Литературэ

ЦIыхуфIым теухуа хъыбар зыбжанэ

Хэт щапхъэ зытепхынур? А упщIэм жэуап куэд ептыфынукъэ? ЦIыхуитI зыдэплъейр зэхуэдэкъым. Хьэл-щэн дахэкIэ дунейпсо цIыхубэм хэIуахэм  язщ Мубарэк и къуэ Абдулыхь. ЦIыху дахэм теухуа хъыбар зыбжанэ дигу къыдогъэкIыж.

Бажэм и бзаджагъэр

Пэжи пцIыи - сытми, зы мэзыжь гуэрым щызэхуозэ Мыщэр, КхъуэпIащэр, Дыгъужьыр, Бажэр. Зэхуозэ, щакIуэ пщыIэу зэгуохьэри, зы банэ Iув гуэр хэщIапIэ ящI, щакIуэу ирагъажьэ. КъащэкIур зэдашхыну зэгуроIуэ. Бажэр дзыгъуэ йощэ, Дыгъужьыр щыхьым йощакIуэ, КхъуэпIащэм мышхумпIэ къелъыхъуэ, Мыщэжьым мэракIуэ ешхри хэтщ. ЗикI, я Iуэхур хъуркъым.

Щхьэлыкъуэ къуажэм и тхакIуэ-усакIуэхэр

Псоми зэращIэщи, мы жылэм усакIуэ, тхакIуэ, уэрэдус хъарзынэхэр къыдэкIащ. Апхуэдэщ КIыщокъуэ Алим, Бахъуэ БетIал, Брай Адэлбий, Мэзыхьэ Борис, Апажэ Ахьмэд, Елгъэр Кашиф, Къуныжь ХьэIишэт, Бэлагъы Любэ сымэ.

ДжэгуакIуэхэм я пцIы упсыкIэр

Пасэрей зэманым джэгуакIуэкIэ еджэу щыIащ уэрэд яусу, пшынэ еуэу, зыкъагъэлъагъуэрэ цIыхухэр ягъэдыхьэшхыу.

Къуиижь ЦIыкIу Бажэр къуэш зэрищIар

Еуэрэ-еуэрэт, жи, Къуиижь ЦIыкIу жаIэри зы бзаджэжь цIыкIу псэурти, лэжьэгъуэм деж сымаджэ хъурти, гъуэлъырт, шхэгъуэр къэсмэ, хъужырти, къэтэджыжырт. Ар еужэгъу и анэми, къохъурджауэ:
 - Уи ныбжьэгъухэр лIы хъури хыхьэжащ, уэ, щIалэшхуэ брагъуэр, кIэн уоджэгури къыбокIухь, - НэгъуэщI мыхъуми, сызэрыпщэфIэн пхъэ къысхуэпшэм хъуркъэ!

Шэрджэс усакIуэхэр

Къэрэшей-Шэрджэсым щыпсэу адыгэхэм я усыгъэр куущ ик1и бейщ. Ауэ гу лъытапхъэщ 90 гъэхэм («зэман зэблэкIыгъуэм») абы хэщIыныгъэ зэриIам. Ныбжьышхуэ къамыгъэщIауэ дунейм ехыжащ Iэзагъ ин зыбгъэдэлъа усакIуэхэу Нэхущ Мухьэмэд (1944 - 1994), Бемырзэ Мухьэдин (1948 - 2007), Пхъэш МуIэед (1949 - 2000) сымэ.

Адыгэбзэу къытщыхъу мыадыгэбзэ псалъэхэр

КIэрашэ Тембот и «Шу закъуэ» романым нэгъуэщIыбзэхэм къыхэкIауэ къыщыхьа псалъэхэр къэдгъэсэбэпу, къывэдгъэщIэжыну дыхуейщ хамэбзэхэм щыщ псалъэ зыкъом, махуэ къэс къэдгъэсэбэпу.
Азэн (хьэрып) - призыв к молитве, провозглашаемый духовным лицом. Къуажэм азэн джапIэ лъагэм зыкъыщеIэт, нэгъуэщI жылэ иджыри къэс щилъэгъуакъым Ерстэм азэн джапIэ.
Акъыл (хьэрып) - ум, рассудок. ЦIыхум гупсысэну Iэмал къезыт зэфIэкI. ЛIыгъэмрэ акъылымрэ цIыхур егъэдахэ, аращи, Батыми гушыIэ делэ зыутIыпщым ящыщкъым, дыхьэшхрейуи плъагъуркъым.

Зы ажэжь, зы бжэныжь, зы чыцI цIыкIу

Еуэрэ-еуэрэт, жи: Нал жаIэри зы лIыжь цIыкIy щыIэти, и гъащIэр жьэгум дэсу ихьырт, и лъакъуитIыр яжьэм хэгъэлъэдауэ. Абы иIэт зы Ажэжь, зы Бжэныжь, зы ЧыцI цIыкIуи, пшэдджыжь къэсыху губгъуэм дэкIырт аби, жэш хъуху хъуакIуэрти, пщыхьэщхьэхуэкIуэу къыдыхьэжырт; къызэрыдыхьэжарауи Нал къаджэрт, бжэныжьыр щIишэрт аби, къишырт, абы къыщIиш тIэкIур и Iycy езыри псэурт.

Мэзытхьэм и пхъур

Си щIалэгъуэрэ си фыз къэшэгъуэ дахэу ныбжьэгъу гуп си гъусэу, деуэри, хьэжэбажащэ дыкIуат. ДыщакIуэу мэзым дыздыщIэтым, сыкIэрахъуэри си гъусэхэр сфIэкIуэдащ. Ахэр, къэслъыхъуэжу къыздэскIухьым, сыплъэри зы бажэ ахъырзэман и гъуэм къипщарэ памэу къикIухьу солъагъу. Си фочыр къэзгъапкIэри, тезгъэпса щхьэкIэ, уакъым. «Мы игъащIэм убзэщхъу зи мыхабзэр щхьэ убзэщхъуауэ пIэрэ?» – жысIэри аргуэру къыщызгъапкIэм, си пыIэр зыгуэрым сщхьэрихащ. Сыдэплъеймэ – и анэ къызэрилъхуам хуэдэу пцIанабзэу зы хъыджэбз жыгым къытесщи:
 – Уемыуэ, – жи абы. – Ар си дэлъхущ.

ТхакIуэ ухъуну тыншыбзэщ

Чехов Антон 1884 - 1885 гъэхэм итхауэ хуагъэфащэ нобэ зи пычыгъуэ фи пащхьэ итлъхьэ тхыгъэр: «Тхэн щIэзыдзагъащIэхэр зыхуэсакъыпхъэ хабзэхэр». 

Страницы

Подписка на RSS - Литературэ