ДУНЕЙМ ЩЫХЪЫБАРХЭР

Нобэ

♦Сабий тхылъым и дунейпсо махуэщ
♦Урысеймрэ Белоруссиемрэ я лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэщ
♦1698 гъэм Пётр Езанэр инджылыз парламентым и зэIущIэм щIэсащ. Къэралым и пащтыхьри къызрихьэлIа а зэхуэсым депутатхэр щытепсэлъыхьат щIым налог зэрытралъхьэ хабзэм.
♦1718 гъэм Пётр Езанэм Урысейм къыщызэрегъэпэщ къэралым ехьэлIа щIэпхъаджагъэхэр зылэжьу шэч зыхуащIхэм якIэлъыплъыныр, Хэкум епцIыжахэм я Iуэхухэр зэхэгъэкIыныр зи къалэн IуэхущIапIэр.
♦1792 гъэм США-м къыщызэрагъэпэщащ ахъшэ щащI я япэ IуэхущIапIэр.
♦1833 гъэм дунейм къытехьащ Пушкин Александр и «Евгений Онегин» романыр зэрыт тхылъыр.
♦1906 гъэм Урысейм и япэ Къэрал Думэм и депутатхэр хахащ.
♦1911 гъэм Цагъуэ Нурий Истамбыл адыгэбзэкIэ къыщыдигъэкIащ «Гъуазэ» газетым и япэ номерыр.
♦1922 гъэм Москва къыщызэIуахащ нэгъуэщI къэрал тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр зыщIэлъ япэ библиотекэр.
♦1948 гъэм КIэрашэ Тембот СССР-м и Къэрал саугъэтыр къратащ.
♦1996 гъэм къэралхэм я президентхэу Ельцин Борисрэ Лукашенкэ Александррэ Iэ традзащ Урысеймрэ Белоруссиемрэ я Зэгухьэныгъэр къызэгъэпэщыным теухуа зэгурыIуэныгъэм.
♦1805 гъэм къалъхуащ Данием щыщ усакIуэ, тхакIуэ, таурыхъ телъыджэ куэд зи къалэмыпэм къыпыкIа Андерсен Ганс Христиан.
♦1840 гъэм къалъхуащ франджы тхакIуэ-романист Золя Эмиль.
♦1916 гъэм къалъхуащ совет джаз музыкант, дирижёр, композитор, РСФСР-м и цIыхубэ артист Лундстрем Олег.
♦1928 гъэм къалъхуащ циркым и артист, хьэкIэк­хъуэкIэхэр зыгъасэу щыта, РСФСР-м и цIыхубэ артист Запашный Вальтер.
♦1946 гъэм къалъхуащ кардиохирург Iэзэ, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ Урысей академиемрэ Урысейм щIэныгъэхэмкIэ и академиемрэ я академик Акчурин Ренат.
♦1932 гъэм къалъхуащ журналист, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ АфIэунэ Раисэ.
♦1937 гъэм къалъхуащ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и механизатор Дадэ ХьэмытIэ.
♦1944 гъэм къалъхуащ бзэщIэныгъэлI, филологие щIэныгъэхэм я доктор Абдокъуэ Iэуес.
♦1990 гъэм къалъхуащ урысей гимнасткэ, Олимп Джэгухэм тIэунейрэ щытекIуа Канаевэ Еленэ.

Дунейм и щытыкIэнур

   «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ, уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градуси 9 - 10, жэщым градуси 5 - 6 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Бланэм и лъагъуи и убыди зы хъуркъым.

 

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

28.11.2026 - 07:13 → НОБЭ
27.11.2026 - 12:22 → НОБЭ
26.11.2026 - 09:30 → НОБЭ
25.11.2026 - 13:40 → НОБЭ
24.11.2026 - 09:00 → НОБЭ