Адыгэм хэлъа хьэлхэмрэ хабзэхэмрэ

Пасэрей адыгэхэм eмыкlyy, лlыгъэншагъэу ялъытэрт лIым илэжьа Iуэхур «сыхъуат», «сыщIат» жиIэу иIуэтэжы­ныр. Апхуэдэ адыгэлl нэсым и щхьэ хуигъэфащэртэкъым. «Сеуэри сукlащ» жиlэу адыгэлIым хъыбар пхуиlуэтэнутэкъым. «Сеуащ» жиlэну и щхьэ трилъхьэр­тэкъым. Атlэ, хъыбарыр щиlуэтэжкlэ: «Си Iэм lэщlэлъ къамэр ехуэхри, лlыр уlэгъэ хъуащ, си Iэм lэщIэлъ фо­чыр уэри, лlыр джэлащ»,- жиlэрт. Апхуэдэхэр зэриlуа­тэр, езым и Iуэху хэмылъу, ауэ къэхъуа хуэдэут.

Къипсэлъынкlэ eмыкly зыпылъхэм щхьэтечу темыпсэлъыхьу, жиlэнкlэ мыeмыкly цlэ къыхуигъуэтырт. «Си фызыр» жиIэртэкъым адыгэлIым, «унэм щlэсыр», «унэгуа­щэр», «пщыlэтесыр» жиlэрт армыхъу.

Хьэщlэм хуэдэу нэхъыжьхэм нэмыс хуащIырт адыгэм. Нэхъы­жьым андез ищтэмэ, абы и пыlэр щхьэрихырти, ар иlыгъыу щхьэщытт нэхъыщlэр, андез щтэн иухыху. Ауэ апхуэдэм нэхъыбэу щхьэщытыр цlыхубзт. Андез щтэн зэриухыу, напэlэлъэщlыр иритырти, зригъэлъэщIырт, и пыlэр щхьэритIэгъэжырт.

«Анэмэту узот» жиlэрэ зыгуэрым зыгуэр иригъэхъумэ­ну иритарэ, ар хуэмыгъэзэщlамэ, цlыхум хабжэртэкъым. Абы и пщэм къыдалъхьа Iуэхур  Iэмал имыlэу игъэзэщIэн хуейуэ адыгэ хабзэм къалэн къыщищIырт. «Анэмэтым гъейрэт ухуэмыхъу!» жыхуаlэ псалъэр абы къытекlащ. Абы къикlыр  «анэмэтым уемыпцlыжу ­гъэзащlэ» жыхуиlэщ.

Адыгэм къадэгъуэгурыкlуэ хабзэхэм ящыщщ: жэм къащэхумэ, пщlантlэм къызэрыдыхьэу хугу lэбжьыб къы­щlахти, жэмым тракlутэрт, «Ялыхь, мыпхуэдизкlэ тхуэ­гъэбагъуэ»,- жаIэрти.

Зыгуэр шым шэсу урихьэлlамэ, и лъэрыгъыпсыр бубыду бгъэшэсын хуейт. «Уи адэу щытми, уи лъэрыгъы­псыр егъэубыд!»,- жаlэрт.

Ипэкlэ адыгэм я хабзэу щытащ сабий быдзафэ къану къахьрэ япlу. Быдзафэ къэзыхьым, езыми быдзафэ иlэу щытащ. А сабиитlыр зэдапlырт. Зы быдзышэ щызэдефэкlэ, зы анэ къилъхуа хуэдэу зэкъуэш хъурт. Быдза­фэр шым шэсу кlуэжыф хъухукlэ япIырт. Шым тетlысхьэф зэрыхъуу, шы-уанэ зэтелъ хузэрагъэ­пэщырт, фlыуэ яхуапэрт, шу гуп дыщlагъурти, къэзылъхуам и деж ягъэкlуэжрт. Щlалэр зейми тхьэлъэlу къарищlэ­кIыу яIихыжт. Арати, къану къахьу япlар зьпlам бын ды­дэ хуэхъурт, къалъхуам хуэдэу.

Адыгэм ижь лъандэрэ хабзэу къадэгъуэгурыкIуэрт зы­гуэрым и щыгъын, и хьэпшып нэгъуэщl къехъуэпсауэ «мыр сыту дахэ» жиIамэ, «уехъуэпсамэ, узот!» жиlэрэ икlи ириту. «Узот» жиlэныр хабзэщи, жеlэр, ар жызыlэ псоми яткъым, зратыну псоми lахыркъым. Ауэ гъунэгъу, ныбжьэгъу хуэдэхэм зыlахыныр ха6зэт. «Ущехъуэпсакlэ», - жиlэу лlыгъэкlэ езыти щыlэт.

Адыгэм Iэщ, псом хуэмыдэу, шы фIыуэ ялъагъуу щы­тащ, нобэми ялъагъу. Псом хуэмыдэу щIалэгъуалэр шы­кIэ ерыщт. ШыкIэ зэныкъуэкъуныр зыпащI щыIэтэкъым. Къы­зэдэжэну, шыбгъэрыуэ зэдэджэгуну, шы гъэджэгункIэ зэныкъуэкъуну, шы жэрыжэм тесу еIэбыхыурэ зыгуэрхэр къащтэну яфIэфIт.  

Фызышэр щекIуэкIым деж, джэгуакIуэу нэхъ ауаныщI­хэм ящыщ зыгуэр хахырти, хьэжы щыгъынкIэ яхуапэрт, «нэф ящIыpти» и Iэпэр яIыгъыу ирашажьэрти, унэхэм яшэрт, нысашэ зыдэт пщIантIэм къыщрашэкIт, фызыжьхэм я пащхьэм ирашэрт цIыхухэм бгъэдашэрт, абыхэм гъэщIэгъуэнхэр яжриIэурэ игъэдыхьэшхырт, абы щхьэкIэ зыгуэрхэр къратт. Апхуэдэр а махуэм екIуэкI псом нэхърэ нэхъ яфIэгъэщIэгъуэнт. Ахэр псори зытеухуар цIыхухэм я нэгу зегъэужьынырт, гуфIэгъуэр гукъинэж хъунырт. А щIыкIэм тетурэ Iэджи къыхахти, зэхэтIысхьэрти, яшхыжт, ирафыжырт.

 

Поделиться: