Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ФIэкIыпIэ зимыIэ медицинэ страхованэмкIэ и щIыналъэ фондым и бюджетыр 2022 гъэм гъэзэщIа зэрыхъуам и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым теухуауэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:
1. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ФIэкIыпIэ зимыIэ медицинэ страхованэмкIэ и щIыналъэ фондым и бюджетыр 2022 гъэм гъэзэщIа зэрыхъуам и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законыр къэщтэн.
2. Мы Законыр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм хуегъэхьын Iэ щIидзын икIи хэIущIыIу ищIын папщIэ.
3. Мы Унафэм къару егъуэт къыщащта махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ.
Налшык къалэ
2023 гъэм накъыгъэм и 25-м
№712-П-П

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ФIэкIыпIэ зимыIэ медицинэ страхованэмкIэ и щIыналъэ и бюджетыр 2022 гъэм гъэзэщIа зэрыхъуам и IуэхукIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым къищтащ
2023 гъэм накъыгъэм и 25-м 

1-нэ статья
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ФIэкIыпIэ зимыIэ медицинэ страхованэмкIэ и щIыналъэ фондым (адэкIэ къызэрыкIуэнур Фондущ) и бюджетыр 2022 гъэм гъэзэщIа зэрыхъуар мыпхуэдэ бжыгъэ нэхъыщхьэхэмкIэ къэщтэн:
1) Фондым и бюджетым и хэхъуэхэр псори зэхэту сом мин 11723041,8-рэ хъууэ;
2) Фондым и бюджетым и хэщIхэр псори зэхэту сом мин 11642243,1-рэ хъууэ;
3) Фондым и бюджетым и профицитыр сом мин 80798,7-рэ хъууэ.
2-нэ статья
Фондым и бюджетыр 2022 гъэм гъэзэщIа зэрыхъуар мыпхуэдэ лъэныкъуэхэмкIэ къэщтэн:
1) Фондым и бюджетым и хэхъуэхэр 2022 гъэм зэрызэхэлъ щIыкIэхэр Законым щIыгъу гуэдзэн №1-м ятещIыхьауэ;
2) Iыхьэхэм, Iыхьэ зэхуэдитIхэм, мурад щхьэхуэхэм хухаха Iуэхухэм, нэгъуэщI зытрагъэкIуадэ лIэужьыгъуэхэм я           тещIыхьауэ Фондым и бюджетым 2022 гъэм и хэщIхэм я зэхэгъэщхьэхукIыкIэр Законым и гуэдзэн №2-м тещIыхьауэ.
3) 2022 гъэм Фондым и бюджетыр зыхущыщIэхэр езым къыбгъэдэкIыу зэрыригъэкъуа хэкIыпIэхэр Законым и гуэдзэн №3-м тещIыхьауэ;
4) 2022 гъэм Урысей Федерацэм и бюджет ухуэкIэм и адрей бюджетхэм къахэкIыу къыIэрыхьа бюджет зэхуаку трансфертхэр зэрытрагуэша щIыкIэр Законым и гуэдзэн №4-м тещIыхьауэ.
3-нэ статья
Мы Законым къару егъуэт ар официальнэу къыщытрадза махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек
Налшык къалэ
2023 гъэм мэкъуауэгъуэм и 9-м
№26-РЗ

Поделиться: