540-рэ зыщIэхуэ курыт школ Лашынкъей щащIащ икIи 1995 гъэм фокIадэм и 1-м къызэIуахащ.

Зыпэрыта Iуэхум хуищIа хэлъхьэныгъэр гулъытэншэу къэнакъым ТыIэщ Хьэсэн. 1984 гъэм абы къыхуагъэфэщащ «РСФСР-м цIыхубэ егъэджэныгъэмкIэ и отличник» дамыгъэ лъапIэр, 2002 гъэм «КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэр къыфIащащ.

Илъэс куэдкIэ псэ хьэлэлкIэ зэрылэжьам, къыдэкIуэтей щIэблэр егъэджэным, гъэсэным гуащIэ ин зэрыхилъхьам папщIэ зэрагъэлъэпIа щIыхь тхылъхэмрэ дамыгъэ лъапIэхэмрэ куэд мэхъу. Лэжьыгъэм и ветеран, Лашынкъей къуажэм щIыхь зиIэ и цIыху, Шэджэм щIыналъэм и Жылагъуэ советым хэт ТыIэщ Хьэсэн и зыгъэпсэхугъуэ пIалъэр къэсу тIысыжами, и Iэр зэтедзауэ щыскъым, жылагъуэ Iуэхухэм жыджэру хэтщ, чэнджэщрэ дэIэпыкъуныгъэрэ хуэныкъуэу къыбгъэдыхьэхэр зэи игъэщIэхъуркъым, и унагъуэ дахэр игъэбжьыфIэу я жьантIэм дэсщ.

И щIалэгъуэ лъандэрэ щхьэгъусэ гумащIэу, лэжьэгъу гумызагъэу, бзылъхугъэ щыпкъэу къыдекIуэкI ФатIими и цIэр куэдрэ фIыкIэ къраIуэу пэрытщ и лэжьыгъэм. Ар иджыри библиотекэм и унафэщIу щолажьэ Лашынкъей дэт, Хьэгъэжей Джонсон и цIэр зезыхьэ 2-нэ курыт еджапIэм. Курыт школыр «5» защIэкIэ, ЕгъэджакIуэхэр щагъэхьэзыру Налшык дэта педучилищэр диплом плъыжькIэ къэзыуха бзылъхугъэр сыт хуэдэ Iуэху пэрыхьэми, фIы дыдэу игъэзащIэущ къызэрекIуэкIыр. И щхьэгъусэм зы мэскъалкIи зыкъыкIэримыгъэхуу, унагъуэри зэрихьэу, сабийхэр зыхуей хуигъазэу 1977 гъэ лъандэрэ и IэщIагъэм пэрытщ.

Абы щегъэжьауэ ФатIимэ щIэныгъэ-егъэджэныгъэ Iуэхум зэи хуэщхьэхакъым, 1995 гъэ хъуху программэм и лей егъэджэныгъэм пэрыту 1-нэ курыт школым щылэжьащ. Къыхэпха IэнатIэм жэуаплыныгъэ пхэлъу упэрытын, цIыхур къызэрыпщыгугъыр зэфIэбгъэкIын зэрыхуейр псом япэ иригъэщ зэпытщ.

«Ди дежкIэ нэхъыщхьэр ебгъэджар балигъ хъуауэ, цIыху зэпIэзэрыту, гъащIэм лъэ быдэкIэ хэувауэ плъагъунырщ, ар къыббгъэдыхьэрэ гуапэу сэлам къуихмэ, абы нэхърэ нэхъ фIыгъуэрэ хъеррэ егъэджакIуэри гъэсакIуэри хуейкъым, - жеIэ ФатIимэ. - Абы къегъэлъагъуэ унэтIакIуэм игъащIэ лъандэрэ зыпэрыт IэнатIэм гуащIэу, зэману, къарууэ хилъхьар псыхэкIуадэ зэрымыхъуар. ЦIыхум уазэрыхуэупсэфым, уазэрыдэгуэшэфым, уазэрыдэIэпыкъуфым хуэдиз пщIэи щыбогъуэтыж ди IэщIагъэм. Псом япэу ар, зэрыжысIащи, уи еджакIуэхэм я ехъулIэныгъэмрэ къыпхуащI гулъытэмрэщ. ЕтIуанэрауэ, уи лэжьыгъэм къыпэкIуэ фIыщIэрщ. Ди курыт школым и унафэщI КIэбышэ Заремэ зэи зыри гулъытэншэ ищIынукъым, ди Iуэхухэр зэрыкIуэтэным иужь иту, гупыр зэгурыIуэрэ-зэдэIуэжу игъэлажьэу, сыт хуэдэ Iуэху къетхьэжьэми, и нэIэ къыттригъэту апхуэдэщ.

2023 гъэр ЕгъэджакIуэмрэ унэтIакIуэмрэ я илъэсу зэрагъэувар а IэнатIэм пэрыт дэтхэнэ зым дежкIи лъапIэщ. Ди къуажэми дахэу къыщызэIутхащ а илъэсыр, пшыхь екIуи къызэрагъэпэщащ Лашынкъей къуажэ администрацэмрэ Бзылъхугъэхэм я зэгухьэныгъэмрэ».

ФатIимэ жыджэру и IэнатIэм зэрыпэрытым, республикэм и егъэджэныгъэ Iуэхум хэлъхьэныгъэ ин зэрыхуищIым папщIэ ди лъахэми, Шэджэм щIыналъэми, Лашынкъей къуажэми я унафэщIхэм къабгъэдэкI щIыхь, щытхъу тхылъ куэд къыхуагъэфэщащ. Абыхэм ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу Дунейпсо Артийскэ комитетым игъэхьэзыра медалри нэгъабэ къызэрыратар. «Урысейм и гугъапIэ» урысейпсо бзылъхугъэ зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм къыбгъэдэкIыу иджыблагъэ ЩIыхь тхылъкIэ ягъэлъэпIащ.

ФатIимэ и лэжьыгъэ нэхъыщхьэм къыдэкIуэу, Лашынкъей къуажэм дэс ЦIыхубзхэм я зэгухьэныгъэми хэтщ, хузэфIэкI къимыгъанэу и гуащIэ, акъыл, къару хелъхьэ жылагъуэ лэжьыгъэм. Абы и унафэщI, КъБР-м и цIыхубэ егъэджакIуэ ДыщэкI Марие и жьауэм щIэту лажьэ бзылъхугъэхэм гу зылъамытэу зы Iуэхугъуи благъэкIыркъым. Къуажэм къыщыхъу-къыщыщIэхэр зэи лъэныкъуэкIэ къагъанэркъым, закъыхуэзыгъазэхэми я лъэIур хуащIэ.

ТыIэщхэ я щIалэ нэхъыжь ФуIэд курыт школыр дыщэ медалкIэ, КъБКъУ-м ИнформатикэмкIэ и факультетыр ехъулIэныгъэкIэ къиухащ. Абы лъандэрэ зы махуи хущIемыгъуэжауэ и IэщIагъэм пэрытщ. Жэуаплыныгъэ ин хэлъу, и адэм и пщIэр иIыгъыу къыщIидзэри, IэщIагъэм и щэху псори зригъэщIащ. ЩIалэ дыдэу и цIэр фIыкIэ Iуащ ФуIэд, компьютерхэр къуажэ школхэм къыщагъэсэбэпын щыщIадзам, зэрыригъаджэм хуэдэурэ, егъэджакIуэхэри а Iуэхум хуигъэсащ. Илъэс 18-кIэ Лашынкъей 2-нэ школым щригъэджащ, иджы Налшык къалэ дэт школ №7-м щолажьэ, унафэщIым и къуэдзэщ.

ФуIэди и IэщIагъэм фIыуэ зэрыхищIыкIым папщIэ «УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и отличник» цIэ лъапIэр къыхуагъэфэщащ.

ЩIалэ нэхъыщIэ Адмири егъэджакIуэщ, КъБКъУ-р къызэриухрэ я къуажэ курыт школым ОБЖ-мрэ физкультурэмкIэ егъэджакIуэу щолажьэ. Игъасэ цIыкIухэр район, республикэ зэпеуэхэм хэту, пашэныгъэхэр къыщахьу апхуэдэщ. ЕгъэджакIуэ нэсым къыхуащI пщIэр, игъасэ сабийхэм къыхуаIэ фIэлIыкIыр гъунэншэщ.

Адэ-анэ гумызагъэм ягъэса бын щыпкъэщ ФуIэдрэ Адмиррэ. ЩIалитIми я щхьэгъусэхэми хуэфэщэну ирахьэкI я лэжьыгъэри, унагъуэ къалэнхэри. ФуIэд и щхьэгъусэ Зуридэ курыт школым епхауэ лажьэ «Нур» сабий гъэсапIэм и унафэщIщ. Адмир и щхьэгъусэ Лариси гъэсакIуэу а сабий садым щолажьэ. НысащIэхэм я IэщIагъэм фIыуэ хащIыкIыу, щIэщыгъуэ гуэр зэрыхалъхьэным иужь иту, район, республикэ зэпеуэхэм хэту, сыт щыгъуи я цIэр фIыкIэ къраIуэу апхуэдэщ.

Хъусенрэ ФатIимэрэ я лъэр щIэзыгъэкIыр я къуэрылъхухэрщ, нэхъыжьым - къуищ иIэщ, абыхэм ящыщу зыр студентщ - Урысейм и МЧС-м Граждан зыхъумэжынымкIэ и академием щоджэ, адрейхэр школакIуэщ. Адмир хъыджэбзитIрэ зы щIалэрэ иIэщи, школакIуэхэщ, щIэныгъэм я гур хузэIухауэ апхуэдэщ къуэрылъхухэр.

Унагъуэ насыпым и щэхур зыгъэунэхуа ФатIимэ, ар зыхэлъымкIэ дыщеупщIым къыджиIащ: «Унагъуэм ис цIыхухъум пщIэ хуэщIын хуейщ, абы жиIэм уедэIуэныр псом ящхьэщ. Насыпым лъабжьэ хуэхъур зэгурыIуэныгъэрауэ къызолъытэ сэ. Дуней фIыгъуэр уиIэми, узэгурымыIуэмэ, зыри и мыхьэнэкъым». Лэжьыгъэм зэрыпэрыувэрэ зэдэлэжьащ зэщхьэгъусэхэр. Нэхъыщхьэращи, унагъуэри, лэжьыгъэри зэхуэдэу зыхуей хуагъэзащ. А тIум япэ ирагъэщыр дэтхэнэрами ущеупщIкIэ, къыбжаIэфынукъым ТыIэщ зэщхьэгъусэхэм, апхуэдизкIэ я IэнатIэм хуэпэжщи, унагъуэр я псэм хэлъщи.

2023 гъэм Шэджэм район администрацэм къыбгъэдэкIыу ТыIэщхэ я унагъуэм дамыгъэ лъапIэ къыхуагъэфэщащ зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу илъэс куэд щIауэ зэрызэдэпсэум папщIэ. Унагъуэ лъапIэныгъэхэр яхъумэу, къыхаха IэщIагъэм хуэпэжу, щIэблэ узыншэ къащIэхъуэу, ахэр нэхъыжьхэм яхуэфащэу гъащIэм хагъэувэу иджыри куэдрэ щыIэн Тхьэм ищI ТыIэщхэ Хьэсэнрэ ФатIимэрэ я унагъуэ дахэр.

НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.
Поделиться: