Уи гуапэ хъуамэ укъэмыкIуэ, уи жагъуэ хъуамэ къакIуэ

ЩIагъыбзэ
ХьэмтIэлиф и пхъурылъху ШэIимэт унагъуэ зэрихьэрэ зы тхьэмахуэ хуэдэ дэкIауэ и ныбжьэгъу Хьэждаут телефонкIэ псэлъащ.
- Уи махуэ фIыуэ, ХьэмтIэлиф! Сыт фыхуэдэ?
- Ууейри нэхъыфIыжу, Хьэждаут! ДыIейкъым.
- Уи пхъурылъху цIыкIур ебгъэша хуэдэщ. СынакIуэу сынохъуэхъуну арат.
- Абы щхьэкIэ гугъу зумыгъэхь. Уи гуапэ хъуамэ укъэмыкIуэ, уи жагъуэ хъуамэ къакIуэ.
Ар жиIэри, ХьэмтIэлиф телефоныр трилъхьэжащ. Къэхъуари къэщIари зымыщIэ Хьэждаут ар и гум ежэлIащ, зыхуихьынур имыщIэу. АпхуэдизкIэ и жагъуэ хъуати, и ныбжьэгъу Хьэжбэчыр деж мыкIуэу хузэфIэкIакъым.
- ПщIэрэ, Хьэжбэчыр, къэхъуар? ХьэмтIэлиф и пхъурылъху дэкIуам щхьэкIэ сынохъуэхъуну сынэкIуэнущ щыжесIэм, укъэмыкIуэ абы щхьэкIэ къызжиIащ. Абы уэ дауэ уеплърэ?
- Iэу, апхуэдэ дыдэу къыбжиIа? Сыт фи зэхуаку къыдэхъуар? ФызэфIэнауэ фызэбий?
- Уэлэхьи, икIи дызэфIэмына икIи дызэмыбий.
- АтIэ сыт иджы къэхъуар? ЖиIар къыбгурымыIуауэ арагъэнщ.
- Уэлэхьи, къызгурыIуамэ. Уи гуапэ хъуамэ укъэмыкIуэ, уи жагъуэ хъуамэ къакIуэ къызжиIащ.
- Iэу, апхуэдэ дыдэу жиIа?
- Уэлэхьи жиIамэ.
- АтIэ, Хьэждаут, ар щIагъыбзэщ. Абы къикIыр сэ сщIэркъым. Еуи ефэндым зыхуэгъазэ. Абы чэнджэщ нэхъ къуитынщ.
Хьэжбэчыр зэрыжиIам хуэдэу ефэндым зыхуигъазэри, щIэкIуа Iуэхур гуригъэIуащ. Ефэндыр куэдрэ мыгупсысэу жиIащ ар зэрыщIагъыбзэр, абы зыгуэр къызэрикIыр.
- Уэлэхьи, абы къикIыр сэ сымыщIэ, ар езым фIэкIа зыми къыбжимыIэфыну. Ей, бетэмал, Къэзанокъуэр псэужамэ, мис абы къыджиIэнт. Псом нэхърэ нэхъыфIщ уэ езым зыхуэгъази. Абы Iуэхур зытетыр къыбжиIэнщ.
- Уэлэхьи апхуэдэу сщIынмэ, зы бжьэ цIыкIуи сIыгъыу сымыкIуэм.
- Хьэуэ, бжьэ лъэпкъ къыхыумыгъэщ, абы «уи жагъуэ хъуамэ» жыхуиIам зыгуэр къокI.
Ефэндым зэрыжиIам хуэдэу, зыри имыIыгъыу, и IитIыр щIиупскIэу ХьэмтIэлифхэ я деж зригъэхьэкIащ. ЗдэкIуа бысымым ар гуапащэу ирагъэблэгъакъым, я гум зыгуэр зэрыщыщIэр, зэрыгузавэр хэпщIыкIыу нэщхъейхэт. КъызэрыщIэкIымкIэ, хъыджэбзымрэ щIалэмрэ зэгурымыIуауэ, я акъыл зэтемыхуауэ къикIыжауэ унэм щIэсу арат. Аращ къызыхэкIар ХьэмтIэлиф апхуэдэу щIыжиIар: «Уи гуапэ хъуамэ, абы щхьэкIэ укъэмыкIуэ, уи жагъуэ хъуамэ къакIуэ».

ПЩЫБИЙ СулътIан.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:41 Япон усэ зыбжанэ
18.04.2024 - 10:01 Тхылъ тыкуэным
15.04.2024 - 14:41 Адэм деж письмо
12.04.2024 - 17:57 Сыфхуоупсэ