Хэт хъуну мамлюкхэр

Гъэр, кIэс, щхьэхуимыт - аращ «мамлюк» псалъэм хьэрыпыбзэкIэ къикIыр. Тхыдэм зэрыжиIэмкIэ, мамлюкхэр тырку, адыгэ, нэгъуэщI лъэпкъхэм къахэкIауэ аращ. Ахэр щIалэ ныбжьым иту Мысырым и Iэтащхьэхэм, хьэрып хъалифхэм къащэхуурэ ирагъэджащ, ягъэсащ, дзэлIкIэ, хъумакIуэкIэ щыгугъырти. Дзэм хэтурэ, мамлюк зауэлIхэр Мысырым тепщэ щыхъури, а къэралыр ХIII лIэщIыгъуэм щыщIэдзауэ ХVI лIэщIыгъуэм нэс зэрахьащ.
 Мамлюкхэм я нэхъыбапIэр тырку, мыгъуэлI (монгол), адыгэ лъэпкъщ - аращ хьэрып тхыдэтххэр щыхьэт зытехъуэр. А лъэпкъхэм я Iэтащхьэхэм я бынхэр мысыр сулътIанхэм иращэным емыкIу халъагъуэртэкъым: сулътIанхэм иращэ щIалэхэм Мысырым бжьыпэр щаубыдынкIэ гугъэрт, арат я бынхэр ящэн къащIемыхьэлъэкIыр - хьэрып щIэныгъэлIхэр акъылэгъущ абыкIэ.
 Мамлюкхэр гупитI мэхъу: тырку мамлюкхэмрэ шэрджэс мамлюкхэмрэ. Тырку мамлюк сулътIанхэр къызыхэкIар тырку, мыгъуэлI лъэпкъхэрщ, ауэ а гупми хэтщ шэрджэс сулътIанхэри.
 Монголхэр Щам, Багдад къалэхэм, Палестинэм къыщебгъэрыкIуам, абыхэм мамлюкхэр япэувауэ щытащ, арщхьэкIэ къыхагъащIэри зэщIэкIуэн хуей хъуащ.
 Тырку мамлюкхэм бахърий мамлюккIи еджэу ущрохьэлIэ тхыдэм. Нил псым хэт псытIыгум тет сэрейм зэрыщIэсаращ абыхэм бахърий мамлюккIэ щIеджэр. Бахърийхэм Мысырыр яIэщIэлъащ I250 гъэм къыщы-щIэдзауэ I382 гъэ пщIондэ, абыхэм сулътIан (пащтыхь) 25-рэ къахэкIащ.
 Тыркухэм я ужькIэ Мысырым и къэрал унафэр шэрджэс мамлюкхэм яIэрыхьащ. Адыгэ мамлюкхэм сулътIан 23-рэ къахэкIащ (тIур урым лъэпкъщ, адрейхэр псори шэрджэсщ).
 Шэрджэс мамлюкхэм бурджий мамлюккIэ еджэу щытащ - Каир и быдапIэ чэщанэхэм зэрыщIэсам щхьэкIэ («бурджийм» хьэрыпыбзэкIэ «чэщанэ» мыхьэнэ къокI). Абыхэм - шэрджэс мамлюкхэм - Мысырыр I382 гъэм щыщIэдзауэ I5I7 гъэ пщIондэ яIэщIэлъащ. Шэрджэс сулътIан цIэрыIуэхэм ящыщщ Бийпэрыс (хьэрыпхэр БибарскIэ зэджэр); илъэс I9-кIэ пащтыхьащ ар (I260-I279 гъэхэм). Бийпэрыс лъэужьыфI къыхинащ Мысырым и тхыдэм, и цIэ щIащымыгъупщэн лэжьыгъэ къызэринэкIащ. Монголхэр зэхикъута нэужь, Европэм къикIа жорзехьэхэм езауэри, Бийпэрыс Щам, Сэфад, Къисари, Крак, Антакие къалэхэр къатрихыжащ, езы жорзехьэхэр хы Iуфэм ирикъузылIащ. Хьэрып щIэныгъэлI Джорджи Зейдан и «Мысыр тхыдэм» зэрыщитхыжымкIэ, Бийпэрыс лIы къуэгъу лъагэу, цIыху жану, гуащIэшхуэ хэлъу щытащ. Тхыдэтххэм шэч къытрахьэркъым ар зэрыадыгэм, и цIэри щыхьэт тохъуэ абы: Бийпэрыс - Бийм пэщIэт, бийм щызыхъумэ.
 Адыгэ сулътIан цIэрыIуэ Къэлэун илъэс пщыкIузкIэ IэщIэлъащ Мысырыр – I279 - I290 гъэхэм. АлфиекIэ еджэу щытащ абы; «алфым» псалъэм мин мыхьэнэ иIэщ: Къэлэун динар мин щIатри мысырхэм ящэхуати, аращ абы а дзыр щIытеIукIар (а лъэхъэнэм зы щIалэм динар 300 - 500-т и уасэр).
 СулътIан хъуа нэужь, Къэлэун мин I2 хъу дзэ иришажьэри, хы Iуфэм Iут Триполи къалэр къищтащ, жорзехьэхэм кIэ яритыным хунэмысауэ дунейм ехыжри, ар зыхузэфIэкIар Къэлэун и къуэ Хъалилщ.
 Тырку мамлюкхэм я иужьрей сулътIаныр Хьэжы и къуэ Шэбанщ. Илъэс II-м итт ар сулътIан щыхъуам щыгъуэ. И ныбжьыр зэрыримыкъуам къыхэкIкIэ, иужьрей тырку сулътIаным къуэдзэ хуащIащ шэрджэс шу пашэ Бэркъукъу. Тырку сулътIан щIалэщIэр куэдрэ тригъэтакъым Бэркъукъу: ар лъэныкъуэ иригъэзри, езым унафэр зыIэщIилъхьащ. Бэркъукъу дежщ шэрджэс пащтыхьхэм я тетыгъуэм къыщыщIидзэр.
Шэрджэс мамлюкхэм къахэкIауэ япэ сулътIан хъуар Бэркъукъу Анчокъущ. Ар зэрыадыгэм щыхьэт тохъуэ Италием щыщ дипломат Бертрандо де Мижнанелли (а тIур зыбжанэрэ зэрихьэлIауэ, зэнэIуасэу щытащ). Бэркъукъу Шэрджэсым зэрыщыщым щыгъуазэщ хьэрып тхыдэтх Тагрий БирдийкIэ зэджэри. Абы зэритхымкIэ, Бэркъукъу Анчокъу кашак адыгэщ (а зэманым хьэрыпхэр шэрджэсхэм кашаккIи къеджэу щытащ).
Бэркъукъу Анчокъу Мысырым къыщыщыхутар I363 гъэрщ. ИлъэсиплI дэкIри, абы и IэмыщIэ шуудзэ къралъхьащ. Шэрджэсым цIыху иришурэ, Бэркъукъум и шуудзэр игъэбэгъуащ. Абы къару къритри, дзэпщ хъуащ, нэхъ иужьыIуэкIэ, I382 гъэм, унафэр яфIиубыдащ.
 Бэркъукъу пащтыхь хъуа нэужь, итхыгъащ хьэрып щIэныгъэлI Ибн Хъалдун, «къэралым хабзэ щыуващ, цIыхухэр щыгуфIыкIырт къэрал унафэр захуагъэм тету зезыхьэф сулътIан Iущыр тепщэ зэрахуэхъуам».
 Тырку дзэпщхэм ягу техуакъым къэрал унафэр шэрджэс мамлюкым зэрыIэрыхьар, лъакъуэпэщIэдз къыхуащI зэпытащ, ауэ абы щхьэкIэ шынакъым Бэркъукъу: и жагъуэгъухэр лъэныкъуэ иригъэзри, унафэр и IэмыщIэ ириубыдащ. Ар дэнэ къэна, езыр зэса бгырыс хабзэхэр игъэуващ, цIыхум щхьэхуитыныгъэ яритащ, адыгэ шурылъэсыр яхипщащ - тырку дзэпщхэм абыкIэ захригъэщIыкIащ я тетыгъуэм кIэ зэрыритар.
Тагрий Бирдий етх Бэркъукъу Анчокъу “мэлыхъуэкъуэкIэ” къеджэу щытауэ: пащтыхь хъуами, Бэркъукъум цIыхум захиIэтыкIыртэкъым, унафэщI ткIий щхьэкIэ залымтэкъым, псори зэхуигъадэрт. Шэрджэс сулътIаным тырку дзэпщхэр хуэм-хуэмурэ лъэныкъуэ иригъэзыпащ, абыхэм я къулыкъухэр яритащ езым и лъэпкъэгъухэм - адыгэхэм. Дзэпщ къулыкъухэм я закъуэкъым шэрджэс мамлюкхэм яIэрыхьар, къэрал унафэхэри къанэ щымыIэу зэрахьэ хъуащ. Абы щыщIэдзауэ Мысырым Бэркъукъу Анчокъу и пащтыхьыгъуэм шэрджэс къэралкIэ еджэ хъуащ. Тагрий Бирдий итхыгъащ: “Бэркъукъумрэ абы и лIэужьхэмрэ къэрал хабзэр зэрахъуэкIащ, къулыкъухэр езыхэм ящыщхэм фIэкI ирамытыж хъуащ, щIым и фIыпIэр я IэмыщIэ ираубыдащ”. НэгъуэщI зы тхыдэтхи, ал-Калкашанди, щыхьэт тохъуэ: “Дзэм хэт дзэпщхэмрэ шухэмрэ я нэхъыбапIэр шэрджэсщ, Мысырым тырку къинамэ, закъуэтIакъуэщ, а закъуэтIакъуэри я унэ итIысхьэжауэ Iуэхуншэщ”.
 Бэркъукъу Анчокъу и зэманым шэрджэс мамлюкхэм я IэмыщIэ къихуащ Бейбэрсрэ Къэлэунрэ зэрагъэпэщауэ щыта къэрал абрагъуэр. Илъэси I35-кIэ илъащ абыхэм я IэмыщIэ Мысырри, Сириери, Суданри, Хъиджазри (Мэчэри Мадинэри къыхиубыдэу), Ливиери, Ливанри, Палестинэри, Анадолэм и ипщэ-къуэкIыпIэ щIыналъэри, Месопотамием щыщ Iыхьи. Зи цIэ къитIуа къэралхэмрэ хэкухэмрэ абы щыгъуэ цIыху мелуанитху хуэдиз исащ, ахэр псори адыгэ мамлюкхэм я унафэм щIэтащ. Езы шэрджэсхэр (Каир дэсхэр) мин 50 - I00 хуэдизт зэрыхъур, абыхэм щыхуейм деж шу мини I0 - I2 ягъэшэсыфырт, Iэщэ шынагъуэкIэ зэщIэузэдауэ.

Поделиться: