Шэрджэс Владимир

Адэжь Хэку

Хэкур – ар уэшхышхуэм и ужькIэ къепсыж дыгъэ хуабэщ,

Жьыуэ тэджауэ, гъавэм елэжь мэкъумэшыщIэрщ,

ЖэщкIэрэ уафэ кIыфIым къыщыблэ вагъуэщ,

Бийм пэува зауэлIым хьэлу Iыхьэ езыт анэщ.

Псынэ къабзэщ ар, зэрылъэлъу дыхьэшх псыкъелъэщ,

Губгъуэм ит жыгей инщ ар, зэщIэгъагъэ жыг хадэщ,

Къуалэбзухэм я уэрэдыр зыщхьэщыт ныджэ инщ.

Щащыху хужьыр и ныджэм телъщ щIымахуэм темыкIыу,

Удз уфафэм гъэмахуэм яуфэбгъу губгъуэ инщ ар,

КъыщIафыкI щIым а удзхэм гъащIэ зыт и хъугъэпсхэр;

Хэкур – ар дэ ди унэрщ, ди жыг хадэрщ.

Ди гум ди адэжь хэкур сытым дежи щопсэу!

 

ГъущIо Зариф

Убыхыбзэ

СыткIэ уеджэ хъуну си гум жьы къыщепщэм?

СIыгъщ сурэт згъэлъапIэр, мэкIэзызыр си Iэр.

Дэ ди гъащIэ гугъум пэжыра щытепщэр?

ПцIым дыщIапIыкIамэ?.. Пэжыр дэнэ щыIэ?..

Псэууэ ди Iубыххэр жаIэ, я сурэтыр

Сагъэлъагъур, ауэ зыщ зыщIэжыр я бзэр.

КъэувыIэнщ сыхьэтыр, ар дунейм ехыжым,

Дуней псом щыIунущ ди адыгэ гъыбзэр.

Гыбзэр абы хэту, шэч хэмылъ, къэIунущ.

Хэт тхуэгъэкъуэншэну дэ иджы абыкIэ,

ЩIым щыпсэухэм я бжэм жьапщэр теуIуэнущ.

Дэ тхъуэжын зыгуэр ди закъуэу щытлъэмыкIкIэ.

МэкIуэдыж зы къуэпсыр, малIэ бзэ дахащэр,

ЗокIуэ, ехьми гугъу, а зы убых закъуэр.

Дэнэ щыIэ щIэблэр? Тыркухэм я бзэщ къэIур…

Хуэчкъым зыми бзэм и деж лъэбакъуэ.

Къищтэжатэм лъэпкъым зи псэ хэкI бзэ лъапIэр,

Ар хъужынут къабзэ, уэсым хуэдэу хужьу.

Ауэ сфIощIыр блэкIхэм зы убых яхэту,

Дэ ди мынэIуасэу, езыми димыцIыхуу…

 

Тхьэгъэзит Зубер

Ди Хэку дыщэ

Пшэ къытехьэм – бынхэм урадыгъэщ.

Дыгъэр гуащIэм – жьауэ захубощI,

Уи быдзышэр къабзэщ, лъагъуныгъэу

Анэм фIэкI узэщхь щымыIэу сфIощI.

Уэ уи бынхэр лIыгъэм хуогъэIущыр,

Лъагъуныгъэр уощIыр я Iэпэгъу,

Аращ, дауи, дгъафIэу ди Хэку дыщэ,

УщIэхъуар уэ анэм и цIэджэгъу.

ПцIыр уи бийщ уэ, пэжым урителъхьэщ,

ГъащIэр дахэм – нэгъуэщI ухуэмей.

Аращ, дауи, анэм епцIыжауэ,

КъыщIалъытэр уэ къозыхыр лей.

Шынэ пщIэркъым уи щIым бий къихьамэ,

Бийхэм я псэр уи къарум егъэн

Уи сурэтыр анэм и сурэтым

Ещхьу бынхэм щIащIыр арагъэнщ.

 

 

ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэ

Хабзэ

Хабзэращ цIыхум хьэл-щэн дахэ хэзылъхьар,

Уэ зыращ цIыхум лъэпкъ и напэ зыфIищар.

Хабзэращ лъэпкъым и жьэгу пащхьэр зыгъэблар,

НэхъыжьыфIхэм я Iущагъ мыкIуэщIыр зыхъумар.

Хабзэращ дадэр, гъуазэ дахэу, зрикIуар,

А зыращ щIалэм дамэ лъэщу къыхихар,

Хабзэращ пщащэр ди утыкум къизышар,

Уэрщ, уэращ лъэпкъым уэрэд гуапэ щIыхишар.

