Адыгэбзэ къабзэ

(гушыIэ)

ЦIыхухэм адыгэ хабзэхэр Iэдэбу ягъэзащIэм, Уэсмэн дадэ игу хэхъуэрт, ямыгъэзащIэркъэ – и жагъуэ хъурт. И жагъуэ хъууэ къэмынэжу, ириубыдылIапэрти, игъэукIытэрт: «Адыгэ укъилъхуакъэ? Адэ-анэ уагъэсакъэ?»

Зыбжанэ щIауэ Уэсмэн зы щIалэ мыцIыху нэмысыншэ гуэрым хузэгуэпырт. ЩIалэр зэ лIыжь гуэрым и ижьырабгъум щыту, зэ фызыжь гуэрыр и сэмэгурабгъум щыту, зэи нэхъыжьитIым я зэхуакум дэтрэ зыщIыпIэ кIуэуэ уэрамым щрихьэлIэрт. АпщIондэху Уэсмэн щIалэ мыцIыхум еущиерт, егиерти, здэщытын хуей лъэныкъуэмкIэ игъэувыжырт.

АрщхьэкIэ, абы адыгэ хабзэ дахэр хузыхэлъхьэртэкъым. Хузыхэлъхьэпэнуми, къыфIэIуэхутэкъым. Апхуэдэу екIуэкIыурэ, Уэсмэн дадэ а щIалэ мыцIыхумрэ зы лIыжьрэ зэгъусэу уэрамым кърикIуэу ярихьэлIащ. ЩарихьэлIам, аргуэрыжьти, щIалэр лIыжьым и ижьырабгъум щытт. ИтIанэ Уэсмэн дадэ зэгуэпауэ абы еупщIащ:

 – Уэ хэт урищIалэ, тIо?

– Дырагун Уахъ!

– А-а!.. Уахъ урикъуэмэ, хъунущ, тIо! – пищащ лIыжьым и псалъэм. – Дэнэ лъэныкъуэкIэ ущытми хъунущ, тIо! Тхьэ дыгъэIэ, зэрымыщIэкIэ, уэри бэлыхь ухэзгъэтамэ, сэри хьэзаб зытезгъэлъамэ!.. ДяпэкIэ гугъу дызэрегъэхьыжынкъым!

Дырагун Уахъ зэрыхабзэншэжьыр, зэрынэмысыншэжьыр Уэсмэн дадэ ищIэжыртэкъэ?..

Хэслъхьа щIагъуэ щымыIэу зэхэсха хъуэхъу

– Ладнэ, ладнэ, хъэрэшо, зы псалъэ вжесIэнщ. Пэжалыстэ, тхьэмадэ, сэ пагэу си жизым зы минут сыщытакъым. Тем болэ, адыгэ сема уису, адыгэ блудэ пшхыуэ анэдэлъхубзэкIэ зы тостыжьыфI къыщыпхуэмыIэтынум деж, я извинаюсь, уи лъэпкъми уи родми ухуэмыфэщэжу аращ. Аракъэ? Точнэ! Ауэ щыхъукIи, как ни гъэщIэгъуэн, дэ постояннэу гъащIэм дыщрохьэлIэ бэлътун куэд, я разговорым тхьэкIумэр ягъэвууэ, нервыр къызэщIагъэхъаеу.

Къащтэ, напримеру, мо Зулчиф. Ди Мухьэдин зыщылажьэ и начальникыращ жыхуэсIэр, унэжын. Абы и зы дэтхэнэ словари урысыбзэщ. Даже зэзэмызэ иностраннэ словэ щыхигъэхьэ щыIэщ. Ну, допустим, уэ уначальникщ, ладнэ.

Ауэ абы щхьэкIэ, извинаюсь, уэ зыми правэ къуитакъым Алыхьым къыпхуигъэфэща уи языкым уефыщIэуэжыну. Значит, ущыпсалъэкIэ уи разговорым чуткэу ухущытын хуейщ. Дай боху, а проблемэр мыбдеж щыс кIэмпIаным къемыуэлIэну.

Слуши, что гугъуу хэлъыр уи бзэкIэ упсэлъэжыну?.. Хьэжмысост, иджыри зы словэ жыпIэмэ, клянусь, мы къезгъэжьауэ жысIэ тостыр запростэу щызмыгъэтыжмэ. Нэхъыжьхэм увэженэ хуиIэн хуейщ.

АтIэ, докIуэ далъши. Къэтщтэнщ ди литературэр. Ар гладкэ фи гугъэ а анэдэлъхубзэм и IуэхумкIэ? Щыгугъ это! Тысяч бжыгъэкIэ пример къыфхуэсхьынщ ухуеймэ. Например, сыт ди тхакIуэм «сэмэлот» словэр къыщIагъэсэбэпыр? ДиIэкъэ дэ абы и перевод? Пэжалыстэ, «кхъухьлъатэ» жыIэ. Или, «стэчан» жыпIэу щхьэ птхын хуей?.. Дауэ жыпIа «стэчаныр» зэрыптхынур?.. М-м-м... НэгъуэщI мыхъуми, простэ, «кумбыгъэ» жыIэ.

А зиунагъуэрэ, лIыжь-фызыжьхэми «здрастирэ» «дэсуданэрэ» фIэкIа жаIэжыркъым. «А почему?» – жыхуэпIэр сыт, Хьэжмысост? Уэ, как-никак, Цушкэ и школыр къэбухыну пэпиткэ пщIауэ щытащ. Ар апхуэдэу щIэхъур а уи щхьэ тупоим нэсрэ?

Нет. ИнглызыбзэкIэ жыпIэмэ «но», нэмыцэбзэкIэ – «никс фэрштейн», хьэрыпыбзэкIэ – «мафий», урысыбзэкIэ – «нету». Нэскъым, нету, значит, вот где хьэр щызэритэ, урысми жиIащи. Вот где глубокоууэ широкуу а причинэм щылъыхъуэн хуей! Къэдгъуэтмэ – пусть, къэдмыгъуэтми – пускай.

Щи-щэ, си разговорым корочэ зезгъэщIынщ, ауэ, ни дай боху, тхьэм дыщихъумэ, апхуэдэ сорняк ди языкым къыхыхьэным. Слуши, Хьэжмысост, зы словэ жысIэжмэ, закруглят сщIынущ си тостыр, хъунумэ, зы минут къытпэплъэжыф. Терпенэ уиIэжкъыми, слуши. Каждэм дежкIи яснэщ... АдэкIэ зы словэ жысIэмэ, я ни я, уэлэхьи!

Mо Хьэжмысостыжьым кэнчат ирещI а си тостыр. Си гъащIэм зэ анэдэлъхубзэ къабзэкIэ тост произносит сщIынщ жысIэри желанэ сщIати, совести, увэжени, терпени иIэжкъым, слуши, мобы. Буд здоров, Хьэжмысост. Все. Давай-тIэ...

 

Поделиться:

Читать также: