Фэеплъыр щымыкIуасэм деж

Зи блэкIар зымылъытэм къэкIуэнури къызэрыфIэIуэху щыIэнукъым. ЦIыхум зэ IэщIэкIа щыуагъэм къытримыгъэзэжын, дерс къыхихын папщIэщ блэкIам щIыхуеплъэкIыр, ар игу къэзыгъэкIыж Iуэхугъуэхэм лъапIэныгъэ щIритыр. ЦIыхум и ныбжьым щызэблэкI къэхъукъащIэ бзаджэхэм щIэблэм дерс къыхихыфмэ, ахэр къэмыхъун папщIэ щIэныгъэ зригъэгъуэтмэ, пэж дыдэу, лъапIэныгъэ щихуэжын и гъащIэм Iэмалыншэу къыхуихуэнущ. Нэ илъагъу Iэ ещIэж, жыхуаIэращи, пщIэ зыпылъ Iуэхугъуэу адыгэм къелъытэ япэ ищахэм я кхъащхьэхэр гъэкъэбзэныр, ахэр къыхэгъэщыжыныр, зэпэщу зехьэныр.

«ЦIыхур зауэ-банэ хэтын хуейкъым, гъащIэм и мыхьэнэр зэрыиныр, мамырыгъэм и уасэр зыхуэдизыр къыгурыIуэн папщIэ. Ар зыхозыгъащIэ Iуэхугъуэр куэд дыдэ мэхъу. Нэхъыжьхэр псэуху, мамыр псэукIэр зэрылъапIэ дыдэр я хъыбархэмкIэ зыбогъащIэ, ахэр пщхьэщыкIа нэужь, гум ихъумэ хъыбархэмрэ къащIэна фэеплъхэмкIэ зыхыбощIэ. Хэку зауэшхуэр зылъэмыIэса унагъуэ хэгъэгум искъым – псоми хэщIыныгъэ къахуихьащ, нэпс щIаригъэгъэкIащ, гугъуехь хигъэтащ. Зауэм цIыхур зыхидза нэщIэбжьэр къэмыгъэхъуным зи гуащIэрэ зи лъэкIрэ езыхьэлIэращ унэнур, щхьэ шхыгъуэ ихуэнур», – мис мыпхуэдэ псалъэхэр зэхэпхынут Шэджэм къалэм дэт, Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъыр зэрызэрагъэпэщыжым кIэлъыплъ цIыхухэм жаIэу.
 Ди щIыналъэм къалэ-къалэкIэрэ, къуажэ-къуажэкIэрэ дэт фэеплъ мывэскъархэр зэрызэрагъэпэщыжым я хъыбарыр щ1эх-щ1эхыурэ зэхыдох. Лэжьыгъэр зэфIэкIа нэужь, гъэсэныгъэмкIи, псэкупсэ зэхэщIыкIыр къэIэтынымкIи мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ инхэр фэеплъхэм деж щрагъэкIуэкI, жылагъуэ зэхэтыкIэр иригъэфIакIуэу, щIэблэ узыншэр къызэщIиIэтэу. Шэджэм къалэм дэт фэеплъ щIыпIэм дауэдапщэ щемыкIуэкIыу зы илъэси блэкIыркъым. Уеблэмэ, ар къалэр къызэрацIыхуж дамыгъэ хъуащ, жыпIэмэ, пцIы хъунукъым. Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъыр зэгъэпэщыжыным, ар здэщыт щIыпIэр къэгъэщІэрэщІэжыным, абы и Іэгъуэблагъэр зыхуей хуэгъэзэным теухуа лэжьыгъэхэр щІэгъэхуэбжьауэ зэрекIуэкIым кIэлъыплъыр ар зи пщэрылъ къулыкъущIэхэм я закъуэкъым, къызэрыщIэкIамкIэ, цIыхубэми мыхьэнэшхуэ ират.
Фэеплъыр къэралпсо мыхьэнэ зиIэ гъуэгу Iуфэм Iутщ. ЖыпIэнуращи, абы и щытыкIэр щIыналъэм фэуэ къраплъ. Ди гуапэ зэрыхъунщи, щIыпIэ унафэщIхэм фэеплъым зэи я нэIэ трагъэкIакъым, сыт щыгъуи зэрахьэ, дапщэщи къабзэщ. Мазэ бжыгъэкIэ мыбдеж щрагъэкIуэкIа зэзыгъэпэщыж лэжьыгъэхэр мы махуэхэм и кIэм нэсащ. Фэеплъым телъ лэчыжьыр трахри, щIэуэ тракIащ. IэщIагъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, а иIэгъэр жьыбгъэм ипхъэхынукъым, дуней уэтIпсытIми и зэран иригъэкIынукъым. Абы иужькIэ фэеплъыр зытет лъабжьэр ягъэбыдащ, и екІуэлІапІэхэр зэІузэпэщ ящІащ, щхъуантІагъэр куэду щагъэтІысащ, Iэгъуэблагъэр жэщкІэ къэзыгъэнэхуну уэздыгъэ пкъохэр куэд ягъэуващ. КъищынэмыщIауэ, мывэскъарым и пкъым игъуэта чахуэхэр зэрагъэубыдыжащ, тет тхыгъэр къагъэщIэрэщIэжащ, Мыужьых мафIэр зэрыт фалъэри нэхъ  быдэу зытет лъагапIэм трагъэзэгъащ.
Сыныр зэрыт щIыпIэр фэеплъ къудейкъым, атIэ ар икIи кхъэлъахэщ. Шэджэм псыхъуэм къедза къуажэхэр бийм къыIэщIахыну псэемыблэжу зэуа щIалэхэм я хьэдэхэр абдеж щIэлъщ. ЗауэлI 41-р цIэимыIуэу къэнащ, ауэ я лIыгъэр уахътыншэ хъуащи, ар щIэблэм зэхищIыкIыу, къыгурыIуэу, лъапIэныгъэ ириту, фэеплъу ихъумэу къызэрыгъэтэджыпхъэм шэч хэлъкъым. Шэджэм щIыналъэм щыщу цIыху мини 6-м щIигъу зэуапIэ губгъуэм ихьат, ауэ я ныкъуэми къагъэзэжакъым, мафIэ лыгъейм я щхьэр халъхьащ. Хэку зауэшхуэм и Iэ щIыIэр, арыххэуи, зылъэмыIэса унагъуэ щIагъуэ щыIэкъым.
Фэеплъыр зэгъэпэщыжыным икIи абы и Iэгъуэблагъэр зэпэщ щІыным текIуэдэну мылъкур «Зи псэр Хэкум щIэзытахэм я фэеплъыр хъумэныр» зи фIэщыгъэ къэрал программэм къыхэкIащ. Программэр УФ-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм зэхилъхьащ, абы къигъэув Iуэхугъуэхэр зэщIа зэрыхъум кIэлъыплъри а къулыкъущIапIэращ. Къалэдэсхэм пщIэ зыхуащI фэеплъыр щIэблэм я гур мамырыгъэм хуэзыгъэуш щIыпIэ хъуну дыщогугъ.
 

 

ЩХЬЭЩЭХУЖ Инал.
Поделиться: