Iуэхугъуэ зыбжанэм хэплъащ

КъБР-м и Правительствэм и Уна­фэщI Мусуков Алий Iуэхугъуэ зыбжанэм щыхэплъа зи чэзу зэIущIэ иригъэкIуэкIащ. 

КъБР-м и къэрал мылъкум щыщ Налшык къалэм и мылъкум хэгъэ­хьэным теухуауэ Правительствэм игъэхьэзыра проектыр абы щигъэбелджылащ КъБР-м щIы, мылъку зэхущытыкIэхэмкIэ и министр ­Тэхъу Аслъэн. Налшык къалэ и мылъкум щыщ хъунущ километри 2,70-рэ зи кIыхьагъ Кэнжэ-Каменкэ автомо­биль гъуэгур. Ар щIы Iыхьэрэ гъуэгум епха ухуэныгъэу сом мелуан 61,5-рэ и уасэу зэхэтщ. 
КъБР-м и къэрал программэхэр зэ­рагъэбелджылы Iэмалхэм халъ­хьа зэхъуэкIыныгъэхэм я гугъу ищIащ КъБР-м экономикэ зыу­жьы­ныгъэмкIэ и министр Рахаев Борис.
КъБР-м транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министр ДыщэкI Аслъэн тепсэлъыхьащ КъБР-м и Правительствэмрэ «Кавказ Ищхъэрэ къалэзэхуаку пассажир компание» акционер зэгухьэныгъэмрэ 2024 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрыр г­ъущI гъуэгу транспорт IуэхутхьэбзэкIэ къызэрызэрагъэпэщынум теухуауэ зэраухылIа зэгурыIуэныгъэм. 
Республикэм щыIэ аттракционхэм я щытыкIэмрэ я лэжьэкIэмрэ зэ­рыкIэлъыплъыр къигъэнэIуащ КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Уэдыхь Тимур. 
КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэ­ныгъэмкIэ и министр Езауэ Анзор зэIущIэм хэтхэр щигъэгъуэзащ щIы­­налъэм и экономикэр нэхъ зы­хуэ­ныкъуэ IэщIагъэлIхэр щагъэ­хьэ­зыр еджапIэхэм я лэжьыгъэр зыу­нэтI совет къызэрызэрагъэпэщым теухуа унафэм и проектым. 
КъБР-м лэжьыгъэмрэ цIыхухэм псэуныгъэкIэ защIэгъэкъуэнымкIэ и министр Асанов Алим къигъэнэ­Iуащ­ республикэм и цIыхухэм ядэ­Iэпыкъуным теухуауэ КъБР-м и Правительствэм игъэхьэзыра проектищ. 
Пенсэмрэ социальнэ страхова­нэмкIэ КъБР-м и фондым, КъБР-м и къэрал архивым, муниципалитетхэм я архивхэм я зэпыщIэныгъэм кIэлъыплъ лэжьакIуэ гуп къызэгъэ­пэщыным теухуа проект щхьэхуэ игъэ­хьэзыращ Правительствэм. Ар къигъэлъэгъуащ КъБР-м и Архив IуэхущIапIэм и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Гуртуев Азэмэт. 
КъБР-м фIэкIыпIэ зимыIэ медицинэ страхованэмкIэ и щIыналъэ фондым и унафэщIым, абы и ­къуэдзэхэм, бухгалтер нэхъыщхьэм я лэжьапщIэм теухуауэ зэхъуэкIы­ныгъэхэр къызыщыхьа проектыр игъэбелджылащ IуэхущIапIэм и унафэщI Бгъэжьнокъуэ Зурият. 

ГЪУЭТ Cинэ.
Поделиться: