Я лъэпкъ хабзэм пщIэ хуэщIыным къыхураджэ

Абхъазым зыгъэпсэхуакIуэ кIуэхэм ящыщу лъэпкъ хабзэхэр къизымыдзэхэм ткIийуэ щабгъэдыхьэнущ мы гъэм шыщхьэуIум и 1-м къыщыщIэдзауэ  икIи абыхэм етхьэкъунущ сом мини 6-кIэ. А лъэпкъым и хабзэухуэхэм къызэралъытамкIэ, апхуэдэ унафэр хуэунэтIащ щIэблэр щапхъэ мыхъумыщIэхэм щыхъумэнымрэ  игъащIэ лъандэрэ къадекIуэкI  хабзэхэм (апсуарэхэм) щIэпIыкIынымрэ.

Иужьрей зэманым туристхэм ящыщ куэдым хабзэу къаублауэ, хы Iуфэм зэрыIус, зэрызагъэпскI щыгъынхэм фIэкIа якIэрымылъу уэрамхэм къыдохьэ, шхапIэхэм, сату щIапIэхэм щIохьэ, апхуэдэу щытын хуейуэ фIэкIа къащымыхъуххэу. Ар зигу иримыхьыр Абхъазым и нэхъыжьхэм я закъуэкъым.

Къапщтэмэ, а щIыналъэм и зыужьыныгъэр нэхъыбэу зэлъытар туризмэрщ, аращ щIыналъэ бюджетым хэлъхьэныгъэ нэхъыбэ дыдэ хуэзыщIри, ар езыхэми фIыуэ къагуроIуэ. Апхуэдэу щытми, щэным теухуауэ къыхалъхьа пэхуэщIэм пэджэж хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм хэIущIыIу зэращIымкIэ, езыхэм я цIыхухэр апхуэдэу уэрамым щыдэмыткIэ, ар я лъэпкъ хабзэхэм къыщемызэгъкIэ, мыдрейхэми шыIэныгъэ яхэлъыпхъэщ, икIэм-икIэжым, зым  къыдекIуэкI щэнхабзэм адрейм пщIэ хуищIу нэхъапэм къыщызэдэгъуэгурыкIуакIэ. Аращ абыхэм етхьэкъун хуейуэ къыщIыхалъхьар.

Унафэм къару щигъуэтыну махуэм нэсыху  Абхъазым и къалэхэмрэ щIыналъэхэмрэ хъыбарегъащIэ пхъэбгъухэр (стендхэр, щитхэр) щагъэувынущ, къызыхураджэр наIуэу тетхауэ. Щэныншэу, щыгъыныншэу цIыхум яхыхьэныр, ар зыгъэпскIыпIэу е цIыху кIуапIэу щрет, Урысейм щызекIуэ Административнэ хабзэмкIэ еIуящIагъэу къалъытэ икIи  АК-м и 20.1-нэ статьям ипкъ иту йотхьэкъу сом 500-м къыщыщIэдзауэ сом миным нэскIэ, е махуэ 15-кIэ щхьэхуимыту яIыгъщ. Дуней псом нэхъ щыцIэрыIуэ зыгъэпсэхупIэ щIыпIэхэр къэтщтэнщи, цIыхур щэныншагъэм къыщыхураджэ куэд яхэткъым, ирехъу ар Африкэ, КъухьэпIэ Жыжьэ е Ищхъэрэ лъэныкъуэ.

Урысейм къыщыдэкI газетхэм я напэкIуэцIхэми къыщаIэта а Iуэхум куэд пэджэжащ, лъэпкъ хабзэхэр къэлъытэн зэрыхуейр дэнэ къэна, зыгъэпсэхуакIуэ кIуэ дэтхэнэми щэн яхэлъын, къемызэгъ ялэжьын зэрыхуэмейм и телъхьэхэу. Дауэ мыхъуми, цIыхум я зэхэщIыкIым увыпIэ лъагэ игъуэту, ди лъэпкъэгъу абхъазхэр ахъшэкIэ тхьэкъуэным   намыгъэсыным дыщыгугъынщ.

Шэрэдж Дисэ.

Поделиться: