Антикоррупционная линия Главы КБР:
40-89-70, 40-34-32
Нобэ
♦Къыргъызстаным и хеящIэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я махуэщ ♦Азербайджан Республикэм щагъэлъапIэ физкультурэмрэ спортымрэ я махуэр ♦1711 гъэм Пётр Езанэм и унафэкIэ Сенатыр - хабзэубзыху, къэрал Iуэхухэр зэкIэлъызыгъакIуэ орган нэхъыщхьэр - къызэрагъэпэщауэ щытащ. ♦1953 гъэм Сталин (Джугашвили) Иосиф дунейм ехыжащ. ♦1970 гъэм Ядернэ Iэщэм земыгъэубгъуным теухуа зэгурыIуэныгъэм къару игъуэтащ. А зэгурыIуэныгъэм Iэ традзащ дунейм и къэрал щхьэхуит псоми, Израилым, Индием, Пакистанымрэ КНДР-мрэ нэмыщI. ♦1848 гъэм къалъхуащ адыгэхэм я псэукIэм, зэхэтыкIэм куэдрэ тетхыхьа тхыдэдж, жылагъуэ лэжьакIуэ Фелицын Евгений. ♦1911 гъэм къалъхуащ КъШР-м и къэрал лэжьакIуэ, СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутату щыта, Къэрэшей-Шэрджэс автономнэ округым и Адыгэ-Хьэблэ щIыналъэм и унафэщIу лэжьа Къардэн Iэдэм. ♦1931 гъэм къалъхуащ совет уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэу щыта, Урысейм и цIыхубэ артисткэ Миансаровэ Тамарэ. ♦1936 гъэм къалъхуащ футболисту щыта, СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Маслаченкэ Владимир. ♦1950 гъэм къалъхуащ полковник, жылагъуэ лэжьакIуэ, Израилым щыIэ Рихьэние къуажэм и Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Гъыш Самир. ♦1953 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, УФ-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, ЩIДАА-м и академик Бэвыж Мухьэмэд. ♦1961 гъэм къалъхуащ театрымрэ киномрэ я актрисэ, Урысейм и цIыхубэ артисткэ Яковлевэ Еленэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Махуэм хуабэр градуси 7 - 9, жэщым щIыIэр 1 градус щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Щыхьым и бжьэр и бийщ.