«Гипсолит»-м лэжьэн щIедзэ

ФокIадэм и 9-м Къэбэрдей-Балъкъэрым лэжьэн щригъэжьэжащ илъэс куэд щIауэ къагъэувыIауэ щыта, гипс къыщыщIагъэкI заводым. Ар къызэIуахыжын, инженер сетхэр, технологие Iэмэпсымэхэр, а лэжьыгъэм хуэщIа техникэ хэхахэр тэмэму зэтрагъэувэжын папщIэ Iуэхугъуэшхуэхэр зэфIагъэкIащ. Заводым и IэнатIэ зэхуэмыдэхэм иджыпсту пэрытщ цIыхуи 175-рэ, псори зэхэту 228-рэ щигъэлэжьэну Iэмал иIэщ. 

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и телеграм каналым щитхащ «Гипсолит» заводым фокIадэм и 9-м лэжьэн зэрыщIидзэр. Нэхъапэм а IуэхущIапIэм «Каббалкгипс» цIэр зэрихьащ, гипсым къыхэщIыкIауэ унэ джабэхэр, пэш кIуэцIхэр къызэрыращIыкIхэр, нэгъуэщIхэри къыщIигъэкIыу щытащ, ауэ, щхьэусыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыхэкIыу, къагъэувыIэн хуей хъуауэ щытащ. 
ИужькIэ, заводым мыхьэнэуэ иIэр къалъытэри, республикэм унафэ къыщащтащ ар къызэIуахыжыну, щIыпIэ экономикэм лъэ быдэкIэ къыхашэжыну, икIи абы щхьэкIэ щIапхъэри къанэ щымыIэу зэфIагъэкIащ. 2019 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и унафэкIэ Правительствэм и лэжьакIуэ гуп къызэрагъэпэщащ, гипс заводыр лажьэу яутIыпщыжыным ехьэлIауэ Iуэхухэр и пщэ дэлъу. 
2023 гъэм и накъыгъэм «Гипсолит»-м и инвестору къэуващ, ар къызэIухыжыным и мылъку нэхъыбэу хилъхьащ, абы хуэдэ IэнатIэхэм пыщIауэ лажьэ, къэралым щыцIэрыIуэ «ЭКО-Золотопродукт» компаниер. 
Гипс заводым и зыужьыныгъэмрэ и лэжьыгъэмрэ лъабжьэ яхуэхъунур Бедыкъ къуажэм пэгъунэгъуу щыIэ, сэху мывэхэр къыщыщIах щIыпIэрщ. Ар Тырныауз къалэм километр 25-кIэ пэжыжьэщ. КъэпщытакIуэхэм къызэрахутамкIэ, а щIыпIэм щIэлъщ гипс къызыхащIыкI мывэу тонн мелуан 21-рэ хуэдиз. Заводым и лъэщагъым тепщIыхьымэ, абы хузэфIэкIынущ республикэм имызакъуэу, нэгъуэщI щIыналъэхэри гипсым къыхэщIыкIа ухуэныгъэ материал зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ къызэригъэпэщын.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и телеграм-каналым зэрыщитхымкIэ, иджы къызэIуха IуэхущIапIэ иным Iуащхьэмахуэ щIыналъэм и соцально-экономикэ зыужьыныгъэм сэбэпышхуэ хуэхъунущ, республикэм хэхъуэ къритынущ. Апхуэдэуи гипс заводым лэжьэн зэрыщIидзам щхьэкIэ ар гуапэу ехъуэхъуащ абы и лэжьакIуэхэмрэ Iуащхьэмахуэ куейм щыпсэухэмрэ, - ахэр ефIэкIуэну, сыт и лъэныкъуэкIи заужьыну. 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: