Литературэ

УсакIуэхэм я жэрдэмкIэ

ИлъэсыщIэ зыгъэпсэхугъуэхэм ирихьэлIэу, Чувашиемрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Iэ традзащ ныбжьэгъугъэр зэрагъэбыдэнум, зэрызэдэлэжьэнум. Абы и щIыхькIэ Чебоксары къалэм къыщызэрагъэпэщащ «Чувашиемрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ я зэныбжьэгъугъэ» зэгухьэныгъэр. Ар я жэрдэмщ Чувашием и цIыхубэ усакIуэ Тургай Валерийрэ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Беппаев МутIэлипрэ. 

Жэнэтбзу

Iуэтэж

«Гузэсэжын»

Iуэтэж

Нэчыхьытх къэкIуэнухэм пэплъэу пэшым щIэс   гупым зылI къахэпсэлъыкIри, «сэ фызэмыдэIуэн гуэр фезгъэдэIуэнщ», - яжриIащ. ЖьантIэм дэс нэхъыжьым ар щызэхихым: «Тхьэ соIуэ, Мухьэжид, ар гупыж пщIыуэ къыщебгъэжьакIэ, гъэщIэгъуэн гуэру гурыщхъуэ сощIмэ, къэIуатэ мыдэ», - къритыжащ жэуап.

Зы уэрэдым и хъыбар

«В лесу родилась ёлочка» уэрэд цIэрыIуэр цIыкIуи ини ящIэ. Мы гъэм илъэси 119-рэ ирокъу ар зэратхрэ.

ЦIыхупсэм иущэхур къытхузэIузых

Нобэрей адыгэ прозэм езым и гъуэгу щыпхишыжауэ, цIыхумрэ зытет дунеймрэ зэрызэхуэхъур, а цIыхум езым зэрызилъагъужыр, бгъэдэлъ Iулыджыр, и гущхьэгъэсэкIэ хъуар къыхэщу тхыгъэ дунейм къытезыгъэхьэ тхакIуэхэм IупщI дыдэу къахощ Мэкъуауэ Амир. 

ИлъэсыщIэ жэщ

Таурыхъ
Инал цIыкIу илъэситху ирикъуа къудейт. ЦIыкIуми, жыIэщIэт, нэхъыжь и псалъэ тIу ищIыртэкъым.
ЩIымахуэ пщэдджыжьым и адэр жьыуэ лэжьапIэм дэкIати, и анэмрэ езымрэт унэм щIэсыр. ЩIалэ цIыкIур жьыуэ къэушщ, пщэдджыжьышхэ ищIри, щхьэгъубжэмкIэ дэплъу тIысащ. ИтIанэ, зы гупсысэ гуэрым къару къызэрыхилъхьар къапщIэу, и анэм бгъэдэлъадэри елъэIуащ: «Си ныбжьэгъухэм я макъ зэхызох, Iэжьэежэх ежьауэ арагъэнщ. Сэри сыкIуэ хъуну? Зызгъэгувэнтэкъым!»

И тхыгъэхэр ноби зэIэпах

Фэеплъ

КъБАССР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ КIэщт Мухьэз Хъусин и къуэр къызэралъхурэ дыгъэгъазэм и 25-м илъэс 85-рэ ирокъу.

НАРТЫХУ ДЭЧ

  (рассказ)

Лусэрэ Iэсэрэ игъащIэми жагъуэу зэрылъагъуркъым. Зыр егъэджакIуэщ, адрейр дэрбзэрщ. ЖыпIэкIи пхуэмыIуэтэну, я лэжьыгъэм къыщыдэхуэ зэман мащIэ тIэкIум а тIум къагъэхьэрычэтым ущIэмыупщIэ. АтIэ, мис а «хьэрычэтырщ» а тIур нэхъри нэхъ гъунэгъу зыхуэзыщIыр. Нышэдибэ жьыуэ, школым кIуэн и пэ, Тамарэ Iэсэ и деж къежэкIащ.

- Нобэ нартыху дэч кIуэну хуейхэр къыхатхыкIыну школым нэкIуэнущи, I гектар тIуми дыдейуэ къеIысхынщ.

Iэси абы арэзы техъуащ, щIымахуэр кIыхьщ, Iэщымрэ джэдкъазымкIэ хъарзынэкъэ, жыхуиIэу.

Анэ

Бгы нэпкъ къыгуэудам, уэс къесагъащIэ теса фIэкIа умыщIэну, нурыр къызыщхьэщих сабий хужьыбзэ магъри тесщ. Сабийм и нэм къыщIэж нэпсхэр зытеткIуэ щIыр кърилыгъукI хуэдэщ. 

Жьы Iубыгъуэр щызу

Сэ тIэкIу-тIэкIуурэ къэзгъэунэхуауэ губгъуэ кIыхьыжьу мэзыр къызыхуеплъыхым къыщызокIухь, Тумэ зыфIэсща унагъуэхьэр и нэхъыбэм си гъусэу.

Страницы

Подписка на RSS - Литературэ