Литературэ

Шэрджэс Владимир

Адэжь Хэку

Хэкур – ар уэшхышхуэм и ужькIэ къепсыж дыгъэ хуабэщ,

Жьыуэ тэджауэ, гъавэм елэжь мэкъумэшыщIэрщ,

ЖэщкIэрэ уафэ кIыфIым къыщыблэ вагъуэщ,

Бийм пэува зауэлIым хьэлу Iыхьэ езыт анэщ.

Псынэ къабзэщ ар, зэрылъэлъу дыхьэшх псыкъелъэщ,

Губгъуэм ит жыгей инщ ар, зэщIэгъагъэ жыг хадэщ,

Къуалэбзухэм я уэрэдыр зыщхьэщыт ныджэ инщ.

Щащыху хужьыр и ныджэм телъщ щIымахуэм темыкIыу,

Удз уфафэм гъэмахуэм яуфэбгъу губгъуэ инщ ар,

КъыщIафыкI щIым а удзхэм гъащIэ зыт и хъугъэпсхэр;

ПIэхэнэ

Iуэтэж
ЩIыбым дэт гъуэлъыпIэм илъ сымаджэм и щхьэщыгум зы ба­дзэ щоуфэразэ, къарууншэ хъуа цIыхур зэпеплъыхь. ИгъэщIагъуэ хуэдэщ: «Иджыри къэс сэ сыщышынами, иджы езыр сэ нэхърэ ­нэхъ къарууншэ хъуащ»!
Сабийм и щхьэм бадзэ хутехужмэ, цIыху хъуауэ къалъытэ. Ауэ Iуэхум я нэхъ гугъур къызэмыхьэлъэкIыу щыта цIыхубзым и щхьэм бадзэ хутемыхужу хъумэ - щэ?.. Бзылъхугъэр мыдыму щылъщ, нэкIэ бадзэм кIэлъоплъри. Абы сымаджэр тригъэуи хуэдэщ - и щэIуныр зэпыуащ.

Лъэхъэнэм и джэрпэджэжхэр

«Мстиславрэ Редадэрэ: илъэс минхэм къапхыкI еп­лъыкIэ» - аращ зэреджэр Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ къыщыдэкIа тхылъ гъэщIэ­гъуэным. 

ФIыуэ слъагъум и нэ щIыхухэр

Новеллэ
ЛIым зыдгъэлъагэ пэтми,
Я лъэгуажьэм ди жьакIэр нэскъым…

Агънокъуэ Лашэ.

И Iэзагъыр къигъэлъэгъуэну хунэсащ

Къэбэрдей прозэм и фIыпIэм и гугъу щащIкIэ, хабзэ хъуауэ, Нало Жансэхъу и тхыгъэхэм къыщыщIадзэри, адэкIэ ягу къагъэкIыж ЩоджэнцIыкIу Алий и «Кхъужьей щIагъымрэ» «Хьэжыгъэ пут закъуэмрэ».

Нэпс

ПщIэжрэ щIымахуэр? ЩIымахуэ нэкIу тхъуэплъыр, укIытэхыр… Ди зэхуэзэр…
Iэпэлъапэр писыкIыу дунейр щIыIэми, гур хуабэт. Игъэхуабэрт, игъэIэфIырт ар гуапагъэм. Уи нэхэм къащIих гуапагъэм. Къысщыхъурт ахэр уи гум и теплъэр къэзыIуатэ хъыбарегъащIэу, лIыкIуэу. Арати, уи нитIым сыщIэгъуэщащ. Срашащ абыхэм уи гум и лъахэм. Дыгъэпсыр къызэпкIыхащ, псынэпс къабзи сIубгъэхуащ. ХьэщIагъэ къызэпхащ. Аркъудейщ. Уи деж сыщыхьэщIауэ арати, си ежьэжыгъуэр къэсри… ппэIэщIэ сыхъужащ. 

Бжьыхьэр къыщыджэкIэ…

Лъэ макъ щабэ бзыщIакIэ бжьыхьэм утыку зыкъещI. Жыгхэр зэм зоIущащэ, зэм къызэдофэ, зэми жьыбгъэр къудамэ шэщIахэмкIэ ялъахъэри, хадэм ирагъэблагъэ, жаIэхэм щIагъэдэIу. Жыгхэм зэдагъэщIагъуэхэр жьыбгъэм иIуэтэжынущ. Зэман кIыхькIэ ишэщIми, жыжьэ нихьэсми, псалъэ лей темыкIуадэу, гухэм зыхащIэу. 

Бжьыхьэр нэщхъейщ

Налъэ-налъэу зэхуэсхьэса гъащIэм бжьыхьэ уэшхыр хошхэ. ТкIуэпс щIыIэхэм къыхагъэскIыкI гъащIэр сымаджэ мэхъу. Къоуз гугъэфIкIэ гъэнщIауэ щыта зэманыр зэрыблэкIар, махуэ жагъуэхэм я уIэгъэхэр, гущIэм куууэ хыхьа гукъеуэхэр. Узхэм ягъэхыщIэ гъащIэм и псэр пыт къудейщ. Зихъумэжыфакъым… Гу пцIанэр псалъэ хьэулейхэм кIуапIэ ящIри, зэхауIухьащ. Абы гъащIэми фIы щIихакъым. ИтIани ар хуейкъым ужьыхыну, дунейм къыхуохъуапсэ…

И напэ емыплъыжу лъэбакъуэ зымыча

Зи гуащIэм утепсэлъыхькIэ пхуэмыухщ, пщIэуэ хуэпщIымрэ зэрыбгъэлъапIэмрэ къилэжьым ефэгъуэкI зэпытщ тхакIуэ, усакIуэ, драматург, сурэтыщI IутIыж Борис. 
Борис и тхыгъэхэр гъуэзэджэщ, и адыгэбзэр шэрыуэщ, унэтIыныгъэ IэджэкIэ и зэфIэкIыр инт, и цIыху щIыкIэри гъэщIэгъуэныщэт. Сыт хуэдэ жанрым хэмылэжьыхьами, сыт хуэдэ тхыгъэ къимыгъэщIами, сыт хуэдэ Iуэхум зримыпщытами, дэтхэнэри нэгъэсауэ, псалъэ лей хуэныкъуэу зэфIихырт абы.

АДЫГЭ УСЫГЪЭМ И ДЫГЪЭ

ЩыIэщ сыт хуэдизрэ и гугъу пщIыми, хужыпIэн бгъуэт цIыхухэр. Абыхэм ящыщ зыщ илъэс 40 фIэкIа къэзымыгъэщIа, ауэ лъэпкъ литературэм лъагъуэ хэмыгъуэщэжын къыхэзына, абы къыхэкIыу «адыгэ усыгъэм и дыгъэкIэ» уеджэну къэзылэжь усакIуэ ЩоджэнцIыкIу Алий Iэсхьэд и къуэр. 

Страницы

Подписка на RSS - Литературэ