Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ

        Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж зауэ  Iуэху хэхам хэтхэмрэ нэгъуэщI цIыхухэмрэ, абыхэм я унагъуэм щыщхэм  псэуныгъэкIэ зыхуеинухэмкIэ зыщIагъэкъуэныр икIи ядэIэпыкъуныр зэщIагъэуIуэным хуэгъэзауэ щыIэ Комиссэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2023 гъэм мэлыжьыхьым и 5-м къыдигъэкIа унафэ №79-РГ-мкIэ  къащтам мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:

а) Комиссэм мы къэкIуэнухэр хэгъэхьэн:

Дадэ М. А. -  Дзэ  Iуэху хэхам хэтхэр дэIыгъыным хуэгъэпса, «Хэкум и хъумакIуэхэр» Къэрал фондым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм  щиIэ кудамэм и унафэщIыр (зэрызэгурыIуам тету)

Кужонов Ж. А- Урысей Федерацэм  ЮстицэмкIэ и министерствэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиIэ управленэм и унафэщIыр (зэрызэгурыIуам тету)

 Текуевэ Е. Х. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Лэжьыгъэмрэ  цIыхухэм социальнэу къащхьэщыжынымкIэ и министерствэм ветеранхэмрэ ныкъуэдыкъуэхэмрэ социальнэу къащхьэщыжынымкIэ и къудамэм и унафэщIыр (Комиссэм и секретарщ);

б) Бейтыгъуэн З. М. И къулыкъур мыпхуэдэу тхын: «Дзэ Iуэху хэхам хэтхэр дэIыгъыным хуэгъэпса, «Хэкум и хъумакIуэхэр» Къэрал фондым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиIэ къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ  (зэрызэгурыIуам тету)».

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек

 Налшык къалэ

 2023 гъэм мэкъуауэгъуэм и 29-м

№210-РГ

Поделиться: