Литературэ

Хъуэжэ и хъарбыз шхыкIэр

Еуэри, жеIэ, Хъуэжэ зы джэд закъуэ иIэти, бэзэрым ихьри, ищащ, къыщIэкIамкIэ хъарбыз къуэлэнышхуэ къищэхущ аби, къэкIуэжащ. Ар зылъэгъуа и ныбжьэгъухэри кIэщIкIэ иужь иту къызэхуос. Хъуэжэм ахэр къригъэтIысэкIри, езыр унэкум итIысхьэжщ аби:

- Сэ нобэ зы хъарбызыжь къэсщэхуащи, ар хъарбыз зэрашхкIэ умышхыныр гуэныхьщ, - жиIащ. – ФщIэрэ фэ хъарбыз зэрашхыр?

- Ахьай тщIэрэ, щхьэ дымыщIэу! – жаIэ и ныбжьэгъухэми.

- Дауэ - тIэ?

- Дауи щхьэуи хэмылъу: бзыгъэ-бзыгъэу яупщIатэри и кур яшх, и фэр хыфIадзэж.

Хъуэжэ къащодыхьэшх:

 - Ара хэфщIыкIри?

Аслъэн

(новеллэ)

Псоми Аслъэн и гугъу ящIт а зэманым. Ар хэтми ищIэу ди къалэ цIыкIум дэсыр мащIэт, ауэ абыкIэ зызумысыжынур нэхъ мащIэжт. «Аслъэн, зиунагъуэрэ!» – жаIэрт, абыкIэ псори къаIуэтауэ ябжу. Хэти ар уафэм нэс иIэтыну хуежьэрт, и лIыгъэмрэ и къарумрэ къыхигъэщу, хэти иIуатэрт Аслъэн зэгуэр лIы иукIауэ. Ар зи инагъ зы щIалэ къуэгъужь цIыкIу гуэрым къиубэрэжьауэ зыгъэхъыбари щыIэт. Дауэ щымытми, нэхъыбэр Аслъэн и телъхьэт, ар къызыхэкIри жыIэгъуейт.

ПыжьпытIыгурэ Мэмлацэрэ

Зы ныбгъуэ закъуэ си лъапэ дыдэм къыщыхэлъэтри фийуэ зиIэтыжати, абыи схутегъэхуакъым. Бзу лIэужьыгъуэу е хьэкIэкхъуэкIэу къэбукIынышхуи щыIэтэкъым мы щIыпIэм. Сэри абы сыщыгъуазэт. ИтIани – хэт ищIэрэ жысIэри – си закъуэрыуэжьыр си плIэм илъу нышэдибэ къэзунэтIат илъэс 20 ипэкIэ фIыщэу сцIыхуу щыта мэз цIыкIумкIэ.

Гуэл Iуфэм

Хъыбар
Ди къунтххэр псым къыхэднэри, шэджагъуашхэр къыщысым, Батыррэ сэрэ гуэл Iуфэ щхъуантIэм дыщетIысэхащ. IэкIэ иракIэу тралъэщIэжа нэхъей, жьы кIапэ зыщIимыху бгыщхьэр мамырщ. Ауэ къунтххэм къеуIуу дыкъыщагъэлъэтын къытфIэщIу ди нэр абыкIэ щыIэщ. ТIэкIу дедзэкъэну дызэрытIысу, Батыр нэщхъей къэхъуащи йоплъых. Сыту пIэрэ ар хэзыгъаплъэр?
- СлIожь, тхыгъэ хьэлэмэт гуэр уеджэу ара? – ерыскъы зытетлъхьа газетым соплъ, Батыр и нэр абыкIэ щыIэщи.
- Хьэуэ. Мы хъумпIэцIэджым еплъыт, щIакхъуэ щыкъуей ехь.

КIэгъуасэ хужь

(фантастикэ)
Нэхущым нэблэгъати, мазэм и фэр текIыжырт, уафэм и кIапсэхэр къэубэлэцат. Нэхущвагъуэри IэпапIэ хужьу уэгум ист. Абдежым жьы шынагъуэ къепщэу щIидзащ, хуэм-хуэмурэ махуэщIэ къэунэхунум и нэщэнэ псори абы трилъэщIэжащ. КIыфIыгъэм къигъэзэжащ, нэхъри нэхъ Iув хъуауэ. 

Адыгэбзэ къабзэ

(гушыIэ)

ЦIыхухэм адыгэ хабзэхэр Iэдэбу ягъэзащIэм, Уэсмэн дадэ игу хэхъуэрт, ямыгъэзащIэркъэ – и жагъуэ хъурт. И жагъуэ хъууэ къэмынэжу, ириубыдылIапэрти, игъэукIытэрт: «Адыгэ укъилъхуакъэ? Адэ-анэ уагъэсакъэ?»

Зыбжанэ щIауэ Уэсмэн зы щIалэ мыцIыху нэмысыншэ гуэрым хузэгуэпырт. ЩIалэр зэ лIыжь гуэрым и ижьырабгъум щыту, зэ фызыжь гуэрыр и сэмэгурабгъум щыту, зэи нэхъыжьитIым я зэхуакум дэтрэ зыщIыпIэ кIуэуэ уэрамым щрихьэлIэрт. АпщIондэху Уэсмэн щIалэ мыцIыхум еущиерт, егиерти, здэщытын хуей лъэныкъуэмкIэ игъэувыжырт.

Iэдииху

Нарт эпосым щыщ бзылъхугъэ дахэщ. Мы цIэр псалъитIу зэхэтщ: Iэдий – Iэблэ, блэ; ху - хужь.

Iэдииху и Iэм апхуэдизу нур къыпехри, жэщым я нэхъ мазэхэм дунейр дыгъэм хуэдэу къегъэнэху.

Iэрыхуэу къащти, шэрыуэу Iуатэ

Адыгэбзэм дахагъэу, гуапагъэу, IэфIыгъэу хэлъыр къызыгурымыIуэм ар бзэ пхъашэу, бзэ мышытIэу, мышэрыуэу къыфIощI. Ауэ ар пэжкъым. Адыгэбзэр фIыуэ пщIэмэ, абы кърумыIуэтэфын гупсыси гурыщIи щыIэкъым... 

Хьисэ цIыкIу и зы махуэ

ЛъагъугъуафIэщ  Хьисэ цIыкIу, пыжьынэ-нэкIу хъурей хъужауэ. Ауэ гунэджыншэщ нэхъыбэм. Сытым тегуфIыхьын ар, и унагъуэм псалъэ дахэ щызэхимыхмэ, бэлэбанэкIэщхъуэбацэу хуэпа зэпытмэ? КъытокIие, къыхуодзэлашхэ абы Лауцэ. Хьисэ цIыкIу, пщэдджыжь къэси хуэдэу, нышэдиби жьыуэ къэтэджщ, чеишхуищым ярыта псыр и дамэр иришэхыу пэгункIэ ихьурэ жыгым щIикIэщ, Iуэри пщIантIэри игъэкъабзэри, еша-елIауэ унэм щIыхьэжащ, итIани фызым зыкъыхузэкIэщIеш:

КIыщокъуэр ягъэлъапIэ

КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, УФ-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь КIыщокъуэ Алим къызэралъхурэ илъэси 108-рэ зэрырикъур щагъэлъэпIащ тхакIуэшхуэм и фэеплъыр здэщыт Налшык къалэ администрацэм и IуэхущIапIэм деж. 

Страницы

Подписка на RSS - Литературэ