Къэбэрдей-Балъкъэрым и зыгъэпсэхупIэхэр

Ди щIыналъэм и зыгъэпсэхупIэхэр къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ тхыдэм. ЗыгъэпсэхупIэхэр ирагъэфIакIуэ, зэрагъэпэщыж, абыхэм я бжыгъэм къыхохъуэ. Дриплъэнти ди щIыналъэр зыгъэдахэ архитектурэ фэеплъхэмрэ щIыпIэхэмрэ.

«ИгъащIэкIи Урысейм дыщIыгъущ»

Налшык къалэм и курыкупсэм 1957 гъэм щагъэуващ «ИгъащIэкIи Урысейм дыщIыгъущ» фэеплъыр, Къэбэрдейр езым фIэфIу Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 зэрырикъум и щIыхькIэ. Кавказ лъэпкъхэм ящыщу адыгэхэрщ япэу Урысей къэралыгъуэм гухьар. А фэеплъыр къэбэрдеипщ Темрыкъуэ ипхъу, Грозный Иван етIуанэ щхьэгъусэ хуэхъуа Гуащэнэ (Марие) уи нэгу къыщIэзыгъэхьэщ. Бзылъхугъэм иIыгъщ Урысейм зэрыгухьам щыхьэт техъуэ тхылъыр. Фэеплъым къытощ бгырыс лъэпкъхэм я тхыдэ напэкIуэцIхэм щыщ Iыхьэхэр. 
А цIэ дыдэр зыфIаща пкъо хужьхэмрэ республикэ, къэрал гербхэмкIэ гъэдэха аркэр Налшык къалэм и «Стрелка» дэлъэдапIэмкIэ 2007 гъэм щагъэуващ, Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 450-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ. Ар лъэпкъ зэныбжьэгъугъэмрэ тхыдэм пщIэ зэрыхуащIымрэ я дамыгъэ хъуащ. 
 

«Сосрыкъуэ» рестораныр 

Налшык къалэм и дамыгъэ хъуауэ, и щIыпIэ нэхъ дахэхэм ящыщу къалъытэ «Сосрыкъуэ» шхапIэр. Ар нэгъуэщIхэм къахощхьэхукI и архитектурэ теплъэмкIэ. Ухуэныгъэр блэкIа лIэщIыгъуэм и 70 гъэхэм Кизиловкэ бгым щаухуащ. Нарт Сосрыкъуэ и щхьэмрэ пхъэдзакIэ мафIэр зыIэщIэлъ и Iэмрэ къыщыгъэлъэгъуащ абы. IуэрыIуатэм къызэрыхэщыжымкIэ, Сосрыкъуэщ нартхэм мафIэ къахуэзыхьыжар. Гъуэгум здытетым, Тхьэхэр къыщыщIэрыхьэм, абы и пкъыр бгым къыщынэри, и щхьэр къыщIигъэжащ, мафIэ зыIэщIэлъ и Iэр щIыгъуу. 
Рестораным и гупэм къит утым зыщуплъыхь мэхъу, укъеплъыхмэ, Налшык къалэм и дахагъэм ухэплъэу. Езы бгым машинэкIэ е кIапсэ гъуэгумкIэ удэкI мэхъу, аттракцицон паркым и деж ущитIысхьэу.

Шэджэм псыкъелъэхэр

Шэджэм аузым ищхьэмкIэ удэкIуеймэ, Шэджэм Ипщэ къуажэм и ипщэ лъэныкъуэмкIэ километритIкIэ укIуэмэ, Шэджэм Псыкъелъэ ЦIыкIум е Адай-Су (Хъыджэбз щхьэц) урохьэлIэ. Псыкъелъэр гъуэгум метр 200-кIэ пэжыжьэщ, метр 30 и лъагагъщ. 
АдэкIэ аузым и бгъуагъыр языныкъуэ щIыпIэхэм деж Iузэ мэхъу. Нэхъ зэв щIыпIэм метр 25-рэ и бгъуагъщ. Абдежщ здэщыIэр Шэджэм Псыкъелъэ Инхэр. 
 

Гуэл ЩхъуантIэхэр

Ахэр тху мэхъу: Ипщэ Гуэл ЩхъуантIэхэмрэ Ищхъэрэ Гуэл ЩхъуантIэу. Ищхъэрэ Гуэл ЩхъуантIэр зыплъыхьакIуэ кIуэхэм нэхъ яфIэгъэщIэгъуэнщ: гектари 2,4-рэ хъу гуэлым метр 279-рэ и кууагъыу къахутащ. Хэт ищIэрэ ар иджыри нэхъ кууункIи хъунщ. Абы ехьэлIа къэхутэныгъэхэм пащэнущ. ЩIыналъэм щыпсэухэм а гуэлыр щIэншэу къалъытэ.
ЩIымахуэми гъэмахуэми гуэлым и температурэр градуси 9 мэхъу. Абы зы псыежэхи хэхуэркъым, атIэ зы жэщ-махуэм къриубыдэу литр мелуан 70-м нэблагъэ хощI. Сероводород псым зэрыхэтым папщIэ и плъыфэр щхъуантIэщ. 
Ищхъэрэ Гуэлым пэжыжьэкъым Гуэл Щэхури (Секретное). Ипщэ Гуэл ЩхъуантIитIым я кууагъыр метр 17 мэхъу. Абдеж бдзэжьеящэхэр куэду макIуэ.

Шэдхъурей гуэлыр

Дзэлыкъуэ районым хыхьэ Камменномост къуажэм километритхукIэ пэмыжыжьэу щыIэ гуэлитIырщ ШэдхъурейкIэ зэджэр. НэхъапэIуэкIэ абдеж гуэлищ къыщыунэхуат. XX лIэщIыгъуэм и пэхэм гуэлхэм языхэзыр гъужри, а щIыпIэр кумбу къэнащ. 
IуэрыIуатэм къызэрыхэщыжымкIэ, а гуэлхэм я пIэм зэкъуэшищым я хъупIэ щыIащ. Зэгуэрым щIыр зэгуэхури зэкъуэшищымрэ я Iэщхэмрэ дэхуащ икIи а щIыпIэм гуэлищ къыщыхутащ. 
Гуэлхэр иджыри нэсу къахута мыхъуами, абы я кууагъыр метр 200-м ноблагъэ. Абыхэм псыежэхи хэхуэркъым, псыи къыхэжыркъым. «Земля Санникова» фильмым щыщ пычыгъуэхэр щытрахащ абдеж. 

Гижгит гуэлыр

Бахъсэн аузым, Былым къуажэм пэмыжыжьэу, щыIэщ зи дахагъэм уитхьэкъу, бгым къыкъуэщ Гижгит IэрыщI гуэлыр. Ди щIыналъэм зыгъэпсэхупIэ къакIуэхэм абы гу лъамытэу къанэркъым икIи ар и дахагъкIэ альп гуэлым ирагъэщхь. А гуэлым зыщыбгъэпскI е бдзэжьей ущещэ хъуркъым. 

Джэдмышх псыкъелъэр

Дзэлыкъуэ районым хыхьэ Хьэбэз къуажэм километр 11-кIэ пэжыжьэу аращ зи дахагъым нэри пэри зыхьэху Джэдмышх псыкъелъэр. Абы урохьэлIэ «Пащтыхь псыкъелъэхэр», «Пащтыхь таж», «Псыкъелъэ 70» цIэхэмкIэ еджэу. Псыкъелъэм метр 60 и лъагагъщ. Абы къех псы ткIуэпсхэр я лъагагъкIэ зэрызэщхьэщыкIырщ а ткIуэпсхэр щIызэтемыхуэр. 
А псыкъелъэм метри 100-кIэ пэмыжыжьэу щылъ мывэшхуэм и лъабжьэм псынэпс къыщIож. Аращ а псыкъелъэм гъащIэ езытыжари. 

«Шэджэм» парадромымрэ дельтадромымрэ

Шэджэм аузым нэхъ ищхьэIуэмкIэ, Эль-Тюбю къуажэм пэмыжыжьэу, щыIэщ бгы парадромымрэ дельтадромымрэ. Псом хуэмыдэу нэгъуэщI щIыпIэхэм къикIыу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыгъэпсэхуакIуэ къакIуэхэм я деж щIэупщIэ ин щиIэщ абы. Мэлыжьыхьым щыщIэдзауэ щэкIуэгъуэ пщIондэ инструкторхэр абдеж щолажьэ.

Нарзан къыщIэжыпIэхэр

Хасаут псыежэхым деж, метр 1300-рэ зи лъагагъ щIыпIэм щыIэщ Нарзан къыщIэжыпIэхэр. Псыежэхым и Iуфэхэм километрищ и кIыхьагъыу ирикIуэ псы къыщIэжыпIэхэр 20 мэхъу икIи ар узыншагъэмкIэ сэбэпышхуэу, псы хущхъуэу къалъытэ. Нарзаныр псыкъуийм и лъабжьэмкIэ къыщыщIедзэри къоукъубей. 
 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: