Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

2023 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и саугъэтхэр ЩIэныгъэмрэ инновацэхэмрэ я IэнатIэм хэт еджагъэшхуэ ныбжьыщIэхэм етыным и IуэхукIэ

ЩIэныгъэмрэ инновацэхэмрэ я IэнатIэм хэт еджагъэшхуэ ­ныбжьыщIэхэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и саугъэтхэр етынымкIэ Советым къыхилъхьахэм сахэплъауэ унафэ сощI:

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и саугъэтхэр щIэныгъэмрэ инновацэхэмрэ я IэнатIэм хэт еджагъэшхуэ ныбжьыщIэхэм етын икIи щIэныгъэмрэ инновацэхэмрэ я IэнатIэм хэт еджагъэшхуэ ныбжьыщIэхэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и саугъэтым и лауреат цIэр яфIэщын:
БжьыхьэлI Къантемыр Чэмал и къуэм, Информатикэмрэ щIыналъэ управленэм егъэщIылIа къалэнхэмкIэ институтым- «ЩIэныгъэхэмкIэ урысей академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центр» федеральнэ щIэныгъэ центр» федеральнэ къэрал бюджет щIэныгъэ IуэхущIапIэм и къудамэм и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэм- техникэ щIэныгъэхэм я IэнатIэм щригъэкIуэкIа щIэныгъэ къэхутэныгъэхэм кърикIуа­хэм папщIэ;
Кучменовэ Иринэ Ибрэхьим и пхъум, «Бгылъагэ геофизикэ институт» федеральнэ къэрал бюджет IуэхущIапIэм ­къэ­хъу­­къа-
щIэхэмкIэ и къудамэм гляциологиемкIэ и лабораторэм и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыщIэм - ЩIым теухуа щIэныгъэхэм я IэнатIэм щригъэкIуэкIа щIэныгъэ къэхутэныгъэхэм кърикIуахэм папщIэ;
Махуэ Мурат Хьэсэн и къуэм, «Бэрбэч Хь. М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университет» федеральнэ къэрал бюджет еджапIэ IуэхущIапIэм факультет икIи эндоскопие хирургиемкIэ и кафедрэ и доцентым - фэбжь зыгъуэта сымаджэхэм абы къыдэкIуэу я жьэжьейхэр Iисраф зэрыхъуар пасэу къызэращIэ Iэмал зэрызэхилъхьам папщIэ.
Соблыр Ахьмэд Руслан и къуэм, «КIуэкIуэ В.М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университет» щIэныгъэ нэхъыщхьэ щратфедеральнэ къэрал бюджет еджапIэ IуэхущIапIэм и аспирантым - мэкъумэш щIэным и IэнатIэм инновацэ технологиехэр зэрыщызэхилъхьам икIи зэрыщыхипщам папщIэ;
Хьэкъун Еленэ Мухьэдин и пхъум, ЩIэныгъэхэмкIэ урысей академием Тембот А. Къ. и цIэр зэрихьэу Бгылъэ щIыпIэхэм я экологиемкIэ и институт» федеральнэ къэрал бюджет IуэхущIапIэм щIы-экологие къэхутэныгъэхэмкIэ и лабораторэм и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыщIэм - естественнэ щIэныгъэхэм зегъэу­жьыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа щIэныгъэ къэхутэныгъэхэм кърикIуахэм папщIэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ     КIуэкIуэ Казбек
Налшык къалэ
2023 гъэм дыгъэгъазэм и 13-м
№132-УГ

Поделиться: