Я жьэм къыжьэдэкIар къохъу

Коронавирусыр цIыхум ящхьэщыкIа пэтми, дуней псом тет щIэныгъэлIхэм къагуроIуэ сыт хуэдэ узыфэми ухуэбэлэрыгъ зэрымыхъунур икIи абыхэм пэщIэтын папщIэ а щыIэ Iэмалхэм къызэрыхагъэхъуэным я зэфIэкI псори ирахьэлIэ.

Санкт-Петербург иджыпсту щолэжь ковидым ущызыхъумэ вакцинэщIэм. Ар шхум ещхьщ, сабийми балигъми къатемыхьэлъэу ирафын хуэдэу, ауэ ар ягъэхьэзыру къыщIагъэкIыным иджыри зэман хуейщ.

Узбекистаныр, зыми пэмыплъэу, иджыпсту щIидзауэ къыщIегъэкI иммунитетыр зыгъэбыдэ, ковидми ущызыхъумэ гъэш. А ерыскъыхэкI хущхъуэм зэгъусэу елэжьащ Узбекистанымрэ Венэ дэт медицинэ университетым и щIэныгъэлIхэмрэ.

Псом нэхъ гъэщIэгъуэныр: ковидым и вакцинэр жэмхэм хаIуащ, иджы цIыхухэр зрагъафэр абы къыщIаш шэ хущхъуэрщ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ ахэр щыхъума хъунущ а узыфэм.

«Эрис» коронавирус лIэужьыгъуэм иджыпсту щхьэтечауэ щытопсэлъыхь, Америкэм и Штат Зэгуэтхэри яхэту, къэралыгъуэ куэдым. Ар япэрей вирусым и иммунитетым полъэщри, уз зэрыцIалэм и щхьэр къиIэтынкIэ зыхуэIуа щыIэкъым.

- Нэхъапэрейм нэхърэ абы цIыхухэм нэхъ закъытригъэхьэлъэнущ. Ар щIыIэ узым къуит щытыкIэм ещхьщ, абы хохьэж цIыхум и щхьэр, и нэр имыгъаплъэу, хьэлъэу къызэреузыр, - жиIащ Урысейм и «МедЛабЭксперт» IуэхущIапIэм и дохутыр пажэ Соловьёв Александр.

ШЭРЭДЖ Дисэ.
Поделиться: