ЕгъэджакIуэ IэщIагъэм хуэпэжу

Дзэлыкъуэ куейм хыхьэ Малкэ къуажэм дэса Щхьэныкъуэхэ Хьисэрэ Баблинэрэ зэдагъуэтат, зэдапIат щIалищрэ хъыджэбзиплIрэ. Адэ-анэм яхузэфIэкIащ абыхэм зэрыпсэун IэщIагъэ ирагъэгъуэтыну, гъащIэм гъуэгу захуэ щытрагъэувэну. Зэрыбыниблым ящыщу зэкъуэшищым: Нухьмэн, Музэрэч, Мусэбий сымэ егъэджакIуэ IэщIагъэр къыхахащ икIи сыт хуэдэ зэмани абы хуэпэжу я гъащIэр яухуащ. ЕгъэджакIуэмрэ унэтIакIуэмрэ я илъэсым дигу къыдогъэкIыж егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа а хэкупсэхэр.

Быным я нэхъыжь дыдэ Нухьмэн граждан зауэм и гуащIэгъуэ дыдэм - 1919 гъэм къалъхуати, сабиигъуэ тынш иIакъым. Лъэхъэнэр сыт хуэдэу бзаджэу щытми, я IэфIрэ дахагъэрэ быныр зэрыхуамыгъэныкъуэным хущIэкъуащ адэ-анэр. Нухьмэн щIапIыкIат адыгэ хабзэм, лIыхъужьыгъэкIэ гъэнщIа уэрэдыжьхэм. Лэжьыгъэмрэ захуагъэмри хуагъэсат.

 И къуэш-шыпхъу нэхъыщIэхэр пIынымкIэ адэ-анэм ядэIэпыкъуу еса щIалэм сабийхэр фIыуэ илъагъуу, абыхэм елIэлIэныр фIэфIу къэхъуащ. Къуажэ школыр къиуха нэужьи, егъэджакIуэ IэщIагъэм фIэкIа нэгъуэщI къыхихынуи игу къэкIагъэххэкъым. Налшык дэт педучилищэм фIыуэ илъагъу IэщIагъэм щыхуеджэри, Нухьмэн Малкэ курыт еджапIэ №2-м егъэджакIуэу игъэзэжащ. ЩIалэщIэм сабийхэр хуигъасэрт я бзэр, я хабзэр фIыуэ ялъагъуным, я Хэкур ягъэпэжыным. «Гурэ гурэ зэрощIэ», - жыхуаIэм хуэдэу, езы сабийхэми фIыуэ ялъагъурт я егъэджакIуэр, пщIэшхуэ хуащIу.

1940 гъэм и бжьыхьэм Нухьмэн дзэм ираджащ, къулыкъу ищIэну. Сержантхэр щагъэхьэзыр школыр, иужькIэ офицер нэхъыщIэхэр щагъэхьэзыр курсхэри къиухри, ар фочауэ гупым я унафэщI ящIащ. Илъэс иримыкъущ мамыру Нухьмэн къулыкъу зэрищIар. Хэку зауэшхуэр къэхъейри, абы и япэ махуэ дыдэм Щхьэныкъуэр зауэм Iухьащ. Зэкъым, тIэукъым Нухьмэнрэ ар зи пашэ гупымрэ псэзэпылъхьэпIэ зэрихуар, ауэ текIуэныгъэкIэ къыхэкIырт. Абыхэм ятеухуа хъыбархэр итт щIалэм и адэ-анэм къахуитхым. Апхуэдэу иужьрейуэ къитха письмом итт ар Курск и деж щекIуэкI зауэ гуащIэхэм зэрыхэтыр. «Сэ сыт щыгъуи си фIэщ мэхъу: дэ дытекIуэнущ. СыхэкIуэдэн хуейуэ иухамэ, си гъащIэр ди цIыхухэм, къэралым мамырыгъэрэ насыпрэ щыIэн папщIэ зэрыстыр зэвгъащIэ... Фэри си еджакIуэхэми сызыщывмыгъэгъупщэ…» - апхуэдэ псалъэхэр итт Нухьмэн иужь дыдэу 1942 гъэм и гъатхэм къитха письмом.

