Махуэгъэпс

Мэрем пшыхь

Чэнджэщ нэхъ хуэныкъуэр чэнджащэрейкъым.
Шыдми и макъыр фIэдахэжщ, армырамэ кIиинтэкъым.

Дунейм щыхъыбархэр

Куржым и лъэпкъ зэкъуэтыныгъэм и махуэщ. 1991 гъэм Куржым и Совет Нэхъыщхьэм унафэ къищтащ я къэралыгъуэр зэфIэгъэувэжыным теухуауэ.
Косовэ Республикэм и Конституцэм и махуэщ

Дунейм щыхъыбархэр

Урысей Федерацэм долларыр къыщамыгъэсэбэпыным теухуа псалъэмакъхэр куэд щIауэ къокIуэкI, иужьрей зэманым абы нэхъ трагъэчыныхь хъуауэ аращ. Псом хуэмыдэу УФ-мрэ США-мрэ я Iуэхур зэIыхьэу щыхуежьа иужьрей илъэсым абы нэхъ егупсыс хъуащ.

ДУНЕЙМ ЩЫХЪЫБАРХЭР

Сабий тхылъым и дунейпсо махуэщ
Урысеймрэ Белоруссиемрэ я лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэщ

Дунейм щыхъыбархэр

Нобэ

Тыркумэным и химие промышленностым и лэжьакIуэхэм я махуэщ
♦1889 гъэм
Франджым и къалащхьэ Париж къыщызэIуахащ гъущIым къыхэщIыкIа чэщанэ телъыджэр. Чэщанэм и конструктор Эйфель Гюстав абы и щхьэ дыдэм щыфIидзауэ щытащ Франджым и къэрал ныпыр. А къэралым и дамыгъэ нэхъыщхьэу къалъытэ ухуэныгъэм иужькIэ фIащащ Эйфель (и унэцIэ дыдэр Бёникхаузенщ) и цIэр.
♦1893 гъэм США-м щыщ Джадсон Уиткомб къигупсысащ щыгъынхэр, вакъэхэр зэрызэгуаблэ, «щыблэ» зыфIаща Iэмэпсымэр.

Мэрем пшыхь

Дунейр чэзущ
♦Дунеижьым и щытыкIам щымыгъуазэр дунеищIэми щыгъуэзэгъуей мэхъу.
♦Дунеижьыр зэрыкIуэр адэжьхэм я гъуэгущ.

Дунейм щыхъыбархэр

УФ-м ЦIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ и министерствэм хамэ къэрал 25-м щыщ студентхэр, аспирантхэр, ординаторхэр, ди деж зэрыщеджэнум щыхуагъэхьэзыр, бзэр щрагъащIэ курсхэм щIэсхэр хуит ищIащ Урысей Федерацэм къихьэну. 

Дунейм щыхъыбархэр

УФ-м Лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ къащхьэщыжынымкIэ и министерствэм зэхилъхьащ IэнатIэ Iут пенсионерхэм я пенсэхэр инфляцэм теухуауэ къэбжыжыным теухуа жэрдэмхэр.

Дунейм щыхъыбархэр

Чехием и Правительствэр егъэгузавэ коронавирус уз зэрыцIалэм я деж зэрызыщиубгъум икIи абы къыхэкIыу къэралым узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм хэкум исхэм къалэн ящищIащ цIыху зэхуэсыпIэхэм щыкIуэкIэ медицинэ нэкIуIупхъуэхэр тIуащIэу яIулъыну.

МЭРЕМ ПШЫХЬ

Пасэрей адыгэхэм нэмысышхуэрэ хабзэшхуэрэ яхэлъу щытащ. Адыгэ хабзэр фадафэ Iэнэми щащыгъупщэу щытакъым. ГуфIэгъуэкIэ цIыхухэр зэхыхьамэ, абы щызэрихьэлIа псори зы гупу зэхэтIысхьэртэкъым. Нэхъыжь здэщыс Iэнэм щIалэгъуалэ щытIысыну хабзэм къезэгъыртэкъым. 

Страницы

Подписка на RSS - Махуэгъэпс