Дунейм щыхъыбархэр

Нобэ
Жьэжьейм и дунейпсо махуэщ

♦УФ-м Наркотикхэм якIэлъыплъынымкIэ и IуэхущIапIэм и лэжьакIуэм и махуэщ
♦Уней хъумакIуэ агентствэхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ
♦Литвам и къэралыгъуэр щызэфIагъэувэжа махуэщ. 1990 гъэм Литва ССР-м и Совет Нэхъыщхьэм унафэ къищтащ республикэм и щхьэхуитыныгъэм теухуауэ.
♦1931 гъэм СССР-м къыщыхалъхьащ къэралым щыпсэухэм ГТО-м и мардэхэр ягъэзэщIэн хуейуэ.
♦1970 гъэм Испанием щыщ сурэтыщI цIэрыIуэ Пикассэ Паблэ и лэжьыгъэ 800 Барселонэ дэт музейм иритащ.
♦1991 гъэм КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым къищта унафэм ипкъ иткIэ «Ленин гъуэгу» газетым и цIэр «Адыгэ псалъэ» жиIэу зэрахъуэкIащ.
♦1900 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, Куржым щIэныгъэхэмкIэ и академием и академик, СССР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, абхъазыбзэмрэ адыгэбзэмрэ ятеухуа лэжьыгъэхэр зи къалэмыпэм къыщIэкIа Джанашиа Симон.
♦1926 гъэм къалъхуащ РСФСР-м и цIыхубэ артист, Хэку зауэшхуэм хахуэу хэта Юматов Георгий.
♦1948 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Уэщхъун МуIэед.
♦1975 гъэм къалъхуащ бэнакIуэ цIэрыIуэ, Олимп Джэгухэм щэнейрэ я чемпион хъуа дагъыстэн щIалэ Сайтиев Бувайсар.

Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ, уэс къыщесынущ. ЩIыIэр махуэм градуси 5 - 3, жэщым градуси 9 - 7 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:
Арму и унэ лъэбышэщ.

 

 

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

28.11.2026 - 07:13 → НОБЭ
27.11.2026 - 12:22 → НОБЭ
26.11.2026 - 09:30 → НОБЭ
25.11.2026 - 13:40 → НОБЭ
24.11.2026 - 09:00 → НОБЭ