Литературэ

ЗИ КЪЭУХЬЫР ЛЪАГЭ

 КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ, литературэхутэ цIэрыIуэ, критик, щIэныгъэлI, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, щIэх-щIэхыурэ зи цIэр фIыкIэ къраIуэхэм ящыщщ Тхьэгъэзит Юрэ Мухьэмэд и къуэр. 

ЩIЭРЫКIУЭ

 

ТхакIуэ щыпкъэ

Прозэм и жанр щхьэхуэхэм къащхьэщыкIыу, рассказым лъабжьэ хуэхъу хабзэр гъащIэм и зы пычыгъуэу, Iуэхугъуэу зэманым и нэщэнэ нэхъыщхьэхэр къызэщIэзыубыдэрщ. А жанрыр нэхъ яфIэтыншу абыкIэ зи тхакIуэ гъуэгуанэр къыщIэзыдзэхэм къадэкIуэу повесть, роман хуэдэхэм хуэIэижь, лъэпкъ литературэм и жьантIэр зылъыса тхакIуэшхуэхэми литературэм а и жанр цIыкIумкIэ «щраIуэнтIэкIыж» къохъу. Ар щынэрылъагъущ адыгей литературэм, псом хуэмыдэу лъэпкъым гурыхь щыхъуа и романхэм яужькIэ, новеллэмкIэ, рассказымкIэ «езыIуэнтIэкIыжа» КIэрашэ Тембот и творчествэм.

УНЭИДЗЫХЬЭ

Къэхъуа Iуэху

Мы хъыбарыр къэзыIуэтэжар си гуащэм и анэ Вэрыкъуэ Хулэщ. Ди жылэм и къекIуэкIыкIам, абы дэсахэм ятеухуа хъыбар гъэщIэгъуэн куэд ищIэу, акъыл жан иIэу дунейм тетащ а цIыхубзыр.

МЫКЪУЭЖЬ Анатолэ, усакIуэ:

Усэр езыр къэкIуащ си деж

 

Шу закъуэ

КIэрашэ Тембот
Романым щыщ пычыгъуэ
Шэджагъуэнэужьым, махуэр бгъащхъуэуэгъуэм щынэсым, джэгур зэпагъэуащ. ЦIыхуу абы щызэхэтар къызэрыIэтри, лъэсыр лъэсу, шур шууэ, къуажэбгъум зэрыдэхащ. Пщащэхэри хэт шыплIэкIэ дахащ, хэти гукIэ дашащ. ЛIыгъэкIэ зэпеуэу джэгукIэ зэмылIэужьыгъуэхэр зэхаублащ.
Нэщанэ еуэнырщ япэ ирагъэщар. Нэщанэ еуапIэхэр ягъэхьэзыракIэт. ШабзэкIэ, къэлаткIэ, фочкIэ зэпеуэхэм я увыпIэр щхьэхуэт.

Шэрджэс усакIуэхэр

Къэрэшей-Шэрджэсым щыпсэу адыгэхэм я поэзием 90 гъэхэм («зэман зэблэкIыгъуэм») хэщIыныгъэ игъуэтащ. Ныбжьышхуэ къамыгъэщIауэ дунейм ехыжащ Iэзагъ ин зиIа усакIуэхэу Нэхущ Мухьэмэд (I944–I994), Бемырзэ Мухьэдин (I948–2007), Пхъэш МуIэед (I949–2000) сымэ.

Зыужьыныгъэр здынэсар

Литературэр жанр и лъэныкъуэкIэ къапщтэмэ, мы лъэхъэнэм усэми, прозэми, драматургиеми зэщхьэщыкIыныгъэшхуэ ямыIэу заужьу жыпIэ хъунущ. Иджыпсту тхакIуэхэм я бжыгъэм хэщIами, литературэм щIалэгъуалэу къыхыхьэм я бжыгъэм кIэрыхуами, къэбэрдей-шэрджэс литературэр и пIэ иткъым, абы арэзы укъэзыщI тхыгъэхэр къыхохъуэ.

НэгъуэщIыбзэм къыхэкIа псалъэхэр

Адыгэбзэм псалъэ куэд хэтщ нэгъуэщIыбзэхэм къыхэкIауэ. Псалъэ нэхъыбэ дыдэ къыхэкIащ урысыбзэм, хьэрыпыбзэм. Ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэмрэ а лъэпкъхэмрэ я зэпыщIэныгъэм къишащ абыхэм я псалъэ куэд адыгэбзэм къызэрищтар.

НэгъуэщIыбзэм къыхэкIыу (псом хуэмыдэу урысыбзэм) ди бзэм псалъэ къыщыхыхьэкIэ, бзэм имыIэ макъхэр иIэхэмкIэ зэрехъуэкI е зэрыщыт дыдэм хуэдэу къещтэ.

Литературэмрэ гъащIэмрэ

«Литературэр гъащIэм и гъуджэщ», жаIэ. Мыбы пэж хэлъщ, ауэ и кIэм нэс арэзы утехъуэн хуейуэ щыткъым. Гъуджэм къищым хуэдэу гъащIэр къезытхэкIхэм къагъэсэбэпа Iэмалым «натурализмэкIэ» йоджэ. ГъащIэм и пэжымрэ литературэмрэ зэгъунэгъу хъун хуейуэ къыщIэкIынщ, ауэ ахэр псомкIи зэтехуэ хабзэкъым. Литературэм образкIэ къегъэлъагъуэ гъащIэм къыщыхъункIэ уи фIэщ зыщI псэукIэр, цIыху зэхущытыкIэр.

Страницы

Подписка на RSS - Литературэ