Антикоррупционная линия Главы КБР:
40-89-70, 40-34-32
Мэлыжьыхьым и 9, мэрем
♦Куржым и лъэпкъ зэкъуэтыныгъэм и махуэщ. 1991 гъэм Куржым и Совет Нэхъыщхьэм унафэ къищтащ я къэралыгъуэр зэфIэгъэувэжыным теухуауэ. ♦Косовэ Республикэм и Конституцэм и махуэщ ♦1667 гъэм дунейм щыяпэу гъуазджэм и произведенэхэм я дунейпсо выставкэ Париж къыщызэIуахащ. ♦1699 гъэм Пётр Езанэм унафэ ищIащ «Москва и уэрамхэр къабзэу щытыным кIэлъыплъынымрэ ахэр къэзыуцIэпIхэм тезыр ятелъхьэнымрэ теухуауэ». ♦1928 гъэм Тыркум и дин нэхъыщхьэу щагъэуващ ислъамыр. ♦1940 гъэм нацист Германием и дзэхэр Норвегиемрэ Даниемрэ изэрыгуащ. ♦1945 гъэм советыдзэхэм Кёнигсберг къалэ-быдапIэр (иджы Калининградщ) яубыдащ. ♦1946 гъэм СССР-м и Министрхэм я Советым къищтащ ЩIэныгъэхэмкIэ академием и лабораторие №2-р къызэгъэпэщыным теухуа унафэ щэхур. Новгород Ищхъэрэ областымрэ Мордовиемрэ я гъунапкъэм хуэзэ а IуэхущIапIэм, Арзамас-16 жыхуаIэм, совет ядернэ Iэщэр щащIын хуейуэ къалэн яIэт. ♦Совет актёр, РСФСР-м и цIыхубэ артист Сафонов Всеволод къызэралъхурэ илъэс 95-рэ ирокъу. ♦Франджы актёр цIэрыIуэ Бельмондо Жан-Поль и ныбжьыр илъэс 88-рэ ирокъу. ♦Къэрал къулыкъущIэ, УФ-м и Правительствэм и УнафэщIу щыта Черномырдин Виктор къызэралъхурэ илъэс 83-рэ ирокъу. ♦Биологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Азэмэт Лалушэ и ныбжьыр илъэс 83-рэ ирокъу. ♦Литературэдж, критик, къэрал лэжьакIуэ, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор Тхьэгъэзит Юрий и ныбжьыр илъэс 74-рэ ирокъу. ♦Тыркум щыщ Къайсэр вилайетым и губернатору щыта Джамбулэт (Яхэгуауэ) Нихьэт и ныбжьыр илъэс 67-рэ ирокъу.
Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх мащIэ къешхыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 14 - 16, жэщым градуси 6 - 8 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Бжэн щынэ къилъхуркъым.