ЦIыхум и гур

ЦIыху балигъ узыншэм и гур ику иту дакъикъэм къриубыдэу 72-рэ къоуэ, махуэм ар – 100000-рэ, илъэсым тещIыхьауэ – 3600000-рэ мэхъу. Бзылъхугъэм и гур нэхъ псынщIэу къоуэ, цIыхухъум ейм нэхърэ. ЦIыхухъухэм я гур ику иту дакъикъэм 70-рэ къеуэмэ, бзылъхугъэм ейр – 78-рэ къоуэ. Сабийхэм я гур нэхъ псынщIэжщ. Сабий цIынэм и гур дакъикъэм къриубыдэу 120-рэ къоуэ, илъэс 12 иримыкъуам ейр 100-рэ.
Гум зэригъакIуэ лъыр дакъикъэм къриубыдэу литри 5-м щегъэжьауэ, литр 30-м нэсыфынущ. 
Гум и хьэлъагъыр грамм 250-м щегъэжьауэ 350-м ноблагъэ. Щхьэж и гум и инагъщ езым и IэштIымым хуэдиз.
Гум езым иIэжщ электрическэ импульс. Уеблэмэ, хьэуа игъуэтмэ, ар цIыху Iэпкълъэпкъым хэмытуи къеуэфынущ. 
Гум лъыр ялъегъэIэс нэджыджым къищынэмыщIа, цIыху Iэпкълъэпкъым и клеткэ мелард 75-ми. 
ЦIыхум лъыуэ щIэтым и проценти 5-р гум йокIуалIэ. процент 15-20-р - щхьэ куцIымрэ псантхуэ зэхэлъыпIэ нэхъыщхьэмрэ, процент 22-р – жьэжьейм.
Гур бгъэм и сэмэгурабгъу лъэныкъуэм щыIэкъым, атIэ тхьэмбыл зэхуакум хуозэ. Гум и къеуэкIэр сэмэгурабгъу лъэныкъуэмкIэ щызэхыдох, аортэр абыкIэ зэрыгъэзам къыхэкIыу.
Медицинэм къызэрихутамкIэ, блыщхьэм шэджагъуэр къихьэн пщIондэ нэхъыбэ дыдэрэ цIыхухэр я гур узу къреуд. 
Гум и хущхъуэгъуэ нэхъыфI дыдэу къалъытащ дыхьэшхыныр. Ар егъэлеяуэ сэбэп мэхъу гум лъыр кърихуэкIынымкIэ, гум зэригъакIуэ лъыр процент 20-кIэ хегъахъуэ.
Махуэм къриубыдэу сыхьэт ныкъуэ хуэдизкIэ псынщIэу къэпкIухьыну гум папщIэ сэбэпщ.
ЩIэныгъэлIхэм цIыхум и гум и къеуэкIэр вальсым ирагъэщхь.
Гур гурыщIэхэм я къежьапIэу къалъытэ пасэ лъандэрэ. Алыджхэм къащыхъурт гум удыгъэ къыщыушыфу. Пасэрей китайхэм жаIэрт гур насыпым и къежьапIэу. Пасэрей Мысырым и цIыхухэм жаIэрт цIыхум акъылкIэ къыгурыIуэн ипэ гум ар зыхищIэфу. Абы къыщалъытэрт IэпхъуампIэ цIэншэр гум пыщIауэ. А гупсысэм къыщежьауэ щытащ зэрышэхэм я Iэпхъуамбэм Iэлъын иралъхьэныр.
XIX лIэщIыгъуэм и кIэухым - 1893 гъэм япэ дыдэу гу операцэ ящIауэ щытащ. 1967 гъэм Африкэ Ипщэм япэ дыдэу цIыхугу щызэрахъуэкIащ.
Гарвард медицинэ школым иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм къагъэлъэгъуащ, щIыуэпсымрэ хьэуамрэ щыфIейм деж гум и дежкIэ егъэлеяуэ зэрану.
1999 гъэ лъандэрэ, фокIадэм и 29-м Гум и махуэр ягъэлъапIэ. Ар махуэшхуэу ягъэувыныр жэрдэму къыхилъхьащ Гум и дунейпсо федерацэм икIи даIыгъащ ВОЗ-мрэ ЮНЕСКО-мрэ. Махуэшхуэр щIэтщ «Гур гъащIэм папщIэ» къыхуеджэныгъэм. 
Ди къэралым щыIэщ гум и фэеплъ. Ар гранит плъыжьым къыхэщIыкIащ, тонниплI и хьэлъагъщ. Фэеплъым Пермь къалэм Гум и институтым и пщIантIэр егъэдахэ! 
 

 

ГЪУЭТ Синэ.
Поделиться: