Махуэгъэпс

Дунейм щыхъыбархэр

Министр псори я къулыкъухэм трагъэкI

Ставрополь щIыналъэм и Iэтащхьэ Владимиров Владимир тригъэкIащ крайм и Правительствэр. Министрхэм я кабинетыщIэр щаубзыхунур абы хагъэхьэну зыхуагъэфащэ дэтхэнэ зыри коррупцэм ехьэлIауэ къапщыта нэужьщ, жиIащ губернаторым.

Мэрем пшыхь

УбыхкIэ зэджэ адыгэ лъэпкъ мыиныр тенджыз ФIыцIэм и Iуфэм щыпсэуащ, иджырей Сочи къалэм и Iэгъуэблагъэхэм. XIX лIэщIыгъуэм абыхэм я щIыналъэм хыхьэрт Шахэ, Шачэ, Хъуэст псыхъуэхэр. Я гъунэгъу адыгэ, абазэ лъэпкъхэм убыххэр зэрахэзэрыхьыжам къыхэкIыу, абыхэм я лъахэр здынэсу щытар нобэ къэхутэжыгъуейщ.

Дунейм щыхъыбархэр

УФ-м Наркотикхэм якIэлъыплъынымкIэ и IуэхущIапIэм и лэжьакIуэм и махуэщ
Уней хъумакIуэ агентствэхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ

Дунейм щыхъыбархэр

Урысей Федерацэм и школ псори махуих еджэгъуэм къытрагъэкIыу махуитхукIэ ирагъэджэным хуэгъэкIуэн хуейщ, сабийхэм загъэпсэхуным зэман нэхъыбэ хухахыфын папщIэ. Апхуэдэ жэрдэм къыхилъхьащ УФ-м ФедерацэмкIэ и Советым и УнафэщI Матвиенкэ Валентинэ.

Дунейм щыхъыбархэр

♦Къыргъызстаным и хеящIэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я махуэщ
♦Азербайджан Республикэм щагъэлъапIэ физкультурэмрэ спортымрэ я махуэр

МЭРЕМ ПШЫХЬ

Дахагъэр Тхьэм къыббгъэдилъхьэ тыгъэщ.
•И лъабжьэр дыдж щхьэкIэ и пыкIэр IэфIщ.
•Ныбжьэгъугъэр - IэпкълъэпкъитIым хэт зы псэщ.

Нобэрэ пщэдейрэ

ТхакIуэм и дунейпсо махуэщ
ЩIыуэпс къабзэм и дунейпсо махуэщ
Сабийхэм яхуэгъэза нэтынхэр зыгъэхьэзыр телевиденэмрэ радиомрэ я дунейпсо махуэщ

Дунейм щыхъыбархэр

♦1712 гъэм Пётр Езанэм и унафэкIэ Тулэ къыщызэIуахащ Iэщэ къыщыщIагъэкI завод. Ар Урысейм щыяпэ апхуэдэ IуэхущIапIэт. Абы зиужьурэ Тулэ къалэр къэралым Iэщэ къыщыщIагъэкI и къалэ нэхъыщхьэ хъуащ.

Мэрем пшыхь

Щхьэхынэ

Хъыбар

Дунейм щыхъыбархэр

ЩIыIэм къигъэгузэвауэ

Европэ къэралхэр щIыIэм къыхигъэзыхьу зэрыщIидзэу, Франджым епIэщIэкIыу ищэхуу хуежьащ урысей газыр. «Газпром»-м зэрыщыжаIамкIэ, 2021 гъэр къызэрихьэрэ абы гъэсыныпхъэ щхъуантIэу хуаутIыпщыр хуэдэ зырэ ныкъуэкIэ нэхъыбэ хъуащ.

Страницы

Подписка на RSS - Махуэгъэпс