|
Литературэ
22 июля, 2022 - 13:00
Газетым къыхэгъэжа сурэтхэр, статья зэхуэмыдэхэр, открыткэ гъэщIэгъуэнхэр Хьэсэнбий хуэсакъыурэ пхъуантэ цIыкIум къыдехри, къэзыухъуреихьа цIыхухэм ярегъэлъагъу:
- Мыр Темырщ, ар спортсмен Iэзэщ. Сыт хуэдиз зэпеуэхэм щытекIуа ар.
21 июля, 2022 - 15:45
ПщыукI Латмир I975 гъэм Къулъкъужын къуажэм къыщалъхуащ. Латмир и япэ тхылъыр езыр иджыри школым щIэсу дунейм къытехьащ. Тхылъым фIищащ «КъуэкIыпIэ пшэплъ».
21 июля, 2022 - 13:41
Сэрыншэу я гъащIэр нэхъыфI хъуну къызыщыхъуу,
IэщIыб сызыщIа псори щIемыгъуэжын Тхьэм фищI!
20 июля, 2022 - 09:55
Теплъэгъуэ
МышхуэфI Хьидхэ Iэджэ щIауэ зэрахуэ я жэм бжьэкIэрэф къуэхужьым, пщыхьэщхьитI-щы япэкIэ Iуэм яхуимыхьэжу, хьэблэ псор хьэзаб хигъэтащ. Ар яфIэгъэщIэгъуэну, цIыкIуи ини къеувэкIауэ хьеуаным зэрызищIым еплъырт.
- Мыжь, мыжь, - жиIэурэ Хьид, лIы гъум фIыцIэ цIыкIур, жэмым и гъуэбзиикIэм башкIэ мащIэу теуIуэрт. Къуэхужьыр, зрилъэфыхьурэ, Iуэ ихьэпIэм екIуалIэрт, итIанэ, бжэм и щхьэр зэрынэсу, фIалъэкIэ щIым теуэрти, псы пэгун зытракIам хуэдэу, лъэныкъуэкIэ зридзэкIырт, иужь итхэр кIий-гуоуэ къызэхинэрти, щIэпхъуэжырт…
15 июля, 2022 - 13:55
ЩIагъыбзэ
ХьэмтIэлиф и пхъурылъху ШэIимэт унагъуэ зэрихьэрэ зы тхьэмахуэ хуэдэ дэкIауэ и ныбжьэгъу Хьэждаут телефонкIэ псэлъащ.
- Уи махуэ фIыуэ, ХьэмтIэлиф! Сыт фыхуэдэ?
- Ууейри нэхъыфIыжу, Хьэждаут! ДыIейкъым.
- Уи пхъурылъху цIыкIур ебгъэша хуэдэщ. СынакIуэу сынохъуэхъуну арат.
- Абы щхьэкIэ гугъу зумыгъэхь. Уи гуапэ хъуамэ укъэмыкIуэ, уи жагъуэ хъуамэ къакIуэ.
14 июля, 2022 - 12:51
Зы тхьэмахуэ гуэрым ди гъунэгъу лIыжь Бэлахъуэрэ сэрэ фоч зэгуэтыжь зырыз къатщтэри мэзым щакIуэ дыкIуат. ДыщIэкIуар Iэмал имыIэу зы бланэ гуэр къэдукIынщи и лыр къэтхьынщ е зы хьэкIэкхъуэкIэ гуэрым и фэр къэтхьынщ жытIэу артэкъым. ДыхущIыхьэрти, ди нэгу зедгъэужьынщ, мэз псэущхьэхэм я дунеяфэм деплъынщ жытIэри арат. АрщхьэкIэ, ди жагъуэ зэрыхъунти, шэджагъуэнэужь хъуху лъакъуиплI щIэту зы псэущхьи дытеплъакъым, пэжщ, хьэ цIыкIу тщIыгъум лъакъуиплI щIэтт, ауэ абыи банэ хэуауэ и зы лъакъуэр щIагъуэу къыдэбзыртэкъым.
14 июля, 2022 - 10:46
ТхакIуэ, журналист Брай Адэлбий къызэралъхурэ илъэс 85-рэ щрикъум ирихьэлIэу
13 июля, 2022 - 14:55
Дерсыр сщIыжу сыздэщысым, Iэуэлъауэ гуэр зэхызох. Сысакъыпэурэ сызэплъэкIмэ, и нэ хъурей цIыкIуитIыр къицIыщхъукIыу, дурэшым дэсщ зы дзыгъуэ цIыкIу, сэхуран еIункIри.
Ар зэрыслъагъуу, си гур, къилъэтыным хуэдэу, къеуэу щIедзэ. Хуэм дыдэурэ зыкъэсIэтщ, бжэр ездзылIэри, блыным сыкIэрыувэжащ.
8 июля, 2022 - 09:55
Новеллэ
Машинэ гъэщIэрэщIахэр, удз гъэгъахэр, дыхьэшх макъ, уэрэд, къафэ… ХьэгъуэлIыгъуэр лъэбакъуэшхуэкIэ унагъуэм къыдохьэ. А махуэ лъапIэм щыгуфIыкIыу бжьыхьэ дыгъэри, щыгъыным я нэхъыфIыр щыгъыу хьэщIапIэ къэкIуащ. Абы и «гуфIэкIэр» зыхуэбгъэдэныр нысащIэм и теплъэрщ. Дыгъэм зыдащIу жыгхэри щIэращIэщ. Уеблэмэ, машинэпэм тес къупщхьэ гуащэм и «гу щIыIэри» къэткIужащи, погуфIыкI. Насыпыр псы Iэрышэу йожэхри, ар зылъагъу псоми зыхагъэпскIыхь…
6 июля, 2022 - 14:20
Iуэтэж
ЗэрыджэкъуэкIэ зэджэ къуэ кIуэцIым куэд лъандэрэ зы бажэжь цIыкIу щыпсэурт. Бажэ псори хьилэшыщ, дырийпсырийщ, пцIыIуэпцIышэщ. Ауэ мыр зыми хуэмыдэжу бзаджэт, езым нэхърэ нэхъ къарууншэхэр щIигъэIэрт.
Страницы
|