Къуэн Аслъэн и унагъуэм я нэIэ тетщ![]() Гулъытэ Республикэ МВД-м и лэжьакIуэхэм ящыгъупщэркъым зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэдахэр, я нэIэ трагъэтщ абыхэм я унагъуэхэм. Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ, полицэм и полковник Мамхэгъ Назир, министерствэм къулыкъущIэхэм ядэлэжьэнымкIэ и управленэм и унафэщI, къэрал кIуэцI къулыкъум и полковник Гуляев Алексей, Урысей МВД-м Налшык къалэм щиIэ Управленэм и унафэщIым и къуэдзэ Маргъущ Азрэт сымэ щыIащ и къалэн игъэзащIэу хэкIуэда Къуэн Аслъэн Зулимбэч и къуэм и унагъуэм. Аслъэн КъБР-м щыIэ МВД-м и полицэм и плъыр-пост къулыкъум и батальон хэхам щылэжьащ, полицэм и сержантт.
Поделиться:
Читать также:
03.08.2026 - 18:26 →
ЩIэныгъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ
18.07.2026 - 12:58 →
Я фIэфIыныгъэкIэщ зэрыхагъэхьэр
18.07.2026 - 10:56 →
Ди щIыналъэм гулъытэшхуэ щагъуэт
12.07.2026 - 12:00 →
Лъагъумыхъуныгъэ зыщIалъхьа бзэщ бзаджащIэхэм я Iэщэр
11.07.2026 - 13:01 →
Ветераным илъэсищэр хуагъэлъапIэ
| ||





