Iейм щахъумэн мурадкIэ
Республикэм мафIэсым пэщIэтынымкIэ-къегъэлынымкIэ и IуэхущIапIэм щекIуэкIащ илъэсыщIэпежьэ зэIущIэ. Абы кърагъэблэгъат «Золотой орешек» сабий-сад №25-м и гъэсэн цIыкIухэр. «Къэбэрдей-Балъкъэрым мафIэсым пэщIэтынымкIэ-къегъэлынымкIэ и IуэхущIапIэ» къэрал кIэзонэ IэнатIэм мафIэс къэмыгъэхъунымкIэ и инструкторхэм ИлъэсыщIэ махуэшхуэхэм и пэ къихуэу ирагъэкIуэкI апхуэдэ лэжьыгъэ, сабий IуэхущIапIэхэм я гъэсэнхэмрэ школхэм щеджэхэмрэ псейхэр щагъэщIэращIэкIэ, ИлъэсыщIэ зэхыхьэ щрагъэкIуэкIкIэ, мафIэм хуэсакъын зэрыхуейр гурагъэIуэн мурадкIэ. Сурэтхэр Холлаевэ Марзият трихащ.
Поделиться:
Читать также:
19.05.2024 - 13:50 →
ЩIыхь тхылъхэр яритащ
18.05.2024 - 10:48 →
Унагъуэращ Хэкур къыщежьэр
16.05.2024 - 19:35 →
ГукъэкIыжхэр гъащIэм щыщу
16.05.2024 - 17:30 →
Гулъытэр зиIэ ныбжьыщIэхэр
16.05.2024 - 15:24 →
Европэр насыпыншагъэм къезыгъэла щIалищ
|