Адэжьхэм я гъуэгукIэ

Президент грантхэм я Фондым иригъэкIуэкIа зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIа «ТекIуэныгъэм и зекIуэ» псэкупсэ пэхуэщIэм (проектым) хэта щIалэгъуалэ гупыр иджыблагъэ Ингуш щIыналъэм щыIащ. НыбжьыщIэхэм зрагъэлъэгъуащ Кавказым и щхьэхуитыныгъэм папщIэ советыдзэр нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм щапэщIэта щIыпIэхэр. 1942 - 1943 гъэхэм екIуэкIа зауэ гуащIэр Мэздэгу - Мэлгъэбэг стратегие операцэм щыщ зы Iыхьэт, Хэку зауэшхуэм и тхыдэмкIи мыхьэнэшхуэ зиIэт.
«ТекIуэныгъэм и зекIуэ» зыфIаща Iуэхугъуэр къызэригъэпэщащ «Урысей географие зэгухьэныгъэм» хэт «Альтаир» щIалэгъуалэ хасэм. Абы хэтащ курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм щIэс еджакIуэхэр, студентхэр, лъахэхутэхэр.
Фэеплъ щIыпIэхэр яригъэлъагъуну щIалэгъуалэм гъуазэ яхуэхъуащ «Урысейм и лъагъуэхутэ зэгухьэныгъэ» жылагъуэ зэщIэхъееныгъэм и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Дзейтов Беслъэнрэ «Лъэпкъ фэеплъ» лъагъуэхутэ гупым хэт щIалэхэмрэ. Ахэр щыIащ зэхэуэ гуащIэхэр щекIуэкIа Тэрч тхыцIэм, къуэшыкхъэхэм, Хэкум и ХъумакIуэхэм я фэеплъ нэхъ ин дыдэм.
А лъэхъэнэм щIыпIэм щекIуэкIа зауэм и гугъу щищIым, Дзейтов Беслъэн къыхигъэщащ илъэс 20-м щIигъуауэ зи унафэ ищI щIыналъэ зэгухьэныгъэм лэжьыгъэшхуэ зэрыригъэкIуэкIыр. «Ди гупым хэт лъагъуэхутэхэм Хэку зауэшхуэм хэкIуэда зауэлIхэм я хьэдэхэр къалъыхъуэж, абыхэм я цIэ-унагъуэцIэхэр зэфIагъэувэж, я фэеплъхэр зэрагъэпэщыж. Iуэхур къызэрымыкIуэу гугъущ. Илъэс 77-рэ дэкIащ зауэр зэрыувыIэрэ. Ауэ нобэр къыздэсым ди зауэлIхэм я нэхъыбэм иужьрей увыIэпIэр ягъуэтыжакъым. Зи псэр зыта щIалэхэр щепсыхам деж къыщынэурэ дзэр адэкIэ зэрыкIуатэм къыхэкIыу, нэхъыбэр хъыбарыншэу кIуэдырт, я хьэдащхьи, я псэущхьи ямыгъуэтыжу. 1942 гъэм екIуэкIа зауэм зэпэщIэт лъэныкъуитIым мыхьэнэшхуэ иратырт. Германиемрэ абы и дарэгъухэмрэ Кавказым и щIыдагъэр къыщыщIаш щIыпIэхэр яубыдыну хущIэкъурт. «Блиц-кригыр» къаймыхъулIэу зауэр кIыхьлIыхь щыхъум, Кавказыр нэщанэуапIэ хъуат, мыбдеж зэщэр къащыIэрыхьэмэ, зауэр яхьыну къалъытэрт. Абы и лъэныкъуэкIэ уеплъмэ, Ингуш щIыналъэм и ищхъэрэ щIыпIэхэр малъхъэдисым хуэдэт: мыбдеж щIыдагъэр щыкуэдт, щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэри щымащIэтэкъым. Мэлгъэбэг кудэщхьэпIэр (Малгобекское нефтяное месторождение) бийм IэщIыхьэмэ, Кхъэлъахэжь аузкIэ (Алханчуртская долина) зэджэ щIыпIэм тыншу уихьэфынут, адэкIэ Грознэ къалэри уи Iэмыщ1эм илъ хуэдэт.
1942 гъэм и фокIадэ мазэм и етIуанэ Iыхьэм Мэлгъэбэг деж щекIуэкIа зауэм Вермахтым и япэ танкыдзэр къанэ щымыIэу хишат, стратегие мыхьэнэ зэрыритыр имыущэхуу, техникэкIэ зэгъэпэща лъэсыдзэри къыщIигъужат. ФокIадэм и 28-м Псыгъуабжэ (Сагопши) деж 1942 гъэм и кIуэцIкIэ къэхъуа танкыдзэ зэхэуэ нэхъ ин дыдэр щекIуэкIащ. ЛъэныкъуитIым танкхэр щэ бжыгъэкIэ щызэпIэщIэтащ, топыр мин бжыгъэкIэ щагъэуащ. Иджы къалэ хъуа Мэлгъэбэг жылэр а лъэхъэнэм къуажэу щытащ. 1942 гъэм и фокIадэм и 12-м къыщегъэжьауэ 1943 гъэм и щIышылэм и 3-м нэс 14-рэ зым IэщIыхьэмэ, адрейм къыIэщIихыжу зауэ хьэлъэхэр екIуэкIащ. Мэлгъэбэг деж Дзэ Плъыжьым щыфIэкIуэдар къыпхуэмылъытэну куэд мэхъу – зауэлIрэ дзэзешэу мини 120-м щIегъу. Вермахтми и цIыхушхуэ хэкIуэдат, ауэ адэкIэ зэрыкIуэцIрымыкIыфынур къыгурыIуэри, икIуэтыжауэ щытащ.
2007 гъэм УФ-м и Президентым и унафэкIэ Зауэ ЩIыхьым и къалэ цIэ лъапIэр Мэлгъэбэг къыфIащауэ щытащ.
КъызэрывгурыIуащи, зэуапIэм цIыхушхуэ икIуэдащ. Ахэр къэлъыхъуэжыныр, я фэеплъыр зэфIэгъэувэжыныр нобэ щыIэхэм ди къалэнщ. Зауэр щекIуэкIа щIыпIэхэр зэрытщIэм, дэнэ деж сыт хуэдиз цIыху хуэгъэфэщауэ хэтами дызэрыщыгъуазэм къыхэкIыу, къэтлъыхъуэмрэ къыщытлъыхъуэн хуеймкIэ гъуазэрэ еплъыкIэ пыухыкIахэмрэ диIэщ», – яжриIащ щIалэгъуалэм Дзейтов Беслъэн.
Апхуэдэу зэуапIэр къыщаплъыхьым, щIалэгъуалэм зрагъэлъэгъуащ лъэныкъуитIыр зэрызэпэщIэтар къызытещ сурэт теплъэгъуэ иныр, яIыгъа Iэщэхэм я зэужьыр. Ахэр «Урысейм и лъагъуэхутэ зэгухьэныгъэ» жылагъуэ зэщIэхъееныгъэм и щIыналъэ къудамэм илъэситхум и кIуэцIкIэ зэхуахьэсат. Тхыдэ икIи фэеплъ мыхьэнэ зиIэ хьэпшыпхэм, теплъэгъуэхэм, тхыгъэжьхэм, картэхэм Iэмал къатащ лъагъуэхутэхэм ирагъэкIуэкI лэжьыгъэм и пщIэмрэ и мыхьэнэмрэ зыхуэдизыр нэхъ гурыIуэгъуэ ящищIын.
«ТекIуэныгъэм и зекIуэ» хэкупсэ пэхуэщIэр гъэзэщIа, щIалэгъуалэ нэхъыбэ абы къыхэша хъун я IуэхукIэ щIэгъэкъуэн мэхъу КъБР-м Курортхэмрэ туризм хуэIухуэщIэхэмкIэ и министерствэр, КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэр, «Урысейм и лъагъуэхутэ зэгухьэныгъэ» жылагъуэ зэщIэхъееныгъэр, Урысей географие зэгухьэныгъэр.

 

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: