Календарь событий

04 сентября 2021

Уахэм хэзыгъэбзахэ

Астрофизикхэр щыхьэт зы­техъуэ къэхутэныгъэ телъы­джэхэм ятепсэлъыхь Science Alert сайтым (Австралие) хъы-­бар зэрызэбгригъэхамкIэ, ­Шы-­­­ хулъагъуэ (Млечный путь) галактикэм и кум хуэзэу япон щIэныгъэлIхэм «къыщалъэ­гъуащ»  алъандэрэ зыщымы­гъуа­зэу щы­та пкъыгъуэ абра­гъуэ.

Коваленкэ Кирэ и фильмыщIэм теухуауэ хъыбарыщIэ зыбжанэ

«IэштIымхэр щызэрыпхкIэ» зи фIэщыгъэ, КъБР-м щыщ режиссёр Коваленкэ Кирэ и фильмыр фокIадэм и 25-м щы­щIэдзауэ Урысейм и киногъэлъэгъуапIэхэм къыщатынущ.

Iуэху щхьэпэм куэд зэхуишэсат

Республикэм и Прохладнэ куейм и утыку нэхъыщхьэм «Армия-2021» урысейпсо дзэ-техникэ форум махуищкIэ щекIуэкIащ. Абы къы­зэхуишэсат республикэм щыпсэу куэд.

«Сыринэ» ныбжьыщIэ театр диIэнущ

Зэи щымыIауэ ныбжьы­щIэ театр ди республикэм иIэнущ. «Сыринэ» зыфIаща театр-студиер «Адыгэ дуней» лъэпкъ фондым къы­зэрегъэпэщ артист ныбжьыщIэхэм зыщагъэсэн папщIэ, адыгэбзэр зыгъэIу­рыщIэхэр, утыку итыным дихьэххэр ирагъэблагъэ.                                                                                                                                    

«Псалъэ» - къалэдэсхэм адыгэбзэ щызрагъащIэ хэщIапIэ

Налшык къыщызэIуах щIалэгъуалэ зэхуэсыпIэ гъэщIэгъуэнхэм язщ иджыри къэс хуэфэщэн гулъытэ зыхуэдмыщIа «ХъыбарыфIхэр» («Good ­stories») зыфIэзыщыжа тхылъ тыкуэныр.