«ЕгъэджакIуэр фронтым здыIутми окопэхэм щисми, и IэщIагъэм хуэпэжу къэнэжырт - зэрызэуэн хуейр езым и щапхъэкIэ яригъэлъагъурт», - жиIэгъащ СССР-м и Маршал Василевский Александр. А псалъэхэр Щхьэныкъуэ Нухьмэн хужаIами ярейт, апхуэдизу ар щхьэмыгъазэу, адрейхэри псэемыблэжу бийм пэщIэтыным къыхуриджэу зауэрти. 1942 гъэм накъыгъэм и 25-м Курск и Iэшэлъашэм щыхэкIуэдащ зауэлI хахуэр. Абы щыгъуэ Нухьмэн и ныбжьыр илъэс 23-м иту арат. ЛIыгъэу зэрихьахэм папщIэ Щхьэныкъуэм къратыну къагъэлъэгъуауэ щытащ Вагъуэ Плъыжь орденыр. Нухьмэн и цIэр ящыгъупщакъым Малкэ курыт еджапIэ №2-м: абы и сабий зэгухьэныгъэм Нухьмэн и цIэр зэрехьэ. И шынэхъыщIэ Музэрэч къызэригъэпэщу Мусэбий иригъэфIэкIуа школ музейм лIыхъужьым теухуа дэфтэрхэр щIэлъщ. Малкэ къуажэм и уэрамхэм ящыщ зым Щхьэныкъуэ Нухьмэн и цIэр фIащащ.

Нухьмэн Хэку зауэшхуэм хэкIуэда нэужь, и къуэшым и Iуэхум пищэныр, абы и лэжьыгъэр адэкIи игъэкIуэтэныр и гъащIэм щынэхъыщхьэ къалэнхэм ящыщу игъэуващ зэшхэм я курыт Музэрэч. ШколакIуэ ныбжьым иджыри нэмыса щIыкIэу, Музэрэч егъэджакIуэ IэщIагъэр зищIысым щыгъуазэ хъуат. Абы махуэ къэс илъагъурт Нухьмэн унэм къихь тетрадхэр, ар абыхэм зэрелэжьыр, дерсхэм я планхэр зэрызэхигъэувэр, тхылъым пщIэуэ хуищIыр. Музэрэч а псоми хуабжьу дихьэхырт икIи мурад ищIат ин хъумэ, езыри егъэджакIуэу лэжьэну.

Хэку зауэшхуэм пIалъэкIэ къызэпиудами, Музэрэч и гуращэр зыIэригъэхьащ. Илъэсибл школ нэужьым щIалэр щIэтIысхьащ Налшык дэт педучилищэм икIи ехъулIэныгъэ иIэу ар къиухащ. Музэрэч занщIэу егъэджакIуэ IэнатIэм пэрыувэфакъым. Зауэ нэужь лъэхъэнэти, цIыхубэ хозяйствэр IэщIагъэлI куэдым хуэныкъуэт. Ар Iуащхьэмахуэ куейм и комсомол зэгухьэныгъэм и 2-нэ секретару ягъэкIуащ. Абдежми IэщIагъэлI жыджэру зыкъигъэлъэгъуащ Музэрэч. Абы жэрдэмыщIэхэр къыхилъхьэрт, ахэр гъэзэщIэным куей щIалэгъуалэр хузэщIигъэуIуэрт.

1951 гъэм и гъатхэпэм Музэрэч Малкэ къигъэзэжащ икIи фIыуэ илъагъу и IэнатIэм пэрыувэжащ. Зэрылажьэм хуэдэурэ, КъБКъУ-м и тхыдэ къудамэм щIэтIысхьащ ар. Ар къиуха нэужь, Музэрэч класс нэхъыжьхэм щIэсхэм тхыдэр илъэс куэдкIэ яригъэджащ, школым и унафэщIым гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и къуэдзэу лэжьащ. Зи IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIыкI егъэджакIуэм мыхьэнэшхуэ зритыр щIэблэм щIэныгъэ куу яIэным и закъуэтэкъым, атIэ хэкупсэ гъэсэныгъэми гулъытэшхуэ хуищIырт. Музэрэч школым къыщызэригъэпэщауэ щытащ тхыдэ музей хьэлэмэт.

ЕгъэджакIуэ гумызагъэм и лэжьыгъэм пщIэ игъуэтащ. Абы къыхуагъэфэщауэ щытащ УФ-м, КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ я министерствэхэм, Дзэлыкъуэ куейм и администрацэм, егъэджэныгъэмкIэ и IэнатIэм, ДОСААФ зэгухьэныгъэм къабгъэдэкI щытхъу, фIыщIэ тхылъхэр, Лениным и цIэр зезыхьэ медалыр, «Лэжьыгъэм и ветеран» дамыгъэр, нэгъуэщIхэри. Апхуэдиз жылагъуэ гулъытэм абы яхиIэтыкIырт и гъэсэнхэм къыхуаIэ лъагъуныгъэ къабзэр, пщIэр, нэмысыр.

Илъэс 62-рэ къудейщ зэрыпсэуар Щхьэныкъуэ Музэрэч. Абы щыщу илъэс 41-рэ сабийхэр егъэджэным иритащ абы.

ТАМБИЙ Линэ.
Поделиться: