|
Календарь событий
07 сентября 2021
7 сентября, 2021 - 17:55
Шэджэм районым щекIуэкIащ «ЩIэпхъэджагъэ здэщымыIэ дунейм дрителъхьэщ!» щIалэгъуалэ форумыр. Абы и лэжьыгъэм хэтащ щIыпIэ администрацэм, хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лIыкIуэхэр, диным и лэжьакIуэхэр, спорт зэгухьэныгъэхэм хэтхэр, районым и щIалэгъуалэр.
НыбжьыщIэхэр ирагъэдэIуащ терроризмэм пэщIэтыным ехьэлIа Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм, узыншагъэр хъумэным, лъэпкъхэм я зэхуаку дэлъын хуей зэгурыIуэныгъэм, гущIэгъум, ныбжьэгъугъэм, гулъытэм ятеухуа псалъэмакъхэм.
Илъэс къэс екIуэкI зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэщ Шэджэм щIыналъэм терроризмэм пэщIэтынымкIэ щыIэ комиссэр.
7 сентября, 2021 - 16:44
Режиссер пщэрылъ гугъум хуэIэкIуэлъакIуэ, зи лэжьыгъэм фIыуэ хэзыщIыкI IэщIагъэлIхэр щыIащ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым. Апхуэдэщ спектакль куэд лъэпкъ театрым и сценэм щызыгъэувахэу, актерхэм я гъуэгугъэлъагъуэ пажэхэу, зи IэдакъэщIэкI купщIафIэхэмкIэ зыдэлэжьахэми гъуазджэм и лэжьакIуэхэми я гум къинахэу, театрым и режиссер нэхъыщхьэу илъэс зыбжанэкIэ лэжьахэу Ерчэн Леонидрэ Теувэж СулътIанрэ. Къыхэгъэщыпхъэщ ахэр щылэжьар ди лъэпкъ театрым зэримызакъуэр.
7 сентября, 2021 - 16:44
Залымрэ Сюзаннэрэ «Кабардинка»-м и къэфакIуэ пажэхэм ящыщщ.
Сюзаннэ къэфакIуэ гупым 2006 гъэм щегъэжьауэ хэтщ, ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ институтым актёру щеджа иужькIэ а IэщIагъэм къигъэув Iуэхугъуэ гуэрхэр хузэфIэмыкIыну къыщилъытэм, хореографиемкIэ иунэтIыжащ.
7 сентября, 2021 - 14:41
Курыт еджапIэр къэзыухахэм я деж къыщыщIэдзауэ, цIыху щыIэу къыхэкIынкъым, микроскопыр зищIысыр зымыщIэ икIи щIыуэпсым къигъэщI пкъыгъуэ нэрымылъагъухэр къэхутэнымкIэ, ахэр джынымкIэ абы иIэ мыхьэнэр зыхуэдизым щымыгъуазэ.
7 сентября, 2021 - 14:41
УФ-м и Президентым и жэрдэмкIэ 20I5 гъэм Сочи къалэм къыщызэIуахауэ щыта «Сириус» егъэджэныгъэ центрыр зиужьу, ехъулIэныгъэфIхэр зэригъэгъуэту мэлажьэ. «Талантымрэ ехъулIэныгъэмрэ» фондым игъэлажьэ а IуэхущIапIэм щекIуэкI лэжьыгъэхэр хуэунэтIащ сабий зэчиифIэхэм ябгъэдэлъ зэфIэкIхэм адэкIи зегъэужьыным, щIэныгъэфI зрагъэгъуэтынымкIэ дэIэпыкъуэгъу яхуэхъуным.
7 сентября, 2021 - 10:35
ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и член-корреспондент, биологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, Урысей Федерацэм щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Тембот Аслъэнбий Къазий и къуэр (1932-2006) ящыщщ лъэпкъ щIэныгъэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIахэм.
7 сентября, 2021 - 08:35
ФокIадэм и 4-м «Спартак-Налшыкыр» Псыхуабэ къалэм щыIущIащ щIыпIэ «Мэшыкъуэ-КМВ»-м икIи 2:I-уэ хигъэщIащ.
7 сентября, 2021 - 08:00
Къармэхьэблэ къуажэм къыщызэIуахащ «Пшэплъ» («Заря») зыфIаща стадионыщIэр. «Спортыр гъащIэм щыщщ» федеральнэ проектым хэту яухуа футбол губгъуэр къызыхуэтыншэщ. ГектаритI хуэдиз къызэщIэзыубыдэ губгъуэр къуажэ дэлъэдапIэм хуозэ. ЩIыуэпсым и дахагъ курыкупсэм ар зэрыщаухуам фIагъ хэлъщ. Абы уегъэгушхуэ, гур хегъахъуэ. Футбол губгъуэр зэрагъэнэху уэздыгъэшхуэхэмкIэ (прожекторкIэ) къызэгъэпэщащ, къыщажыхь гъуэгу щхьэхуэ иIэщ. Стадионым и администрацэ унэм хэтщ спортзал, зыщагъэпскI, зыщахуапэ пэш тIурытI, ЕтIуанэ къатым тIысыпIэ 280-рэ зиIэ трибунэ хэтщ.
|