ТIабэ и алмэстыр

Зы гъэ гуэрым си къуэш ТIабэрэ сэрэ мэл дгъэхъуу Шэрджэсыкъуащхьэ дытест.

Зызэблахъуу къакIуэурэ урыс цIыхубзитI пщэфIэн-сытхэмкIэ къыддэIэпыкъурт. БзылъхугъитIым язи темысу къыщытхуихуэкIэ, урыс къутырым я хадэ щIапIэр здэщыIэм дежэхырти, хадэхэкI гуэрхэр къэтхьырт. Езыхэр щыIэуи-щымыIэуи ар тщIэрт, абы щхьэкIи уэим ящIыщэртэкъым, дэри едгъэлейтэкъыми.

А лъэхъэнэми адыгэхэм хадэхэкIхэр куэду ящIэу щытыгъакъым, псом хуэмыдэу дэшхын хъухэр. Ди лъэпкъым нэхъыбэу ищIэу щытар ерыскъыр зэрагъэIэфIрэ зэрагъэдахэрэт. Абы къыхэкIыу, урысхэр зэлIалIэ хадэхэкI зэмылIэужьыгъуэхэр дэркIэ щIэщыгъуэпст...

Махуэ гуэрым ди пщафIэхэри Iуэху яIэу дыутIыпщауэ, сэ лэгъупIэмпIэм иужь сыщихьэм, ТIабэ хадэм ежэхат, тетшхыхьыжын гуэр къихьыну. «Нэсауэ, иджы къыщIичу къыщIэкIынщ!» сегупсыса къудейуэ:

- Уэ хьэ-хьэй, Мысхьуд, алмэстым сехь!» - жиIэу ТIабэм и гужьеигъуэ макъыр зэхызох. СщIэри си нэхэм ямылъагъужу, си къамэр къиспхъуэтри, мафIэ къызыщIэнам хуэдэу джабэ задэм сежэхат. Сыкъыздэсам сыплъэмэ, ТIабэ хъужыр сурэтыджитIым (наджэIуджитIым) яIыгъщ япхын мурад яIэу, ауэ къуэшыр езыр, Iэчлъэчышхуэу щымытми, шынэпами, лIы и цIэти, зиIуантIэмэ Iэуэлъауэурэ, мо тIум заригъапхэртэкъым.

Ар зыIыгъитIыр, зэгуэрым ушынэну уигу къихьамэ, уагъэщтэну сурэтыджэт: я щхьэхэр мыжьауэ бэлацэт, я нэкIухэр ятIэ гъуэжьрэ фIыцIэрэкIэ зэхэцIэлат, щыгъынрэ мыщыгъынрэ зэхыумыщIыкIыщэу ябгхэм зыгуэр фIэлът, нэгъуэщ1 зыри ящыгътэкъым. Сэ абыхэм сазэрыIуплъэу зэуэ чэнджэщ къызохь (согупсыс): «… ЗэрагъэхъыбарымкIэ, алмэстыхэм я быдзхэр я щIыбымкIэ еупцIэкIауэ, я Iэбжьанэ-лъэбжьанэхэр кIыхьу, я щIыфэр зэфэзэщущ зэрытщIэр, ауэ мыбыхэм ар якIэрыслъагъуэкъыми!». УафэхъуэпскIым хуэдэу си щхьэм ирижа а гупсысэм нэхъри сытригъэгушхуэри, ТIабэр яутIыпщыжын зи мыгугъэ, сэ иджыри гу къыслъызымыта шынагъуитIым:

- ФыалмэстынкIи фыемынэнкIи фыхуитщ, си къуэшыр фыутIыпщ, армыхъуамэ сынывоуэ!» - жысIэу сатогуауэ, си къамэр Iэдакъэсэу субыдарэ затесшащIэу. Дыгъэм пэлыду ятесшэщIа мо къамэр зэралъагъуу:

- Маржэ хъун, дыцIыхущ, укъыдэмыуэ! – урысыбзэкIэ жаIэу йотIысэххэ, кIийуэ.

- АтIэ фыцIыхумэ, лажьэм фригъэза мыпхуэдэу сурэтыджэ зыфщIыну? – сатогуауэ аргуэру.

- Фэра мыгъуэщ дезыгъэзар, фэ! Ди хадэм и хъер дывгъэлъагъужтэкъыми, фыдгъэщтэн ди гугъэу мыпхуэдэу зытщIат! НэгъуэщIу сытыр ди Iэмалт. ИкIи уэр мыхъуамэ, мы щIалэр игъащIэ псокIэ хадэ хэмыхьэж тщIынут! – жеIэ зым, иджыри зи фэр къыпымыхьэжыпа ТIабэ дежкIэ зигъэзауэ. Модрей тхьэмыщкIэр зыубыдахэр бзылъхугъэу икIи ныкъуэпцIанэу къыщищIэм, укIытауэ щыст, я лъэныкъуэмкIэ плъэну къримыгъэкIуу.

- АтIэ хадэм дыхэвмыгъэхьэну фыхуеямэ, дэ фытшхынут цIыху зэрихабзэу къыджефIамэ? Армыхъуамэ, а фэ фщIар цIыху ищIэрэ? Зы напIэ дэхьеигъуэкIэ фыкъэмыпсэлъамэ, си къамэм ажалыр къывидзырти, итIанэ зэхэгъэкIыжи щыс фыалмэстырэ фыцIыхурэ! Иджы нэужь апхуэдэ делагъэ фымыщIэж! ХадэхэкIыу фхэдгъэщIам и уасэу, бжьыхьэм мэл зырыз фыдотыж! Иджыпсту фыкIуэжи, цIыху сурэтым фиувэж! – яжызоIэри, бзылъхугъэхэр кIуэжыну соутIыпщыж, сэри ТIабэр къызошэжьэж…

Абы иужькIэ дэнэ дежми алмэстым и гугъу зэращIу, ТIабэ тхьэмыщкIэр сигу къэкIыжырт. Алмэстыти, жынти, шейтIанти жыхуаIэхэр ауи си фIэщ хъужакъым, абы нэрыгъыу тепсэлъыхьхэм сигу ящIэгъурт нэхъ. Сэ армырами гужьеигъуафIэу сыщыттэкъыми, апхуэдэ шыпсэхэм си гум шынэ ауи къыщагъэхъеижакъым. Пэжыр жаIащ дяпэ итахэм: «Ушынэмэ, къэрэкъурэри шу зэтесу уолъагъу», - жаIэу.

Мы зи гугъу сщIам иужькIэ, «уи уз – си уз!», ТIабэ тхьэмыщкIэр а хадэм зэрыпхуэкIуэжынт! Згъэунэхуну зэзэмызэ жесIэми, ди хъупIэ гъунэм схуикIыжакъым зы махуи.

Мис апхуэдэу, зы мыхьэнэншэ щхьэкIэ цIыху сукIыным иIэжар мащIэ дыдэщ. ЦIыхум, гъащIэм сыт хуэдэ теплъэ щыхуэзами, шынагъуэшхуэ щрихьэлIами, шыIэныгъэ бгъэдэлъмэ, акъыл къэплъам зримыгъэубыду хэкIыпIэфIи къигъуэтынущ, ажалым и Iэбжьанэхэм уамыубыдагъэххэмэ. Акъылыр Iэм ипэ сыт щыгъуи итыпхъэщ!..

ШЭРДЖЭС Алий.
Поделиться:

Читать также: