Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къызэрымыкIуэ щытыкIэхэр къыщымыгъэхъунымкIэ икIи абыхэм кърикIуахэр щыгъэкIуэдыжынымкIэ, мафIэс шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщынымкIэ и Комиссэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2022 гъэм дыгъэгъазэм и 29-м къыдигъэкIа Указ №147-УГ-мкIэ щIэгъэбыдам хэтхэм зэхъуэкIыныгъэхэр яхэлъхьэным и IуэхукIэ
 

1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къызэрымыкIуэ щытыкIэхэр къыщымыгъэхъунымкIэ икIи абыхэм кърик1уахэр щыгъэкIуэдыжынымкIэ, мафIэс шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщынымкIэ и Комиссэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къызэрымыкIуэ щытыкIэхэр къыщымыгъэхъунымкIэ икIи абыхэм кърикIуахэр щыгъэкIуэдыжынымкIэ, мафIэс шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщынымкIэ Комиссэм хэтхэр къэщтэным и IуэхукIэ» 2022 гъэм дыгъэгъазэм и 29-м къыдигъэкIа Указ №147-УГ-мкIэ щIэгъэбыдам хэтхэм мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр яхэлъхьэн:
а) Комиссэм мы къэкIуэнухэр хэгъэхьэн:
Кравцев М. В. - къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и къуэдзэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэр (зэрызэгурыIуам тету)
Хаджиевэ Ф. Д. - щIыуэпсыр къэгъэсэбэпыным и IэнатIэм кIэлъыплъынымкIэ федеральнэ къулыкъум и Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэ зэхуаку къудамэм и унафэщIым и къуэдзэр (зэрызэгурыIуам тету)
Хьэмдэхъу З. М. - Езым фIэфIу зэгухьа урысейпсо мафIэсгъэункIыфI обществэм и Совет Нэхъыщхьэм и унафэщIым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ округым щыIэр (зэрызэгурыIуам тету);
б) Комиссэм и секретарым и къалэнхэр Къармокъуэ З. Хь., Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министерствэм граждан зыхъумэжыныгъэм и IуэхухэмкIэ, къызэрымыкIуэ щытыкIэхэр къэмыгъэхъунымкIэ икIи абыхэм кърикIуахэр гъэкIуэдыжынымкIэ и департаментым и унафэщIым, и пщэ дэлъхьэн;
в) Комиссэм хэтхэм яхэгъэкIын Дневалов М. М., Семёнов Б. С., Шевченкэ Т. И.
2. Мы Указым къару егъуэт Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIУЭКIУЭ Казбек
Налшык къалэ
2023 гъэм мэкъуауэгъуэм и 26-м
№63-УГ

Поделиться: