Щхьэусыгъуэр - щхьэусыгъуэкъым!

Хоссейни Сейед Реза Барадаран гъуэгугъэлъагъуэу Iуащхьэмахуэ лъапэ щолажьэ. «Иран Резэ»-кIэ зэджэ щIалэм и гъащIэ гъуэгум тепсэлъыхь пэтрэ нэгъуэщI и зы хэкуэгъу телъыджи къыдегъэцIыху. Щхьэусыгъуэр – щхьэусыгъуэкъым жызоIэ сэ апхуэдэ цIыху телъыджэхэм я хъыбар щызэхэсхкIэ. 

- 1994 гъэм туристу сыкъэкIуат мы щIыпIэхэм… Урыс пщащэ щхьэгъусэу къасшэщ, бын щыдгъуэтыжым Урысейм сыкъыщынащ. Псэун, унагъуэр пIын хуейти, цIыхубз щыгъынхэр щащэ тыкуэн къызэIутхри, хьэрычэтыщIэ дыхъуат, абы нэхъ сыхуэIэрыхуэти. Сэ Iуащхьэмахуэ фIы дыдэу слъагъурти, зыгъэпсэхугъуэ махуэ зыбжанэ къысхудэхуэху сыкъакIуэрт. Ауэрэ ныбжьэгъу куэд щызгъуэтащ. Абыхэм ящIыгъуу япэ дыдэ сыдэкIауэ щытащ Iуащхьэмахуэ. Уеблэмэ Ольмезов Абдул-Хьэлым щIыгъуу Гималай сыщыIащ. Москва сыщыпсэуми, сигури си псэри Къэбэрдей-БалъкъэрымкIэ къэхъуапсэрт. Ауэрэ пандемиер къэхъея нэужь, Iуащхьэмахуэ лъапэ сыкъэIэпхъуэжыну мурад сщIащ. Ар зэщхьри… ИгъащIэ псом узыщIэхъуэпса гуэр къохъулIам, нахуапIэ хъуам хуэдэщ. ИлъэситI ипэ Терскол фэтэр къыщысщэхуащи, сэ нэхъ насыпыфIэ дунейм темыту къысщохъу. Иныкъуэхэм деж Ираным сокIуэж, дауи, абы си Iыхьлыхэр, благъэхэр къыщынащ. Куэдрэ сыщымыIэфу, схуэмыхьыжыххэу сохъури, къызогъэзэж. Иджы си хэкужьым щыщу альпинист гуп къэкIуащи, къызолъэIу Iуащхьэмахуэ дэсшыну. Езыхэм яIэжщ гид лъэщ, ауэ ар зэи мы щIыпIэхэм щыIакъыми, Iуащхьэмахуэ ицIыхуркъым. Дэсшынщ, дауи, абы  уасэ къаIысхынукъым, дауэ мыхъуми, си хэкуэгъущ! КъищынэмыщIауэ, Саларванд Саджад къэсцIыхуащ. Метр 400-кIэ къызэдэжэнымкIэ Ираным и чемпионщ ар. Илъэсибл ипэ машинэ зэжьэхэуэм и лъакъуитIыр щыфIэкIуэдауэ, протезым къыхуэнащ. Арами, альпинизмым дехьэх, дунейпсо зэпеуэхэм хэтын къигъэнакъым, иджы Iуащхьэмахуэ дэкIыну къытхуеблэгъащ! – жеIэ Сейед.
- Аварэм ипэ альпинизмыр си псэм щыщт. Къэжыхьын щыщIэздзар иужькIэщ. Тхьэм къару къысхилъхьащи, гугъэм сегъэпсэу. Сыунагъуэщ, къуэрэ пхъурэ сиIэщ. Дауи, ахэр сэ щхьэкIэ мэгузавэ, псом хуэмыдэу си щхьэгъусэр. Мэшынэ, ауэ си псэм фIэфIыр сIэщIиудыну хэткъым, сыкъыгуроIуэ. Сэри сыкъыщыщIидз щIыпIэхэм щыслъагъу дахагъэмкIэ садогуашэ, сытым дежи телефонкIэ дызэпыщIащ… ЗэрыгурыIуэгъуэщи, сэ схуэдэхэм папщIэ фащэ щхьэхуэ ухуейщ, бгым уридэкIыну. Абы теухуауэ си кIэн къикIауэ жыпIэ хъунущ: дунейм къэралыгъуи 4 тету аращ апхуэдэ фащэхэр ящIуи, Ираныр абыхэм яхэтщ, - мэгуфIэ Саджад.
 

 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться: