ПщIэ зыхуэфащэ

ТхакIуэ, журналист Брай Адэлбий къызэралъхурэ илъэс 85-рэ щрикъум ирихьэлIэу
 

Нэхъыжьыгъуэр сэ сIыгъми, ныбжькIэ зэрыдгъэхьышхуэ щымыIэу, зы школ дызыдыщIэсащ Брай Адэлбий сэрэ. Пэжщ, сагъэлэжьэн папщIэ сыкъыщIашыжым - сафIыщIэтIысхьэжурэ (дауи, абы зауэм и зэранышхуи хэлъщ) сызэреджам къыхэкIыу, епщIанэ классыр къыщызухар I955 гъэращ. Адэлбий зы илъэскIэ ди япэ итащ. Ауэ абырэ сэрэ щIэх-щIэхыурэ дыщызэхуэзэрт сэ зыкъомрэ сызиунафэщIу щыта еджакIуэхэм, комсомол организацэхэм я комитетхэм. Брайр нэхъыфI дыдэу еджэхэм ящыщт. Ар къуей-щIеигъэ зыхэмылъ щIалэ Iэсэт, гъэсат. ЕгъэджакIуэхэм сыт щыгъуи ар щапхъэу къахьырт. КъуажэкIэм нэскIэ никIрэ пэт, Адэлбий зэи къыкIэрыхуртэкъым. Зауэ нэужь илъэсхэр шэджэладжэу щытами, и адэр зауэм хэкIуэдами, ар къабзэлъабзэу хуэпат. И щыгъынкIи, и тетрадхэмрэ тхылъхэмкIи нэхъыфIыIуэу зэгъэпэщахэм ящыщт. Дауи, абыкIэ фIыщIэр зыбгъэдэлъыр зи кIэтIийр зи вакъэ лъэпсу и сабийхэм ятелажьэ фызабэ тхьэмыщкIэрат. ЩIалэ цIыкIуми ар къыгурыIуэрти, и анэм и гугъуехьыр имыгъэкIуэду еджэрт. ЗэрыжысIащи, нэхъ еджакIуэфI дыдэхэм ящыщт.
 Адэлбий школ программэм къриубыдэмкIэ зи Iуэхур зэфIэзыгъэкIхэм хуэдэтэкъым - ар щыплъагъурт библиотекэхэми. Езым хэIущIыIу зимыщIми, къыдеджэхэм жаIэрт абы усэ зэритхыр. Iуэхур апхуэдэу зэрыщытыр псоми къыщытщIар Адэлбий I954 гъэм еджапIэ нэхъыщхьэм щIэтIысхьа нэужьщ. А илъэсхэм адыгэ литературэм гупышхуэу къыхыхьа усакIуэ ныбжьыщIэхэм ящыщщ Брайри. Пединститутым, итIанэ университетым щыщIэса гъэхэм Адэлбий и усэхэр щIэх-щIэхыурэ къытехуэрт газетхэм, журналхэм, усакIуэ ныбжьыщIэхэм я тхыгъэхэр щызэхуэхьэсауэ къыдагъэкI тхылъхэм.
 Зи усэхэмрэ рассказхэмкIэ тхылъеджэхэми, тхакIуэ нэхъыжьхэми, критикхэми фIыуэ къацIыхуа Брай Адэлбий къыдигъэкIыу щIедзэ езым и тхыгъэхэр щызэхуэхьэса тхылъ щхьэхуэхэр. Зым зыр кIэлъыкIуэу, адыгэбзэкIи урысыбзэкIи. Абыхэм яхуэфащэ пщIэи ягъуэт. Сэри сыщогуфIыкI дыгъуасэ школым къыздыщIэса си къуажэгъу щIалэм иIэ ехъулIэныгъэхэмрэ абы хужаIэ псалъэ гуапэхэмрэ. Адыгэ къуажэхэм ящыщу ди къэралым и ТхакIуэхэм я союзым хагъэхьауэ нэхъыбэ дыдэ къызыдэкIар зэры-Щхьэлыкъуэр ди напщIэм телъу ныбжьэгъухэм захуэдгъэщIагъуэрт Адэлбийрэ сэрэ. Ди къру пашэу щыта КIыщокъуэ Алими абы и хьэблэгъуа езы Брайри, ди жагъуэ зэрыхъущи, нобэ къытхэтыжкъым. Ауэ сигу согъэфI абыхэм сракъуажэгъуу зэрыщытамкIэ, абыхэм я лэжьыгъэр мыкIуэ-дыжыну ди лъэпкъым къызэрыхуэнамкIэ. Псыпэр зэрыжэм псыкIэри зэрыкIуэр пэжмэ, абыхэм ядэплъеин щIэблэ дяпэкIи ди жылэм къыдэкIыну согугъэ.
Елгъэр Кашиф,
тхакIуэ, усакIуэ
Гуапагъэр хьэлэлу игуэшырт
 Махуэм дунейр и кIыхьагъыу къыщытфIэщI къэхъуми, гъащIэр кIэщIыIуэщ, бетэмал!..
 Иджыпсту хуэдэу сощIэж Брай Адэлбий республикэ тхылъ тедзапIэм и редактору щыщытар, «Адыгэ псалъэ» газетым и секретариатым щыхэтар, «Нур» сабий журналым щыщылэжьар - дапщэщи гуапэт, цIыху щабэ нэмы-сыфIэт, зи нэгур зэIухат. ФэрыщIыгъэншэт. Хьэлэлт икIи гумащIэт. 
 И теплъэмрэ и хьэл-щэнымрэ екIупст и IэдакъэщIэкIхэри. Адэлбий и усыгъэхэм, рассказхэм, повестым хыболъагъуэ цIыхуфIагъым, гулъытэ жаным, псэ къабзагъэм я нэщэнэхэр, щызыхыбощIэ гъащIэм и IэфIагъым, дызытет дунейм и дахагъэм хуатха макъамэхэр.
 СфIэгъэщIэгъуэнщ мыри: Адэлбий и япэрей усэхэр зэрыщIэзджыкIрэ илъэс Iэджэ дэкIами, сщымыгъупщауэ, зэман-зэманкIэ си гум къыполъадэ абыхэм ящыщ гуэрхэр: «ЛIыгъэ зиIэр щIылъэм темылIыкI», «ИугъащIэ анэ уэ укъэзылъхуам!», «Махуэ блэкIым ехьыр ди гурыгъухэр», «ГукъэкIыжхэр дыпсэуху мылIэж», нэгъуэщIхэри. 
 Езыр къытхэмытыжми, фэеплъ телъыджэу къытхуигъэнащ и тхыгъэ хьэлэмэтхэри, ахэр, усакIуэм и етIуанэ гъащIэу, ди лъэпкъ литературэм куэдрэ-куэдрэ щыпсэунущ.

 

 

 

Тхьэмокъуэ Барэсбий 2007гъэ
Поделиться: