НэхъыфIхэр ягъэпажэ

Урысей Федерацэм мы  гъэм етхуанэу   щокIуэкI егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм щызыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэ лъагэхэм папщIэ  IэщIагъэлIхэр гъэпэжэным, саугъэт щхьэхуэхэр етыным теухуа еплъыныгъэ-зэпеуэхэр. УФ-м и Президент Путин Владимир егъэджакIуэ нэхъыфIхэм я зэпеуэр къэралым хыхыэ щIыналъэ псоми зэрыщегъэкIуэкIын хуейм  тещIыхьа унафэ 2018 гъэм къыдигъэкIауэ щытащ. 

Къэбэрдей-Балъкъэрми илъэс зыбжанэ хъуауэ къыщызэрагъэпэщ апхуэдэ Iуэхугъуэхэр, «ЕгъэджакIуэ нэхъыфIхэм педагогикэм щызыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэхэм папщIэ саугъэтхэр етыным теухуауэ» зи фIэщыгъэ а дэфтэрым  ипкъ иткIэ. Абы хэтыну хуитыныгъэ яIэщ илъэси 3 нэхърэ мынэхъ мащIэкIэ  IэнатIэм пэрыт,  курыт школыр я лэжьапIэ нэхъыщхьэу щыт, абы  ехъулIэныгъэ лъагэхэр щызыIэрызыгъэхьа IэщIагъэлIхэр. Къыхэдгъэщынщи, мы гъэм екIуэкIа апхуэдэ Iуэхугъуэм хэтащ ди щIыналъэм щыщ егъэджакIуэ пщIы бжыгъэхэр. Iуэхум къыхузэрагъэпэща комиссэ щхьэхуэр набдзэгубдзаплъэу хэплъащ  егъэджакIуэ пашэхэм я дэфтэрхэм, щыгъуазэ зыхуащIащ абыхэм я Iуэху зехьэкIэхэмрэ  я лэжьыгъэм лъабжьэ хуащI методикэ пэрытхэмрэ. А псори я тегъэщIапIэу,  къэпщытакIуэхэр  иджыблагъэ   хэплъэжащ   еплъыныгъэ-зэпеуэм кърикIуахэм икIи ягъэбелджылащ зэхьэзэхуэм щытекIуахэм  я цIэ-унэцIэхэр.

Зэпеуэм щытекIуа егъэджакIуэ Iэзэхэм халъытащ  Ислъэмей къуажэм дэт курыт школ №3-м инджылызыбзэр щезыгъэдж Урыс Каринэ.  КъБКъУ-м хамэ къэралыбзэхэмкIэ и къудамэр ехъулIэныгъэкIэ къиухри, Каринэ лэжьэн щIидзащ фIыуэ илъэгъуа IэщIагъэмкIэ. Абы лъандэрэ зэман куэд дэмыкIами, Урысым зыкъигъэлъэгъуащ зи лэжьыгъэм хуэIэижь, абы методикэ пэрытхэр къыщызыгъэсэбэп, абыкIи еджакIуэхэм иригъэдж предметыр фIыуэ езыгъэлъагъуф егъэджакIуэ IэкIуэлъакIуэу. Каринэ хэтащ «Егъэджэныгъэм щыпэрытхэр. Школхэр» зэпеуэм икIи текIуэныгъэ къыщихьащ. Ар хъуащ «Илъэсым и егъэджакIуэ нэхъыфI - 2023» зэпеуэм и лауреат. Апхуэдэу пашэ щыхъуащ  «Сабиигъуэр зыунэтIхэр» урысейпсо зэпеуэм. «Большая перемена» урысейпсо зэхьэзэхуэм и кIэух ныкъуэ зэпеуэм хэта еджакIуэр зыгъэхьэзырауэ щытари Урыс Каринэщ. ЕгъэджакIуэ Iэзэм и гъэсэнхэр сыт щыгъуи щыпэрытщ ШколакIуэхэм я урысей олимпиадэм, ахэр жыджэру хэтщ ныбжьыщIэ акъылыфIэхэм я щIыналъэпсо зэхьээзэхуэхэм.

Урыс Каринэ, егъэджакIуэ IэкIуэлъакIуэм, щIэблэм я унэтIакIуэ Iэзэм, зыIэригъэхьа  апхуэдэ ехъулIэныгъэ лъагэхэм къыпэкIуащ  гулъытэ лъаги. Абы къратащ КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм къыбгъэдэкI ЩIыхь тхылъыр. Иджырей гулъытэри абыхэм ящыщщ.

Налшык дэт курыт школ №5-м ОБЖ-р щезыгъэдж ХьэцIыкIу Абубэчыри яхэхуащ  щIыналъэм и егъэджэныгъэ IэнатIэм ехъулIэныгъэфIхэр  щызыIэрызыгъэхьэу лажьэхэм. ХьэцIыкIум и еджакIуэхэр мызэ-мытIэу жыджэру хэтащ иригъэдж предметымкIэ екIуэкI урысейпсо олимпиадэхэм икIи, ди гуапэ зэрыхъущи, ехъулIэныгъэф1хэр зыIэрагъэхьащ.  Къапщтэмэ, нэгъабэрей гъэ еджэгъуэ блэкIам къриубыдэу щыIа зэпеуэм абы и гъэсэн Къарэ Ислъам ШколакIуэхэм я урысейпсо олимпиадэм ОБЖ-мкIэ екIуэкIа зэпеуэм и кIэух  Iыхьэм нэсащ икIи призёр хъуащ.  ЕгъэджакIуэ IэкIуэлъакIуэм и мурадщ и лэжьыгъэм  методикэщIэхэр къыщигъэсэбэпу, дяпэкIи хьэлэлу щIэблэм ядэлэжьэну. Бгъэдэлъ зэфIэкI лъагэхэм папщIэ ХьэцIыкIум мызэ-мытIэу къыхуагъэфэщащ    КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ министерствэм, нэгъуэщI  къэрал IэнатIэхэми къабгъэдэкI щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр.

Урыс Каринэрэ ХьэцIыкIу Абубэчыррэ хуэдэу, зи цIэ фIыкIэ къраIуа ди егъэджакIуэхэр  псори зэхэту цIыхуи 10 мэхъу. Апхуэдэхэщ тхыдэмрэ обществознаниемрэ езыгъэдж Лукьяевэ Жаннетэ (Налшык дэт курыт школ №6),    математикэмкIэ егъэджакIуэ  Айшаев Кязим («ДыгъафIэ къалэм» и лицей), ОБЖ-мкIэ егъэджакIуэ ХьэцIыкIу Абубэчыр (Налшык дэт курыт школ №5), тхыдэмрэ обществознаниемрэ езыгъэдж ЗэкIурей   Маринэ  (Налшык дэт курыт школ №27), инджылызыбзэр езыгъэдж Урыс Каринэ (Бахъсэн районым  хыхьэ Ислъэмей къуажэм дэт курыт школ №3), физикэмрэ астрономиемкIэ егъэджакIуэ Къэшэж Аслъэн (Налшык дэт лицей №2), математикэмрэ информатикэмкIэ егъэджакIуэ Жанкъулей Заретэ (Тэрч къалэм дэт курыт школ №2), пэщIэдзэ классхэр езыгъаджэ Дутчинэ Наталье (Май къалэм дэт курыт школ №5), пэщIэдзэ классхэр езыгъаджэ Мэрзей  Наталье (Тырныауз къалэм дэт лицей №1), химиемкIэ егъэджакIуэ Рашидовэ Рае (Налшык дэт гимназие №29).

Егъэджэныгъэ IэнатIэм апхуэдэ ехъулIэныгъэ лъагэхэр     щызыIэрызыгъэхьа IэщIагъэлI пашэхэм иратынущ сом мин 200 хъу ахъшэ саугъэтхэр, щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр.  

КЪАРДЭН Маритэ.

  
 
 

     

Поделиться:

Читать также: