Литературэ

ЛъэпкъкIи динкIи шэрджэсу къанэмэ

ЕтIощIанэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм адыгэ щIэныгъэр зэфIэувэным жыджэру хэлэжьыхьахэм ящыщ зыщ Сыихъу Сэфарбий (I887-I966 гъгъ.). Абы и гъащIэмрэ лэжьыгъэмрэ къызэрекIуэкIар зэхуихьэсыжащ щIэныгъэрылажьэ ХьэкIуащэ Мадинэ. 

Тхьэрыкъуэ IэрыпI

Iуэтэж

Лъэпкъым и гъуджэ роман

Адыгэхэм ди блэкIам, ди лъэпкъ тхыдэр къызыхэщыж тхыгъэ нэхъыфIхэм ящыщ зыщ Мэлбахъуэ Елбэрд и къалэмыпэм къыщIэкIа «Iуащхьэмахуэ кIуэ гъуэгур шынагъуэт» романыр. Ар «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм I980 гъэм урысыбзэкIэ къыщыдэкIауэ щытащ икIи тхылъеджэхэр гуапэ дыдэу абы IущIащ.
«Iуащхьэмахуэ кIуэ гъуэгур шынагъуэт» романым къызэщIеубыдэ ди лъэпкъэгъухэм епщыкIуханэ-епщыкIубланэ лIэщIыгъуэхэм (I5I8 гъэм щегъэжьауэ) я псэукIар икIи тхакIуэм абыкIэ тегъэщIапIэ ещI адыгэ IуэрыIуатэм хэт хъыбарыжьхэр, уэрэдыжьхэр, дэфтэр зэмылIэужьыгъуэхэр.

Шэ къэуэжым и етIуанэ хъыбарыр (Ещанэ Iыхьэ)

Соуэри, пщыхьэщхьэхуэкIуэу Сталинград сынос. Сызэрынэсарауэ, къоджэ жаIэри Жукуфым деж сашэ. ФIэхъус-сэламыр зэфIокIри, Iэпэ еший:

 – Мо Iуащхьэ цIыкIур плъагъурэ? – жи.

 – Солъагъу.

 – НтIэ, плъагъумэ, нэху мыщ щIыкIэ, мы псым исыкIи, а Iуащхьэм тетIысхьэ, – жи. – Нэхущым деж сэ Iэ нэсщIынщ; Iэ нызэрысщIу, уи шыплIэ пылимотыр къызэIудзи, плъэкI къыумыгъанэу ятегъэлъалъэ нэмыцэм: куэдщ ахэр ди хэку зэрыщыхьэщIар, унэ яIэм ирекIуэж!

КъызгурыIуащ сэ абы и мурадыр.

Сыт сонетыр зищIысыр?

«Сонет» псалъэм итальяныбзэкIэ «уэрэд цIыкIу» жиIэу аращ. Мы жанрыр ХII лIэщIыгъуэм къыщыщIэдзауэ къыщагъэсэбэп литературэм, и къежьапIэр Италиерауэ къалъытэ. Япэу абы зезыпщытар усакIуэ Джакомо де Лентинощ, ауэ литературэм зыщезыгъэубгъуар  Петраркэ Франческэщ (сонет 317-рэ къыщIэнащ). Сонет ятхыу щытащ Микеланджелэ, Брунэ Джорданэ,  Тассэ Таркватэ. ИужькIэ ар ялъоIэс Испанием, Португалием (ХVI), Франджым, Германием, Инджылызым (ХVII), Урысейм (ХVIII, Тредиаковский Василий, Сумароков Александр, н.).

ЦIыхубэ усакIуэ

Адыгэ уэрэдус, джэгуакIуэ, усакIуэ, тхакIуэ ХьэхъупащIэ Амырхъан Iэсхьэд и къуэр къызэралъхурэ щэкIуэгъуэм и 8-м илъэси 140-рэ ирокъу. Абы хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ ди лъэпкъ IуэрыIуатэм и фIыпIэ уэрэдыжьхэр, хъыбарыжьхэр цIыхубэм я деж екIуу нэхьэса зэрыхъуам.

Шэмпаул

(ЕтIуанэ Iыхьэ)
Арати, мазэр докIри, фронтым согъэзэж.

Танк къуэлэныжьым и кIуэдыжыкIар

(Япэ Iыхьэ)

Ар уэ уи фIэщ мыхъункIи хъунщ, щIалэ, ауэ, и пэжыпIэм ухуеймэ, Iуэхур мыращ зэрыщытар.
Йоуэри, гъатхэкIэ дахэрэ жыгхэр вууэ гъэгъауэ, гупэ хадэм сыпэщащэу ситт. Гитлъыр къыттеуэну дзэ зэхуешэс щыжаIэм, си шыплIэ пылимотыжьыр къызэфIэздзэжри, зызгъэхьэзырауэ сыдэст сыдэмыкIыу. Сыдэсти, зы шу цIыкIу къыIуолъадэ:
 - Ярэби, Лыкъынэ и унэр дэнэ дей? - жеIэри.
 - Лыкъынэ и унэм ухуеймэ, мес! - жызоIэри ди унэм Iэпэ хузоший. - Езы Лыкъынэ ухуеймэ, сымис! - жызоIэри Iэпэ зыхузошииж.

ТхакIуэ, зэдзэкIакIуэ, журналист Къамбий Джэфар къызэралъхурэ илъэс 80 ирокъу

Къамбий Джэфар 1942 гъэм жэпуэгъуэм и 27-м Къармэхьэблэ адыгэ къуажэжьым къыщалъхуащ. Курыт школыр къиухри, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и тхыдэ-филологие факультетым урысыбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэм щIэтIысхьащ. Дзэм ираджэу къигъэзэжа иужь еджэным пищащ.

Къанкъулым и «Наршур»-м теухуауэ

«Къуажэр адрей къуажэхэм къазэрыщхьэщыкI щыIэкъым. Ари псы Iуфэм Iусщ, унагъуэ жьэгухэм къадих Iугъуэ мащIэр къыщхьэщыту, и уэрамхэр, япэхэми хуэдэу, зэрынашэкъашэщ, ауэ абыхэм иджыри шыдыгу зэщIэщIахэм куэд дыдэрэ уащрохьэлIэ. Наршухэм иджы зэрагъэпэща машинэхэр абыхэм япэлъэщакъым, «ГъащIэщIэм и бийуэ» зы зэман щыта шыдыр псэ быдэу къыщIэкIащ».

Страницы

Подписка на RSS - Литературэ