Хабзэращ пасэм и фэеплъу къигъэнар

Хабзэращ нобэ нэмыс диIэр къэзыхьар,

Уэ зыращ, Хабзэ, ди къэкIуэнур зыпытщIар,

Уэрщ, уэращ лъэпкъым и нэмысыр зыIэтар.

 

 

Мамхэгъ Рае

Адыгагъэ

ЦIыхур цIыхум зэхищIыкIым

ЩыгуфIыкIыу игъэгушхуэм,

Игъэпэжым, игъэлъапIэм –

Псоми дощIэр – ар цIыхугъэщ,

Нэгъэсауэ адыгагъэщ.

Адыгагъэр – ар дахагъэщ,

Адыгагъэр – ар къабзагъэщ.

Адыгагъэр – ар пэжыгъэщ,

Губзыгъагъэщ, щэныфIагъэщ.

Адыгагъэр ди адыгэм

Къыдалъхуауэ къыдокIуэкIыр.

Адыгэпсэм ар и фащэщ,

Адыгэбзэм ар и щэнщ.

НэхъыжьыфIхэу дади, нани,

Гуащи, щауи, пщащэ цIыкIуи –

Псори, псори зыгъэдахэр,

ЗыгъэбжьыфIэр адыгагъэрщ.

Я гуфIэгъуэхэр къэзыIэтыр,

Я гугъехьыр зыгъэпсынщIэр,

Ныбжьэгъугъэр къуэшыныгъэм

ТекIуэжауэ зыгъэбыдэр

Я цIыху щIыкIэу – адыгагъэрщ.

Адыгагъэр бэшэчыгъэщ,

Iэдэбагъщ, Iэсагъэщ, лIыгъэщ.

Адыгагъэр – ар къарущ.

Адыгагъэр – ар фIэлIыкIщ.

Адыгагъэр адыгэм и фэщ,

Адыгагъэр адыгэм ипкъщ,

Псэри бзэри адыгагъэщ зейр,

Адыгагъэр адэм и псэщ…

Псэр хэкIыжмэ, къэнэжыр сыт.

 

Махуэшхуэ хъуэхъу

 

ПщIэ зыхуэтщIыр нэхъыжьу,

Ди нэхъыжьхэр губзыгъэу,

ТлъэкIыр длэжьу, дытхъэжу,

ГущIэгъуншэ тхэмыту,

дызэкъуэту, фIым дыхущIэкъуу,

ПщIэ зэхудиIэу, фIым и гъуэгум дытету,

дызыхуей гъуэгухэр хэтшыфу,

дызыхуейм ди Iэр лъэIэсу,

Адыгэ нэмысым дыдэбжьыфIэу,

Ди балигъхэр акъылыфIэу,

ЛIыфIщ хужаIэу,

Ди сабийхэр насыпыфIэу,

Ди хъыджэбзхэр щIыкIафIэу,

Ди щIалэфIхэр лIы хахуэу,

 «Iуэху щIэн» жаIэм, къэжанхэу,

Ди адэжьхэр жьантIэм къыдэсу,

Ди анэжьхэр пIэку хуабэм къису,

Сабийхэр таурыхъ щIэдэIуу,

Нэхъыжь жиIэр ди гъуэгу гъуэмылэу,

ХъуэхъуфIхэр ди гъащIэ Iусу,

ДызэIусэм псэ къыхэдгъакIэу,

Ди кIэныр сыт щыгъуи къикIыу,

Дыгъэр ди щхьэгум иту,

Дыпсэуну дохъуахъуэ.

ЩIалэгъуалэр лэжьыгъэ IэнатIэм пэрыту,

Хабзэр, бзэр, нэмысыр яхъумэну,

Ди щэн хабзи IэщIыб ямыщIыну,

Жьыщхьэ махуэу нэхъыжьхэр псэуну,

Зы сабии зеиншэ мыхъуну,

Дипсхэри ди псэхэри къабзэну,

Ер зигу илъым илъри жэбзэну,

Нэпс къекIуэнур нэм гуфIэгъуэ нэпсу,

Зэмыбийуэ цIыхухэр, зэнэзэпсэу,

Зэдэпсэухэм яку пэжыгъэ дэлъу,

Щыпсэуну псори мы ди щIылъэм

Зылъысын дищIыну Тхьэм и хъуэхъур

Мис абыкIэ псоми дывохъуэхъур.

 

 

Поделиться:

Читать также: