Псы зыщIагъэлъадэ щIыхэм хагъахъуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм къызэритамкIэ, 2019 - 2023 гъэхэм республикэм псы зыщIагъэлъадэ щIыуэ къыщагъэсэбэп гектар мин 30,5-рэ, дызэрыт илъэсым абы хагъэхьа гектар мини 5,7-ри хэту. Къапщытэж лъэхъэнэм къриубыдэу, федеральнэ, республикэ бюджетхэм къахэкIыу, къэрал дэIэпыкъуныгъэу а лэжьыгъэхэм хухахащ сом меларди 2,3-рэ.

 Уэшх къыщешхым деж хуэдэу хьэсэхэр псыкIэ зыгъэнщI машинэхэмрэ псыр зэрызэбграутхыкI спринклерхэмрэ нэмыщI, ткIуэпс-ткIуэпсурэ псыр зэрыщIагъэлъадэ Iэмалхэри къагъэсэбэп, псом хуэмыдэу хадэхэкIхэмрэ пхъэщхьэмыщхьэхэмрэ зыгъэкIхэм. Иужьрей илъэситхум ткIуэпсурэ псы зыщIэгъэлъадэр гектари 6,3-рэ хъуащ.

Зи гугъу тщIы лэжьыгъэхэр екIуэкIащ «Мэкъумэш IэнатIэм и продукцэр хамэ къэралхэм яхуегъэшэн» щIыналъэ проектым, «Дунейпсо кооперациемрэ экспортымрэ» лъэпкъ проектым, «Урысейм и псыщIэгъэлъадэ IэнатIэм зегъэужьын» программэм япкъ иткIэ.

Пхъэщхьэмыщхьэр яхуобагъуэ

Республикэм пхъэщхьэмыщхьэрэ мэракIуэ лIэужьыгъуэу щащIэм и куэдагъым хуэди 2,6-кIэ хэхъуащ иужьрей илъэситхум, икIи нэгъабэ, ипэкIэ зэи къэмыхъуауэ, тонн мин 680-рэ кърахьэлIэжащ. Апхуэдэ хъыбар иджыблагъэ зэбгригъэхащ КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм.

2018 гъэм щыIа бжыгъэхэм ельытауэ, пхьэщхьэмыщхьэу, мэракIуэ лIэужьыгъуэу кърахьэлIэжым процент 50-кIэ хэхъуащ, зы гектарым центнер 326-рэ къытекIыу.

Жыг хадэхэр зыгъэкIхэр мэгугъэ дызэрыт илъэсми гъавэ бэв кърахьэлIэжыну.

Иджыпсту абыхэм къыпачыж иджыри мыхъупа мыIэрысэ, кхъужь, пхъэгулъ лIэужьыгъуэхэр. Абы иужькIэ пэрыхьэнущ гъатхэм пщIондэ щылъ хабзэ пхъэщхьэмыщхьэхэм.

БЭТОКЪУЭ Албэч.
Поделиться: