|
Литературэ
30 ноября, 2022 - 16:20
Ди гъунэгъу Сэрэж дадэ хъыбар жебгъэIэжу убгъэдэсыныр куэд и уасэщ. Абы имыщIэр укIуэдыж, жыхуаIэм хуэдэщ.
28 ноября, 2022 - 15:00
Ди газетым хъыбар зэрытетащи, Анэдэлъхубзэр хъумэным хуэунэтIауэ Къэбэрдей-Балъкъэр республикэм и Жылагъуэ палатэм иджыблагъэ зэIущIэ иригъэкIуэкIащ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, мыбы пэублэу икIи убгъуауэ къыщыпсэлъащ егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ министр Езауэ Анзор, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, зи лэжьыгъэр бзэм егъэщIылIа щIэныгъэлIхэр, егъэджакIуэхэр.
28 ноября, 2022 - 12:23
СызэрыцIыкIурэ бгым къыщыскIухьын сфIэфIт. Ар зыгуэрым жесIэмэ, къысщыдыхьэшхынкIэ сышынэрти сыбзыщIырт, ауэ сэ бгыхэм къыщыскIухь къудейтэкъым, сэ абыхэм сепсалъэрт. Ар зыхэзымыщIам къыгурыIуэнукъым а Iуащхьэ лъагэхэм я губзыгъагъымрэ абыхэм яхэлъ къарум я инагъымрэ.
26 ноября, 2022 - 08:38
Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ къыщыдэкIащ Къэзанокъуэ Жэбагъы теухуа тхылъыщIэ. Ар зэхэзыгъэувар Къэбэрдей-Балъкъэрым гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым IуэрыIуатэмкIэ и секторым и унафэщI Гъут Iэдэмщ.
24 ноября, 2022 - 16:30
Апхуэдэу фIищатэмэ, купщIэм техуэнт, жыпIэну, иджыблагъэ дунейм къытехьащ КIэбышэ Лилэ и тхылъыщIэ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, нэгъабэ фи пащхьэ нитлъхьауэ щытащ «Бахъсэн аузым пшагъуэр щхьэщытщ» зыфIища повестыр. Мы къыдэкIыгъуэм, абы къищынэмыщIауэ, ихуащ «Илъэс 50-кIэ сымаджэщым» рассказымрэ «Розэ хужь» повестымрэ.
24 ноября, 2022 - 13:00
Дунейм лъэпкъыу тетым езым я тхыбзэ зэраIэм хуэдэу, я художественнэ литератури яIэжщ. Ауэ жанр щхьэхуэу ар зэрызэфIэувам и тхыдэр жыжьэ къыщожьэ. Ар жэз лIэщIыгъуэм тхыбзэ зыгъуэтауэ щыта Месопотамие къэралыгъуэм, нэхъ иужькIэ Мысырым ди лъэхъэнэм ипэкIэ илъэс миниплIкIэ, минищкIэ узэIэбэкIыжмэ, зэфIэувэн щыщIидзауэ хуагъэфащэ.
22 ноября, 2022 - 12:52
Журналист лэжьыгъэм цIыху гъэщIэгъуэн куэд къыуегъэцIыху. Къэралым зэхъуэкIыныгъэхэр щыщекIуэкI зэманым щыгъуэ къэсцIыхуа, хамэ къэрал щыщ зы цIыху гъэщIэгъуэнщ зи гугъу фхуэсщIынур. Ар Пекин къикIа, Мэзкуу къалэ къыщысцIыхуа, илъэс щэныкъуэ зи ныбжь, Китайм и зы еджапIэ нэхъыщхьэм урысыбзэм щыхуезыгъаджэ щIалэт. Лю Цзинь День - арат абы зэреджэр. АпхуэдизкIэ и теплъэкIи, и хьэл-щэнкIи, и зыхуэпэкIэкIи ар къызэрыгуэкIти, зэ еплъыгъуэкIэ фIэщ щIыгъуейт абы щIэныгъэшхуэ бгъэдэлъу, тэрмэшу лажьэу, студентхэр институтым щригъаджэу. Абы и щэхур къэфщIэнщ мы тхыгъэм фыкъеджэмэ.
17 ноября, 2022 - 13:44
Революцэм и пэкIэ нэмыцэбзэмрэ франджыбзэмрэ пщIэныр, урипсэлъэныр Iуэхугъуэ къызэрыгуэкIт урыс тхакIуэхэм я дежкIэ. Ауэ бзэ куэд пщIэныр, урипсэлъэныр, тхыгъэ ириптхыныр е нэгъуэщI лъэпкъхэм я тхакIуэхэм ятхахэр урысыбзэкIэ зэбдзэкIыныр ехъулIэныгъэшхуэу къалъытэрт. Урыс тхакIуэшхуэхэм яхэтщ бзэ куэд зыщIэхэр. Нэхъыбэми, бзэхэр езыр-езыру яджыжат.
17 ноября, 2022 - 10:31
УФ-ми КъБР-ми щIыхь зиIэ я артист, Музыкэ театрым и уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, илъэс 30-м щIигъуауэ республикэ, къэрал театр гъуазджэр зыгъэбей, зи гукъыдэжымрэ дэрэжэгъуэмкIэ цIыхубэм ядэгуашэ Батыр Мухьэдин и ныбжьыр илъэс 65 зэрырикъур иджыблагъэ игъэлъэпIащ.
Страницы
|