Зэблагъэ бзэхэм я нэщэнэхэр

Бзэм и тхыдэм теухуауэ нэхъ иужь лъэхъэнэхэм ятха лэжьыгъэхэм ящыщу нэхъ гъэщIэгъуэн зыбжанэ зэпкърех щIэныгъэлI Абдокъуэ Iэуес. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, Николаев С. Л. и лэжьыгъэ «Северокавказские заимствования в хеттском и древнегреческом» жыхуиIэр. Тхыгъэр IыхьитIу гуэшащ. Япэ Iыхьэм къыщыгъэлъэгъуащ ищхъэрэ кавказыбзэхэмрэ хеттыбзэмрэ яку дэлъ зэпыщIэныгъэхэр, нэхъ пэжу жыпIэмэ, япэрейхэм ящыщу хеттыбзэм хыхьа псалъэхэр. Ахэр псалъэ 32-рэ мэхъу. Iуэхугъуэ куэд зэпилъытурэ, щIэныгъэлIым наIуэ къещI зытепсэлъыхь псалъэхэр ищхъэрэ кавказыбзэхэм (хьэту, абхъаз-адыгэ, шэшэн-дагъыстэн) хэкIыу хеттыбзэм зэрыхыхьар. (Хетт псалъэри хатт псалъэри зыщ, зэмыщхьу къыщIагъэсэбэпыр къагъэлъагъуэ мыхьэнэр иризэхагъэкIыу аращ.

Макъзешэхэр къэзымыгъэлъагъуэ семит тхыбзэм псалъэр «хт» жиIэу хэтщ. «Хатт» жиIэу ятхмэ, пасэрей мыиндоевропей бзэр икIи ар зезыхьэ лъэпкъыр кърагъэлъагъуэ. «Хетт» жиIэу ятхмэ, а цIэр зыфIэзыщыжа, ауэ индоевропей бзэхэм ящыщкIэ псалъэ лъэпкъыр кърагъэлъагъуэ. ЛъэпкъитIыр зэхэзэрыхьа нэужь, индоевропейцхэм къащтащ езыхэм я хамэу щыта хьэту цIэр, ауэ езыхэм я бзэр хьэтухэм къащтащ, я бзэм и нэщэнэ Iэджи къащта бзэм иратри). ЕтIуанэ Iыхьэм къыщыгъэлъэгъуащ алыджыбзэм хыхьа псалъэ 43-рэ. Ахэр ищхъэрэ кавказыбзэхэм хэкIыу алыджыбзэм зэрыхыхьар къегъэлъагъуэ Iуэхугъуэ куэд тегъэщIапIэ ищIурэ, псом хуэмыдэу, а псалъэхэм индоевропей этимологие зэрамыIэр. Зи гугъу тщIы Iуэхугъуэм гулъытэ хэха хуэзыщI Старостиным лэжьыгъэ гъэщIэгъуэн зыбжанэ къытридзащ. Абыхэм ящыщу икъукIэ гъэщIэгъуэнщ «Индоевропейско-северокавказские изоглоссы» зыфIищар.

Мыбдеж зи гугъу ищIыр бзэхэм зэIэпаха псалъэхэрщ. Ахэр икъукIэ куэд мэхъу. Я мыхьэнэ теухуауэ псалъэхэр гуп-гупу гуэшащ. Псори зэхэту псалъэхэр 80-м щIегъу. Ахэр я мыхьэнэ елъытауэ гуп-гупу зэрыпхуэгуэшыр Iуэхум къыхэплъытэжмэ, а къомыр благъагъэм и нэщэнэу къыпщыхъункIэ мэхъу. Ауэ Iуэхур абы теткъым. Мы бзэ бынитIым зэдай псалъэхэр «культурнэ терминологие» жыхуаIэм хохьэ, бзэхэм зэIэпах хабзэщ, икIи благъагъэм и щыхьэт пщIы хъунукъым. Жылэгъуалэм и щэнхабзэм емылъытауэ, бзэ псоми зэдыхэт хабзэ псалъэхэрщ благъагъэм и нэщэнэ хъур.

С. А. Старостиным къызэрилъытэмкIэ, мы бзэ бынитIым зэдыхэт псалъэхэм хэкIыпIэ нэхъ яхуэхъуар кавказыбзэхэр аращ. Ари аргумент зыбжанэкIэ къегъэлъагъуэ. Япэрауэ, а псалъэхэм индоевропей этимологие зэрамыIэр; етIуанэрауэ, кавказыбзэ макъ зыбжанэм индоевропейхэм макъ закъуэ къызэрыпадзыр (къахуэмыпсэлъ кавказ макъ гугъухэр тынш зэращIыр), н. къ.

ИщхьэкIэ зи гугъу тщIа тхыгъэм зыкъомкIэ бгъэдохьэ а щIэныгъэлIым и адрей «Культурная лексика в общесеверокавказском словарном фонде» зыфIищар. Мыбдежым, япэм ещхьу, псалъэхэр гуп-гупу гуэшащ, я мыхьэнэ тещIыхьауэ. Iэщ гъэхъуным епхауэ псалъэ 27, мэкъумэшым - 16, металлургием – 6, Iэмэпсымэ, абыкIэ зэрылажьэм зэреджэ - 12, псэуалъэцIэу - 9 (псори зэхэту 72 мэхъу). Мы лэжьыгъэр икъукIэ сэбэпышхуэ хъунущ пасэрей кавказ лъэпкъхэм я щэнхабзэр джынымкIэ. С. А. Старостиным къызэрилъытэмкIэ, дунейпсо культурэм зиужьынымкIэ мыхьэнэшхуэ дыдэ зиIа гъущIым и цIэр хьэту-кавказ бзэхэм къыхэкIауэ ебж. А хьэту-кавказ терминыр хыхьащ индоевропей, семит-хамит, н. къ. бзэ куэдым. Ар и щыхьэтщ дунейпсо щэнхабзэм и зыужьыныгъэм хьэту-кавказ лъэпкъхэм хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуащIам. Металлыр япэ дыдэ къэзыхутэу ар гуащIэдэкI щэнхабзэм хэзыша лъэпкъыр аращ абы цIэ фIэзыщари. Мы щIэныгъэлIым и къэхутэныгъэхэм къызэрыхэщымкIэ, кавказ бзэ быныр IыхьлыгъэкIэ епхащ сино-тибет (китай-тибет) бзэ быным, абыхэм къепхащ Сыбырым щыпсэу кетхэм я бзэри. ЗэкIэ ар фIэщщIыгъуейщ, ауэ бзэхэм я тхыдэм узыпэмыплъэхха Iэджэ къыщыхъуауэ къахутэ. Хэт игу къэкIынт Европэм и адрей гъунэм щыпсэу ирландцхэмрэ Индием ис лъэпкъхэмрэ я бзэхэр зэблагъэу, ахэр яджу зы лъабжьэ зэраIэр щIэныгъэлIхэм къамыхутамэ. Сино-кавказскэ гипотезэр нэгъуэщI щIэныгъэлIхэми яфIэкъабылщ. Гу лъытапхъэщ: ди хэку щIэныгъэлIхэр ебэкъуащ «европеоцентризм» жыхуаIэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм. Абы ипкъ иткIэ, щэнхабзэм и Iэужь псори европей лъэпкъхэм къабгъэдэкIыу адрейхэм хэпща хъуауэ аращ. Ауэ Вяч. Вс. Иванов, С. А. Старостин, С. Л. Николаев сымэ я бгъэдыхьэкIэр нэгъуэщIщ.

Щэнхабзэм и Iэужьхэм хэкIыпIэ яхуэхъуар щаубзыхукIэ, ахэр иригъуазэркъым схемэ хьэзырым, атIэ Iуэхугъуэ куэд зэпалъытри, пэжыпIэр къахутэ. Абыхэм я фIыгъэкIэ нэрылъагъу къэхъуащ кавказ лъэпкъхэмрэ абыхэм я благъэ пасэрей ПэIущIэ Азием щыпсэуа абыхэм я лъэпкъэгъухэмрэ дунейпсо цивилизацэм хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуащIар. Абыхэм я фIыгъэщ расизмэр зи лъабжьэ европеоцентризм Iуэху бгъэдыхьэкIэри еба зэрыхъуар.

Кавказ бзэщIэныгъэм хэлъхьэныгъэщIэ хуащIащ И. М. Дьяконовымрэ С. А. Старостинымрэ зэдатха «Хуррито-урартские и восточнокавказские языки» тхыгъэмкIэ. Мыбыхэм яхузэфIэкIащ пасэрей хурритхэмрэ урартхэмрэ зэрыпсалъэ бзэр зищIысыр нэсу къахутэн - а тIури зы бзэщ, ауэ диалект зырызщ. Езыхэри благъагъэкIэ шэшэн-дагъыстэн бзэ гупым я лъапсэгъуу къыщахутакIэ, адыгэ-абхъаз бзэ гупми я благъэщ. Мы щIэныгъэлIитIым генеалогие и лъэныкъуэкIэ Кавказ бзэ быным и гуэшыкIэр щIэрыщIэу яубзыхуащ. Абыхэм зэратхым ипкъ иткIэ, кавказ бзэ быныр къудамитIу гуэшащ, абхъазадыгэ гупым нэхъ я гъунэгъущ хьэту бзэр, шэшэн-дагъыстэн быным хохьэ хуррит-урарт бзэр. Хьэту, хуррит, урарт лъэпкъхэр Кавказым исакъым, абыхэм я псэупIэр къанэ щIагъуэ щымыIэу ПэIущIэ Азием и гъунапкъэхэм хиубыдэрт. Ауэ щыхъукIэ, «Кавказ» терминым и тэмэмыгъэм шэч къытепхьэн хуей мэхъу.

Дызэрыт лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм хэпща хъуауэ щыта «аллародийскэ» терминыр ар и щхьэусыгъуэу къэзыгъэщIэрэщIэжыну зыфIэигъуэхэр къыкъуэкIащ. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, а терминым къызэщIеубыдэ пасэм щыгъуэ ПэIущIэ Азием щыпсэуа лъэпкъхэм я бзэ щымыIэжхэмрэ абыхэм я благъэу ябж кавказыбзэхэмрэ. Пасэ лъэхъэнэм ПэIущIэ Азием щыIа бзэхэр кавказыбзэхэм зэраблагъэр ди зэманым гипотезэжкъым, атIэ ар щIэныгъэ хабзэхэм тету нэрылъагъу къащIащ.

 

Поделиться: