Шэджэм къалэм и школыщIэр

Ухуэныгъэ

Шэджэм къалэм щаухуэ школыщIэм и лъабжьэр ягъэтIылъакIэщ, щIыунэ къатри къаIэтащ.

Проектым къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, курыт еджапIэр ухуэныгъэ зыбжанэу зэхэтынущ. Абы хыхьэнущ Iуэхугъуэшхуэхэр щрагъэкIуэкI хабзэ пэшыр, шхапIэр, пщэфIапIэр, еджапIэ, компьютер классхэр, спорт залу тIу, футболым, волейболым, баскетболым папщIэ губгъуэхэр, нэгъуэщIхэри.

Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ икIи ахэр зэфIагъэкIыну я мурадщ 2024 гъэм и кIэм ирихьэлIэу. Иджырей щапхъэхэм тету яухуэ школым еджакIуэ цIыкIухэм папщIэ тIысыпIэу 800 иIэнущ.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: