26.04.2024, 17:06 - Тхыдэ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ «мыхьыр» езыгъэхьу лъэхъэнэ кIыхькIэ къэгъуэгурыкIуам къиутIыпща дзэ абрагъуэмрэ Къэбэрдейм езым и къарукIэ зэщIигъэуIуа хэкулI гупышхуэмрэ.

26.04.2024, 15:42 - Жылагъуэ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ. «Фэеплъ жыг хадэхэр» зи фIэщыгъэ дунейпсо Iуэхугъуэр теухуащ зауэ зэхуэмыдэхэм хэкIуэда ди цIыхухэм я фэеплъу жыгыщIэхэр гъэтIысыным, зэуапIэм икIуэдахэм я лIыгъэр уахътыншэ щIыным, апхуэдэ хадэхэр цIыху кIуапIэ щIыным.

25.04.2024, 17:30 - Спорт

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 15-м я спортсмену 600-м нэблагъэ.

25.04.2024, 17:00 - Спорт

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.

25.04.2024, 14:33 - Жылагъуэ

Iэщым ирагъэшх Iус зэхэлъыр къыщIэзыгъэкIыу Къэбэрдей-Балъкъэрым щылажьэ IуэхущIапIэхэр нобэкIэ 13 мэхъу. Ахэр псори хьэрычэт щIэн IэнатIэ мыинхэрэ уней IуэхущIапIэхэрэщ.

25.04.2024, 13:00 - Жылагъуэ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Замир Хьэсэнбий и къуэм и цIэр зезыхьэ кадет еджапIэ-интернат №1-м. Абыхэм еджакIуэ ныбжьыщIэхэм драгъэкIуэкIащ лIыгъэм и дерс, я лэжьыгъэми щыгъуазэ ящIащ.

23.04.2024, 19:01 - Жылагъуэ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж. Лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI Осетинскэ, Балкарскэ, Молодежнэ, ЕтIуанэ Таман дивизэм, Къэзанокъуэ Жэбагъы, Мусукаевым, Хъураным я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэм. 

23.04.2024, 17:06 - Спорт

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Ставрополь крайм, Осетие Ипщэмрэ Осетие Ищхъэрэ – Аланиемрэ я бэнакIуэу 100-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс 14-м щIимыгъуауэ. 

 

 

ОСТАЛЬНЫЕ РУБРИКИ

Жылагъуэ
09.01.2023 - 17:20 | 👁 12

Подробности...

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек архиепископ Феофилакт хуэзащ

Республикэм и Iэтащхьэр Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт Христос (Хьисэ) къыщалъхуа махуэмкIэ ехъуэхъуащ икIи Къэбэрдей-Балъкъэрым ис православнэ
Жылагъуэ
09.01.2023 - 16:31 | 👁 19

Подробности...

Унэхэр зэрагъэнэхур

Пасэрей цIыхухэм гу лъатащ пхъэмрэ мэзышымрэ (смола) нэхърэ дагъэр нэхъ
Махуэгъэпс
09.01.2023 - 16:05 | 👁 20

Подробности...

НОБЭ

ЩIышылэм и 9, блыщхьэ
Политикэ
09.01.2023 - 15:22 | 👁 12

Подробности...

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

 Херсон къалэмрэ Херсон областым щыщ Iыхьэмрэ зэпымыууэ щыпсэуахэм ящыщу IэмалыншагъэкIэ а щIыпIэхэм къикIахэм икIи пIащIэгъуэкIэ гуп зэрыIыгъ
Жылагъуэ
09.01.2023 - 13:13 | 👁 14

Подробности...

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2022 гъэм гъатхэпэм и 21-м къыдигъэкIа унафэ №61-ПП-м зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным и IуэхукIэ
Жылагъуэ
09.01.2023 - 12:20 | 👁 28

Подробности...

Зи хъэтI зиIэж дохутыр

Си сабиигъуэм щыщ зы теплъэгъуэ гуимыхуж сщыхъуащ икIи абы и ныбжь тридзауэ къызолъытэ адэкIэ си гъащIэ гъуэгуанэр зэрызубзыхуам. 
Политикэ
09.01.2023 - 11:25 | 👁 10

Подробности...

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

 
Жылагъуэ
31.12.2022 - 18:12 | 👁 26

Подробности...

ЩIэныгъэр зи гъащIэ гъусэу щыта цIыху щыпкъэ

Критик, литературовед, щIэныгъэлI ХьэкIуащэ Андрей лъэпкъ щэнхабзэр, щIэныгъэр, литературэр егъэфIэкIуэным къыпхуэмылъытэну и  гуащIэшхуэ хилъхьащ. И гъащIэ гъуэгуанэр гугъуу щытами, ар купщIафIэу...
Жылагъуэ
31.12.2022 - 16:44 | 👁 56

Подробности...

Тепщэхэм я хъыбар

Псэущхьэ зэмылIэужьыгъуэхэр чэзуууэ илъэс 12-м я тепщэу зэрыщытыр IупщIу къыхощыж къуэкIыпIэ махуэгъэпсым теухуа хъыбарым.
Жылагъуэ
31.12.2022 - 16:26 | 👁 30

Подробности...

Хабзэубзыху IэнатIэр зи джэлэсхэр

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым иджыблагъэ щызэхэтащ ЩIалэгъуалэ палатэм 2022 гъэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэр къыщызэщIакъуэж зэIущIэ.
Жылагъуэ
31.12.2022 - 15:28 | 👁 26

Подробности...

Япэ ищахэр ягу къагъэкIыжащ

Афганистаным щызэуахэм, щIыпIэ-щIыпIэкIэ щекIуэкIа зауэхэмрэ зэпэщIэтыныгъэхэмрэ хэтахэм я зэгухьэныгъэм, КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ пэхуэщIэхэмкIэ и министерствэм и дэIэпыкъуныгъэ х
Литературэ
31.12.2022 - 15:06 | 👁 31

Подробности...

«Гузэсэжын»

Iуэтэж
Тхыдэ
31.12.2022 - 10:35 | 👁 51

Подробности...

Чыристан диныр къызэращтар

         ИлъэсыщIэм ирихьэлIэу, наIуэу зэрыщытщи, чыристанхэм ягъэлъапIэ езыхэм я тхьэ Иисус Христос (исламымкIэ – Хьисэ бегъымбар) къыщалъхуар. Ар гуфIэгъуэшхуэу яIэт.
Жылагъуэ
31.12.2022 - 09:20 | 👁 26

Подробности...

Журналистхэм я упщIэхэм жэуап яритащ

Хабзэ зэрыхъуам тету, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек яхуэзащ федеральнэ, хэгъэгу, щIыналъэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм.
Жылагъуэ
31.12.2022 - 09:01 | 👁 26

Подробности...

Къэрал дамыгъэхэр иратыжащ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Правительствэм и Унэм щаритыжащ къэрал дамыгъэхэр зыхуагъэфэща IэщIагъэлI пашэхэм.
Махуэгъэпс
31.12.2022 - 08:59 | 👁 15

Подробности...

НОБЭ

Дыгъэгъазэм и 31, щэбэт

Страницы